-
121 дэгъэпсынщIэн
(дегъэпсынщIэ) перех. гл. облегчить кому-л. что-л., помочь кому-л7 в чём-л./ Зыгуэрым Iуэху гуэр псынщIэ щыщIын, дэIэпыкъун.* ЩIалэгъуалэ звенор зым хузэфIэмыкIыр адрейм дигъэпсынщIэу, зэупщIыжу, зэдэIуэжу зэдолажьэ. Iуащхь. -
122 дэпэщэщыхьын
(допэщэщыхь) неперех. гл. 1. копаться, рыться, шарить в чём-л. (в чемодане, за пазухой и т. п.)/ Зыгуэрым дэпщIэпщIыхьын, дэIэбэу щыпэщэщэн.* Тыркур и гуфIакIэм дэпэщэщыхьырт. Ш. А.2. копаться, возиться, копошиться где-л./ ЗыщIыпIэ Iуэху цIыкIуфэкIу гуэрхэр щылэжьын.ПщIантIэм адэр допэщэщыхь. -
123 дэщIэн
I (дещIэ) перех. гл. делать что-л. вместе с кем-л./ Зыгуэрым и гъусэу лэжьыгъэ, Iуэхугъуэ гуэр щIэн.Хъыджэбзым и анэм Iуэху дещIэ.II(дещIэ) перех. гл. 1. знать вместе с кем-л. что-л./ Зыгуэрым и гъусэу зыгуэрым щыгъуазэу щытын.2. знать о ком-л. что-л./ Зыгуэрым щхьэкIэ зыгуэрым щыгъуэзэн.ЩIалэм и гъусэм куэд дищIэрт.III (дощIэ) неперех. гл. накрениться куда-л. (напр. в яму, канаву)/ Зэхуаку гуэрым зыгуэр щебэн.ЩIалэр кIэнауэм дэщIэри и лъакъуэр игъэузащ.IV (дещIэ) перех. гл. посадить что-л. где-л., между чем-л. ( об огородных культурах)/ Зэхуаку, къэщIыхьа хуэдэхэм зыгуэр щыхэсэн, дэсэн.Жыг зэхуакухэм къэбыстэ дэщIэн. КъуакIэм нартыху дэщIэн. -
124 дэIэпыкъун
(доIэпыкъу) неперех. гл. помочь, оказать помощь кому-л./ Зыгуэрым зэщIэгъэкъуэн, дэIэпыкъуэгъу, сэбэп хуэхъун, Iуэху гуэр дэщIэн.ЗылъэмыкIым дэIэпыкъун хуейщ.* Хьэчим и щхьэгъусэ Iэминати Iэнэ къищтэну зегъэхьэзыр, ипхъу Мэряни абы доIэпыкъу. Щ. А. -
125 деж
послелог. 1. у, около, вблизи, возле кого-чего-л./ Зыгуэрым и гъунэгъуу (и Iэгъуэблагъэу) Iуэхур къыщыхъуныгъэ къегъэлъагъуэ.БжэIупэм деж удз гъэгъа къыщокI. Тыкуэным деж цIыху гуп щызэхэтщ.2. у кого-л. (быть, жить и т. п.)/ ЗыщIыпIэ (щыIэн, щыпсэун, н. къ.).Ди благъэхэм я деж сыщыIащ.3. к кому-л. (идти, ехать и т. п.)/ Iуэхугъуэр зыгуэрым зэрекIуэлIэр, зэрыбгъэдыхьэр къегъэлъагъуэ.* Жэщыр зэхуэдитI щыхъум, МытIыр къэкIуат и ныбжьэгъужьым деж. Къ. Хь.4. от кого-л. (уйти, уехать и т. п.)/ Iуэху гуэр зыгуэрым къызэрыбгъэдэкIыр къегъэлъагъуэ.Си шыпхъум деж сыкъокIуэж. -
126 дунеягъэкIэ
нареч. на этом свете, при жизни/ Дунейм тетыхукIэ, псэухукIэ.ДунеягъэкIэ зыщIэхъуэпс Iуэху. ДунеягъэкIэ уэ сыпхуэаразыщ. -
127 дыгъуасэрей
вчерашний/ БлэкIа махуэм епха, къэхъуа Iуэху. -
128 дыхьэшхын
(мэдыхьэшх) неперех. гл. смеяться/ Зыгуэр хьэлэмэт, гъэщIэгъуэн, ауан къызэрыщыхъуам къыхэкIкIэ зэкIэлъыпыту макъ зэпыу-зэпыщэхэр жьэм къыжьэдэкIын.* Хуэмыхур дыхьэшхмэ, Iуэху ищIэу къелъытэ. П. Б. -А зиунагъуэрэ, щIалэ, а Лъакъуэхур сыту къыпхурикъка, -мэдыхьэшх ХьэкIашэ. Къ. З.
Страницы