-
101 гугъусыгъу
1. см. гугъу I. Iуэху гугъусыгъу.* Мы махуэ зыщыплIым, лъэс гъуэгуанэ гугъусыгъум щытетам.. гъуэрыгъуэурэ офицерхэм жэщ щагъэкIуэн бысым къагъуэтырт. Iуащхь.2. неудобный/ Мытынш.Вакъэ гугъусыгъу.3. неуживчивый/ ЦIыху зэгъыгъхуей, цIыху мытынш, лъэнтIэн.* ЛIы гугъусыгъу фыз гъэгъущ. (погов.) -
102 гущыкIыгъуэ
отвратительный, омерзительный/ Гур зыбгъэдэмыхьэу, гум къимыщтэ.ЦIыху гущыкIыгъуэ. Iуэху гущыкIыгъуэ. -
103 гущIэгъу
сострадание, жалость; милосердие/ Зыгуэр пфIэгуэныхь зэрыхъум къыуит гурыщIэ; апхуэдэ гурыщIэм уигъэлэжь Iуэху.* Фызыжь кхъахэм гущIэгъу хуэщIи, си пхъу закъуэр къысхуэгъанэ. Щ. А.ГущIэгъу имыIэн быть безжалостным.ГущIэгъу иIэн быть отзывчивым.* ГущIэгъушхуэ уиIэщ, тхьэм уиузэщI. КI. А.ГущIэгъу хуэфэщэн быть достойным жалости, сострадания.ГущIэгъу хуэщIын испытывать чувство жалости, сострадания к кому-л.* {Къазджэрий:} Iэщым гущIэгъу хуэзымыщIым, уэлэхьи, Инал, цIыхуми хуимыщIыну. КI. А. -
104 гъэбэтэн
1. каузатив к бэтэн/ Бэтэн псалъэм и каузатив.2. переносное обогатить кого-л./ Зыгуэр бей щIын.Псалъэр гъэбэтэн см. псалъэ.Щхьэр гъэбэтэн см. щхьэ.ЩIыр гъэбэтэн см. щIы.Iуэхур гъэбэтэн см. Iуэху. -
105 гъэзэкIуэн
(егъэзакIуэ) перех. гл. разрешить какое-л. дело/ Зы Iуэху гуэр зэфIэгъэкIын.* Сыт хуэдэ лэжьыгъэ ар {Дэбэч} бгъэдыхьэми, игъэзакIуэрт хуэжану. Ш. А. -
106 гъэкIэщIын
(егъэкIэщI) перех. гл. 1. укоротить что-л. (юбку, платье и т. п.)/ Зыгуэрым и кIыхьагъым хэгъэщIын.Бостейр гъэкIэщIын. Башыр гъэкIэщIын.2. переносное сократить срок (чтобы ускорить какое-л. дело)/ ПIалъэ гуэр нэхъ кIэщI щIын, нэхъ зэщIэкъуауэ Iуэху гуэр зэфIэгъэкIын.* Унэишэ ящIынут. Думэсарэ и гугъэт тIу ищIыну: унэишэшхуэрэ унэишэ цIыкIурэ, арщхьэкIэ Елдар идакъым, гъэкIэщIын хуейщ хьэгъуэлIыгъуэр жиIэри. КI. А.3. сократить что-л. (напр. рассказ)/ ГъэмэщIэн, кIэщI щIын (п. п. тхыгъэр).Псалъэухар гъэкIэщIын.Псалъэр гъэкIэщIын см. псалъэ. -
107 гъэкIуэщIын
/ КIуэщIын псалъэм и каузатив.* Фызыжь цIыкIум тIэкIу-тIэкIуу иужьгъыурэ ху гуэныр игъэкIуэщIащ. фольк. Аргуэрыжьти, сымыувыIэ, согъэкIуэщIыр Iуэху щIэн диIэр. Щ. I.2. переносное просторечие уплетать, лопать/ Хуэнэхъуеиншэу куэд шхын.* Иныжьым мэл гъэвар напIэзыпIэм игъэкIуэщIащ. фольк. -
108 гъэсэбэпын
/ Сэбэпын псалъэм и каузатив.* {Гуащэ:} - Гугъу зыщIезгъэхьыр Iэмал псори згъэсэбэпу уэркIэ {Ланэ} гуапэу Iуэху злэжьынырщ. Акъ. З. -
109 гъэсэн
I (егъасэ) перех. гл. 1. воспитывать кого-л./ Зыгуэрым хьэл-щэн гуэрхэр зыхегъэлъхьэн.ЦIыкIухэр гъэсэн.2. обучать кого-л. (ремеслу, военному делу и т. п.)/ Зыгуэр IэщIагъэ гуэрым хуегъэджэн, IэщIагъэ гуэр етын.Дзэр гъэсэн. ЩIалэр пхъащIэу гъэсэн. Хъыджэбзыр дэрбзэру гъэсэн.* ЛIыжьым и къуэр, езым хуэдэу, гъукIэ Iэзэу игъэсэну мурад ищIат. фольк.3. дрессировать ( диких животных)/ Зыгуэр Iэсэ, жыIэщIэ щIын (хьэкIэкхъуэкIэм нэхъ хужаIэ).Хьэр гъэсэн. Мыщэр гъэсэн.4. объездить (коня, вола)/ Шы, вы емылыджыр щIэпщIэ е утес хъууэ Iэсэ щIын.Нэбгъэфыр гъэсэн. ВыщIэр гъэсэн.II ученик; подмастерье/ Iуэху, IэщIагъэ гуэрым IэкIуэлъакIуэ хуащI, кIэлъагъэплъ, хурагъаджэ (ныбжьыщIэ).ГъукIэ гъэсэн. Дэрбзэр гъэсэн. -
110 гъэтэрэзын
(егъэтэрэз) перех. гл. 1. см. гъэтэмэмын.* - Иджы сэ сожьэ, сыкъэкIуэжыхункIэ нарт хьэщIэм кIэлъыплъ, ипскIи и шхынкIи - псомкIи и Iуэху гъэтэрэз, тэмэм щIы, - и пхъум жриIэри испыпщыр ежьащ. фольк.2. хорошо владеть чем-л. (напр. рубанком), быть мастером в какой-л. области/ Зыгуэрым фIыуэ ирилэжьэн, тэмэму, дагъуэншэу къэгъэсэбэпыфын.Мэзауэм джыдэр фIыуэ егъэтэрэз.* Хьэмид урысыбзэр къызыхуэтыншэу егъэтэрэз, дагъуэншэу иропсалъэ. Гъу. нэху. -
111 гъэтIысауэ
нареч. тщательно, аккуратно, четко/ ГурыIуэгъуэу, нэгъэсауэ.ГъэтIысауэ псэлъэн. ГъэтIысауэ Iуэху щIэн.* {Пщащэм} гупсысэу иIэ псори илэжьым хилъхьэу, гъэтIысауэ Iэбэу и Iуэхур ещIэ. Iуащхь. Псэбыдэ мыгузавэурэ, гъэтIысауэрэ зихуапэрт. Гу. и у. -
112 гъэувыIэн
1. каузатив к увыIэн/ УвыIэн псалъэм и каузатив.Машинэр гъэувыIэн. Сыхьэтыр гъэувыIэн.* Гур бэзэрыкум щигъэувыIэри Хъуэжэ кIиящ. фольк.2. прекратить, остановить (работу, действие, развитие, процесс и т. п.); перестать делать что-л./ Зы Iуэху гуэр зэпыгъэун, зыгуэр гъэбэяун, гъэсабырын, зэтегъэувыIэн; Iуэхугъуэ гуэр зыпыгъэун, щыгъэтын.Зауэр гъэувыIэн. Джэгуныр гъэувыIэн. Тхэныр гъэувыIэн. Псэлъэныр гъэувыIэн. Узыр гъэувыIэн.3. загнать, замучить, изнурить кого-л. чем-л./ Зыгуэрым и къарур егъэухын, зыгуэр егъэлеяуэ гугъу егъэхьын (п. п. щIащIэ е зытес шыр, Iэщыр).Шыр гъэувыIэн. Выр гъэувыIэн. -
113 гъэукхъуэн
(егъэукхъуэ) перех. гл. расстроить, разладить что-л./ Зыгуэр зэхэкъутэн, зэтекъутэн (п. п. Iуэху).* {ЛIыхъусан:} - СыщIэхъуэпскъым си зэранкIэ Фи зэхуэсыр згъэукхъуэну. Тхьэ пхузоIуэ зысшыIэну. Акъ. З. -
114 гъэутхъуэн
/ Утхъуэн псалъэм и каузативщ.Псыр гъэутхъуэн. Тэрч уэлбанэм игъэутхъуащ.2. переносное внести раздор, сумятицу между кем-л. ; расстроить, испортить ( дело)/ Зыгуэрым зэгурымыIуэныгъэ хэлъхьэн; Iуэху гуэр зэIыщIэн, зэIыгъэхьэн.Iуэхур гъэутхъуэн. ЦIыхум и зэхэщIыкIыр гъэутхъуэн. -
115 гъэхъун
I (егъэхъу) перех. гл. 1. пасти (напр. коз)/ ГъэхъуэкIуэн, хъупIэм щыIыгъын (п. п. Iэщ).Мэл гъэхъун. Шы гъэхъун.* ШкIэ игъэхъуу къуакIэм дэт щIалэ цIыкIум шу гуэр къыбгъэдыхьащ. фольк.2. держать, разводить (скот, птицу)/ Iыгъын, зехуэн (Iэщ, джэдкъаз).Къаз гъэхъун.* КъэпкIухьынум гуэгуш гъэхъу. (погов.)3. переносное стеречь, внимательно наблюдать за кем-чем-л. ; подстерегать кого-что-л./ Зыгуэрым кIэлъыплъын, и Iуэху зехуэн.* Елдар хъыджэбз сырыху цIыкIур къигъэуджу здыхэтым, Сэримэт игъэхъури, ар дэнэкIэ кIуэми кIэлъыплъырт. КI. А.II (егъэхъу) перех. гл. 1. дать время для созревания (напр. фруктов); дать время подрасти (напр. ребенку)/ Зыгуэр игъуэ нэгъэсын.МыIэрысэр пытурэ гъэхъун. Гуэрэфыр гъэхъун.III каузатив к хъун IV/ Хъун IV псалъэм и каузатив.Iуэхур гъэхъун.* {Жамболэт:} - Ар быдэу уи фIэщ гъэхъу, дахэ, къэзгъэзэнущ. Акъ. З. -
116 гъэчэнджэщэн
-
117 гъэIэбэн
1. каузатив к Iэбэн/ Iэбэн псалъэм и каузатив.2. переносное велеть кому-л., просить кого-л. хлопотать по дому, хозяйству/ Зыгуэрым Iуэху егъэщIэн.3. переносное расширить границы (какой-л. территории)/ ЩIы тIэкIу и щIым къыпегъэщэн. -
118 гъын
(магъ) неперех. гл. 1. плакать/ Гуауэм, гущIыхьэм къыхэкIкIэ нэпс щIэгъэкIын.* Зыхуэмыубыдыжу къыщеудри Чэзибан магъ. Акъ. З. Сабий мыгъ быдз иратыркъым. (погов.)2. переносное роптать, жаловаться/ Тхьэусыхэн, гъынэнэн.* {Фаруз:} - Зы Iуэху гуэри {Мурат} хуэмыщIэ, ГъащIэр гъыуэ егъакIуэ. П. Б. Быдэ янэ гъыркъым. (погов.)Гъыну зыкъызэщIищIэн = {и} гъын къэкIуэн. Сабийм гъыну зыкъызэщIищIащ.{И} гъын къэгъэкIуэн вызвать у кого-л. слезы, расстроить кого-л.{И} гъын къэкIуэн расстроиться, захотеть плакать.* {Цыжьбанэр}... дутIыпщыжауэ хуэм дыдэурэ пабжьэм щыхыхьэжым, ди гъын къакIуэу дыкIэлъыплъырт. Б. ТI. -
119 дахэ
I 1. красивый (напр. цветок, танец, человек)/ ГуакIуэ, узыIэпызышэ, теплъэ гъуэзэджэ зиIэ, екIу.Удз гъэгъа дахэ. ЩэкI дахэ. Хъыджэбз дахэ. Уэрэд дахэ. Къафэ дахэ.2. красивый, хороший (напр. о жизни, поступке)/ ФIы.ГъащIэ дахэ. ПсэукIэ дахэ. Iуэху дахэ.3. милый, милая ( обращение)/ ГъэфIэгъыбзэщ.* А Лорэ, а си дахэ, Жанусэ къыбжиIар зыщумыгъэгъупщэ. Къ. М.* Дахэм хуэдэу, тхылъым иптхэнщ нартыху къэзышар. Iуащхь.II ласка, нежность/ Гуапэ, гуэпагъэ.* Дахэм къимыхьа Iейм къихьыркъым. (погов.) Дахэм и щIагъ фо щIэлъщ. (погов.)III мед. карбункул/ Шын хъууэ щIыфэ узщ, гуэрэфщхьэбж хуэдэу тIу-щыуэ къыщыхэкIи щыIэщ. -
120 дэгъэкIын
1. каузатив к дэкIын/ ДэкIын псалъэм и каузативщ.Махуэ дэгъэкIын. Илъэс дэгъэкIын.* Зи щIыхуэ птелъым и пIалъэ дигъэкIкъым. (погов.)2. Выгнать, вывести со двора кого-что-л. (напр. скот, машину)/ Зыгуэр дэхун.Жэмыр Iэхъуэм дэгъэкIын.Гузэвэгъуэ дэгъэкIын см. гузэвэгъуэ.Куэд дэгъэкIын см. куэд.
Страницы