-
1 дэшеин
(дрешей) перех. гл. повезти, повести кого-что-л. вверх/ ИпщэкIэ, ищхьэмкIэ зыгуэр шэн.Iэжьэр Iуащхьэм дэшеин. ЛIыжьыр дэкIуеипIэм дэшеин.Дамэр дэшеин см. дамэ.Набдзэр дэшеин см. набдзэ. -
2 дэшеин
-
3 дамэ
1. крыло (п тицы)/ Къуалэбзу, джэдкъаз хуэдэхэр зэрылъатэ.* Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. (погов.)2. крыло (напр. самолета)/ Кхъухьлъатэр хьэуам зэрыщес, и бгъуитIымкIэ иIэ гуэшиикIахэрщ.3. см. дамащхьэ. Матэр дамэм тегъэувэн. Къэпыр дамэкIэ хьын.* Хьэрун дамэ къытекIауэ тешанкIэм долъеижри йожьэж. Щ. Ам. -
4 дэгъэуеин
1. каузатив к дэуеин/ Дэуеин псалъэм и каузативщ.Шэрхъыр мывэм дэгъэуеин.2. переносное поднять (напр. брови), повести, подёргать (напр. плечами)/ Дэшеин (набдзэр, дамэр).* Ланэ Iэрыхуэу лъэпэдыр зэрехъэ, мастэр цым щыфIэнэм деж, и напщIэшхуитIыр дрегъэуей. Хь. Хь. Адакъэм и дамитIыр дрегъэуей. Iуащхь. -
5 дэлъэщIеин
(дрелъэщIей) перех. гл. загладить, зачесать назад ( волосы)/ Щхьэц, цы сыт хуэдэхэр теплъащIэурэ дэшеин.Щхьэцыр дэлъэщIеин.* Жанхур бжэкъуагъым къыкъуэкIри утыкум ит шэнтым тIысащ, бапхъэ зыкъэзыщIа и щхьэцыр дрилъэщIейри и нэхэм щIэIуэтыхьащ. Къ. Хь. -
6 набдзэ
1. бровь/ НапщIэм декIуэкIыу тет цы.* Къуаргъым нэ хуащIати набдзэ жиIащ. (погов.) Дахэнагъуэу нагъуэ дахэ, вынду фIыцIэщ и набдзитIыр, вагъуитI хуэдэщ нэшхуэ лыдхэр. Къэб. п. и ант.2. переносное гордость, честь и гордость/ Зыгуэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, лъапIэ зэрыхъу.Набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ писаная красавица (букв. красивейшая из тех, кто с бровями).* Мы набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу зы цIыхубзрэ абы нэхърэ нэхъ дахэжу зы хъыджэбзрэ унэм къыщIэкIащ. Ад. таур.Набдзэ лей телъын кичиться чем-л.Набдзэр дэшеин поднять, вскинуть брови.Набдзэр зэхэуфэн = нэщхъыр зэхэукIэн (зэхэуфэн).{И} набдзэр хэлъэтын дергаться, подергиваться - о бровях.* Старшинэм щхьэр къыщиIэтым, и набдзэр хэлъэтащ, губжьым зэщIищта и нэкIури зэкIуэкIащ. Т. Хь.Набдзэр хэшын воображать, выламываться.* {Саният}-Алыхь, и набдзэр хишу, зигъэIейуэ къыдэмыувэмэ{Чэбыхъан}Налшык уэрамым. Щ. Ам.Набдзэр щIэчын выщипывать брови.набдзэ къурашэ 1. дугообразные брови/ Хуэкъуаншэ дахэу щыт набдзэ.* {Нэфисэт} и нэбжьыц фIыцIэ кIыхьхэр мащIэу мэтIей, набдзэ къурашитIыр пцIащхъуэ дамэу шэщIащ. КI. Т.2. переносное красавица/ Бзылъхугъэ дахэ.* Набдзэ къурашэ яшэн хьэзыр. фольк. -
7 худэшеин
I (худрешей) перех. гл. завезти, завести вверх кого-что-л. кому-л. для кого-л. (по чьему-л. требованию, ради кого-л. и т. п.)/ И щхьэмкIэ шэн, зыгуэрым и лъэIукIэ и жыIэкIэ дэшеин.II (худошей) неперех. гл. смочь везти, вести кого-что-л./ ИпщэкIэ шэфын, дэшеифын.