-
1 зэблагъэ
родственники/ Благъагъэ зэхузиIэ, зэIыхьлы.* Солнцеврэ... Рощинрэ я зэхущытыкIэм къыбжаIэ хуэдэт а тIур зэблагъэ дыдэу, кIуэ аракъэ зэмыкъуэшмэ, зэгъунэгъу дыдэу. Ш. А. -
2 зэгъунэгъун
(зэгъунэгъущ) неперех. гл. 1. быть соседями, жить по соседству/ Уи псэупIэкIэ, уи унэкIэ гъунэгъуу зэхущытын, зэбгъэдэсын.Абырэ сэрэ дызэгъунэгъущ.2. недалеко отстоять друг от друга (о чем-л.)/ Зэпэмыжыжьэн, зыр зым пэгъунэгъун.УнитIыр зэгъунэгъущ.3. переносное быть близкими (по родству, по духу)/ ЛыкIэ, IыхьлыгъэкIэ, гукIэ, псэкIэ гъунэгъуу зэхущытын.* Солнцевымрэ Рощинрэ я зэхущытыкIэм къыбжаIэ хуэдэт а тIур зэблагъэ дыдэу, кIуэ аракъэ, зэмыкъуэшмэ, зэгъунэгъу дыдэу. Ш. А. -
3 зэтрисхьэн
(зэтресхьэ) перех. гл. 1. сгореть полностью ( от огня)/ Къанэ щымыIэу мафIэм исын.* Къуажэхэм.. цIыхуи псэуалъи зыри къыдэмынэу мафIэм зэтрисхьащ. КI. Т., Акъ. З.2. сгореть, иссохнуть ( на солнце-о растительности)/ Зыри къэмынэу псори дыгъэм игъэгъун.Гуэдзыр дыгъэм зэтрисхьащ.3. сильно обгореть ( на солнце-о человеке)/ Дыгъэм щIыфэр Iей дыдэу исын.* Губгъуэм ит лэжьакIуэхэр дыгъэ жьэражьэм зэтрисхьащ. фольк.4. сильно замерзнуть/ ЩIыIэм Iей дыдэу исын.* МэкъумэшыщIэхэр щIымахуэ уаем зэтрисхьэрт. Сов. Къэб. ифольк. -
4 зэуэ
нареч. 1. моментально, мгновенно, сразу/ Асыхьэтым, пIалъэ имыIэу, псынщIэ дыдэу.* Зэуэ мазэр пшэ фIыцIэм щIелъафэри дунейм жьапщаеу зыкъызэщIещIэ. Ш. А. ЩIалэр къызэрилъагъуу, Жансинэху зэуэ Бабынэрэ езымрэ я кум дэлъа псалъэмакъыр игу къэкIыжащ. Хь. Хь.2. одновременно; синхронно/ Зэтехуэу, зэрихьэлIэу.* Зэшхэр зэуэ дызэдолъри Пщым еуэныр щIыдодзэр. П. Б.3. рядом, в непосредственной близости/ Гъунэгъу дыдэу, щIы лей дэмылъу.Мэзыр зэриухыу зэуэ къуажэр къыщысщ. Бжьэпэм узэрыдэкIыу зэуэ пщыIэр абы къытетщ. -
5 зэщIэхуэпэн
а) (зэщIехуапэ) перех. гл. разодеть кого-л./ Дахэ дыдэу, фIы дыдэу хуэпэн.Анэм хъыджэбз цIыкIур зэщIихуапэри школым ишащ.б) (зэщIэхуэпащ) неперех. гл. быть разодетым/ Къызыхуэт щымыIэу, дахэу, фIыуэ хуэпауэ щытын.Хъаныкъуэр зэщIэхуэпат. Ш. А. Хьэкум фIыцIэ защIэкIэ зэщIэхуэпауэ фызыжь цIыкIу бгъэдэст. Iуащхь. -
6 кIэщI
I 1. короткий ( по длине)/ МыкIыхь.КIапсэ кIэщI. Бжэгъу кIэщI.2. короткий, непродолжительный/ МыкIыхь, мащIэ.ГъащIэ кIэщI.КIэщI дыдэу чрезвычайно быстро.* КIэщI дыдэу бгъащхъуэ цIыкIур къэсыжащ. КI. Т., Акъ. З.КIэщI зегъэщIын закруглиться, быстро завершить, закончить что-л. (дело, разговор и т. п.).* Ефэндым и нэмэзым кIэщI зригъэщIри къыщIыхьам нэцIэIуцIафэу IэщIэплъыхьащ. Ж. Б. Псом хуэмыдэжу езым {Нахъуэ} и цIэмрэ и унэцIэмрэ хэмыту хьэрф хуэзэмэ, и псалъэм кIэщI зригъэщIырт. Iуащхь.II бешмет/ Цей теплъэ зиIэ, кIагуэ хьисэпу цейм и пIэкIэ е щIымахуэм джэдыгу щIагъым щIэлъу цIыхухъухэм зэрахьэ щыгъын.ЛIыжьым кIэщIыр щихри цейр зыщитIэгъащ. -
7 напIэзыпIэм
нареч. мгновенно, в одно мгновение, в один миг, в мгновение ока/ ЩIэх дыдэу, псынщIэ дыдэу, зы напIэ Iэтыгъуэм.* Губжьыр напIэзыпIэм теужын. Жыраслъэн и шэсри и щIэпхъуэри зыт, напIэзыпIэм бзэхащ. КI. А. -
8 тецIэфтын
(тоцIэфт) неперех. гл. 1. резко соскользнуть откуда-л., с чего-л./ ПсынщIэ дыдэу джафэ гуэрым цIантхъуэу тежын, текIын.Iэжьэр мылым тоцIэфт.2. просторечие быстро уйти с поверхности чего-л. покинуть поверхность чего-л./ Тежын, псынщIэ дыдэу текIын.БжэщхьэIум тецIэфтын. -
9 тIэкIунитIэ
I незначительный, слишком маленький, ничтожный/ МащIэ дыдэ, мыхьэнэншэ, тIэкIу дыдэ.Уэс тIэкIунитIэ кърипхъыхащ.II нареч. очень мало; чуть, едва, еле/ МащIэ дыдэу, тIэкIу дыдэу; ерагъыу.ТIэкIунитIэ еIубын.* ТIэкIунитIэ щIебгъэгъуауэ гу лъатакъэ - Нахъуэ и деж псори мэтхьэусыхэ. КI. А. -
10 япэ
I 1. первый ( порядковое числительное)/ Зы бжыгъэм къытекIа зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэ; езанэ.* Япэ хэдэр IыхьэфIащ. (погов.)2. первоночальный, самый ранний/ Езым хуэдэхэм, ещхьхэм и пэ къит, и пэ къихуэ, зэманкIэ и пэ, илъэсым, махуэм, н. къ. къриубыдэу нэхъапэ къэунэху, дунейм къытехьэ.ГъащIэм и япэ илъэсхэр.3. высший по значимости, главный; лучший по качеству/ Зи мыхьэнэкIэ езым хуэдэ псоми елъэгэкI, нэхъ пажэ, нэхъыфI.Япэ увыпIэр къэхьын. Япэ саугъэтыр къыхуагъэфэщэн.* Япэ дыдэу а псалъэр жылэм къыдэзыхьар Лууэ жаIэ. КI. А.Япэ къэсыр первый встречный.* Япэ къэсыр къыбжьэхэлъэу - ар псэукIэ хъурэ!фольк.II:япэ зигъэхуэн = япэ зигъэщын.Япэ зигъэщын опередить кого-л.Япэ игъэувэн = япэ игъэщын.Япэ игъэщын отдать предпочтение кому-чему-л. ; уделять больше внимания кому-чему-л.Япэ итын быть (стоять) впереди. Зэхьэзэхуэм япэ итын. -
11 адэ-анэ
родители/ Анэмрэ адэмрэ, быныр къэзылъхуахэр.* Куэд дэмыкIыу Зубер цIыкIу и адэ-анэри къэкIуэжащ. Гъу. Л. Дэтхэнэ зы адэ-анэми и быным япэ дыдэу гъащIэр зэрыригъэцIыхуу, ар зэригъэIущу, зэриущийуэ щытар абы жриIэ хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, къуажэхьхэр арт. Ад. таур. -
12 айомэ
кубано-зеленчукские см. ахьей.* - Айомэ, сыуэчылын, сыт сыщIэмыуэчылынур? - жиIэри бажэ цIыкIур къэтIысащ, зигъэIущ дыдэу. Анэд. -
13 бэлэбанэ
I рваный, старый (об одежде)/ Щыгъын фейцей, зэкIэлъымыкIуэ.* АтIэ щыгъын бэлэбанэ къызэфти сывгъакIуэ. Ад. фольк.II оборванец/ Фейцейуэ хуэпа, щыгъыныджэ, зи щыгъын зэхэфытхъа.* Гуимэр лъэрытемыту къажэрти, цIыхухэр щызэбгрыжым, гъуэгукум къытенащ бэлэбанэ дыдэу хуэпауэ фызыжь лъэрымыхь гуэр. КI. Т. -
14 бгъэдэлъэтэн
(бгъэдолъатэ) неперех. гл. 1. подлететь к кому-чему-л./ Зыгуэрым лъэтауэ бгъэдыхьэн.Бзу анэр шырхэм бгъэдолъатэ.2. переносное очень быстро подойти, подъехать к кому-чему-л./ ПсынщIэ дыдэу зыгуэрым бгъэдыхьэн, бгъэдэлъэдэн. -
15 бгъэдэцIэфтэн
(бгъэдоцIафтэ) неперех. гл., просторечие быстро подбежать, подскочить к кому-чему-л./ ПсынщIэ дыдэу зыгуэрым бгъэдыхьэн, и пащхьэм ихутэн, иджэрэзэн.* Зэгуэрым имыщIэу тхьэкIумэкIыхьыр дыгъужьым бгъэдэцIэфтащ. Ад. таур. -
16 бгъэдэцIэфтын
(бгъэдоцIэфт) неперех. гл., просторечие отбежать, отскочить от кого-чего-л./ Зыгуэрым псынщIэ дыдэу бгъэдэжын.* Дыгъужьыр хьэ цIыкIум зэуэ бгъэдэцIэфтащ. У. А. -
17 бжэндэхъу
скворец/ Гъатхэм нэхъ пасэ дыдэу къэлъэтэж бзу (езыр фIыцIэщ, къуанщIэм нэхърэ нэхъ цIыкIущ).Бжэндэхъухэм унэ. Бжэндэхъухэм уэрэд къраш.Бжэндэхъу уае похолодание в апреле (обычно после возвращения скворцов). -
18 бжьэпэтехуэу
нареч. через край, доверху/ Зыгуэрым из дыдэу, къыщхьэприхуу, къыщхьэприкIыкIыу.Хьэжыгъэр пэгуным бжьэпэтехуэу иракIутащ.бжьэпэтехуэу хун плести плетень определённым способом/ Бжьэпэтехуэр зэрахум хуэдэу бжыхьыр зэрыщыту хун, бжыхьым и щIыIур зэрагъэбыдэж хукIэм ещхь защIэу бжыхь псор хун. -
19 блэцIэфтын
(блоцIэфт) неперех. гл. просторечие очень быстро проскочить мимо кого-чего-л./ Зыгуэрым псынщIэ дыдэу блэкIын, блэжын.* {Автобусыр} уэрам дахэмрэ удз гъэгъа щхъуантIэхэмрэ блоцIэфт. Анэд. -
20 букварь
букварь/ Япэ дыдэу тхэкIэрэ еджэкIэрэ зэрызэрагъащIэ тхылъ.* Алий ЦIыкIу хуабжьу дихьэхауэ букварым еджэрт. Щ. Т.
Перевод: c черкесского на русский
с русского на черкесский- С русского на:
- Черкесский
- C черкесского на:
- Русский