-
1 гузэвэгъуэ
несчастье, горе/ Гуныкъуэгъуэ, гухэщI, нэщхъеягъуэ.* Гузэвэгъуэм уимыгъэщIэн щыIэ? Iуащхь. Локъан и макъыр апхуэдэу мамыр дыдэу, Iэдэбу къызэрыIуам Сурэ игу къигъэкIыжащ... абы гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэу и нэгу щIэкIар. КI. Т.Гузэвэгъуэ дэгъэкIын помочь в горе.Гузэвэгъуэ ихуэн (хэхуэн) попасть в горестное положение.Гузэвэгъуэ къылъэIэсын быть в тревоге.Гузэвэгъуэ телъын тревожиться, беспокоиться.* Гузэвэгъуэр телъу а фызым, и гум щIылъэр къыдогызыр. КI. А.Гузэвэгъуэм зэщIиубыдэн ( зэщIищтэн) быть объятым горем.Гузэвэгъуэм ихьын быть в отчаянии.Гузэвэгъуэм кърихуэкIын сильно тревожиться, беспокоиться. -
2 дэгъэкIын
1. каузатив к дэкIын/ ДэкIын псалъэм и каузативщ.Махуэ дэгъэкIын. Илъэс дэгъэкIын.* Зи щIыхуэ птелъым и пIалъэ дигъэкIкъым. (погов.)2. Выгнать, вывести со двора кого-что-л. (напр. скот, машину)/ Зыгуэр дэхун.Жэмыр Iэхъуэм дэгъэкIын.Гузэвэгъуэ дэгъэкIын см. гузэвэгъуэ.Куэд дэгъэкIын см. куэд. -
3 къылъэIэсын
(къылъоIэс) неперех. гл. дотянуться, дотронуться до чего-л./ ПэIэщIэ гуэрым деж къэсын, къэсу щытын.Сабийр Iэнэм къылъэIэсыркъым. Хьэжыгъэм псы къылъэIэсын.Гузэвэгъуэ къылъэIэсын см. гузэвэгъуэ.Удын къылъэIэсын см. удын.Хъыбар къылъэIэсын см. хъыбар.Шынагъуэ къылъэIэсын см. шынагъуэ II. -
4 телъын
(телъщ) неперех. гл. лежать на поверхности чего-л. (о ком-чем-л.)/ Зыгуэрым и щIыIум, и щыгум зыгуэр щыщылъын.Унащхьэм телъын.* ЩIыIэбжь хъуати япэ къеха жэпыр иджыри телът. КI. Т.Бэлыхь телъын см. бэлыхь.Гузэвэгъуэ телъын см. гузэвэгъуэ.Гум телъын см. гу II.Дыркъуэ телъын см. дыркъуэ.Набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ см. набдзэ.И напщIэм телъын см. напщIэ.Темылъ телъхьэн оклеветать кого-л.*.. Къасымым хеитIым {Мадинэрэ Зауррэ} и жьэм къихь фIейхэр хужеIэ, Ятемылъыхэр трилъхьэу, Бэлыхь хидзэнущи мэубэ. Къэб. п. и ант.УIэгъэ телъын см. уIэгъэ.Хьэзаб телъын см. хьэзаб.ЩIыхуэ телъын см. щIыхуэ. -
5 беспокойство
с. II
1. пIейтенныгъэ, гузэвэгъуэ; причинить беспокойство гузэвэгъуэ хэдзэн; простите за беспокойство къысхуэгъэгъу узэрызгъэпIейтеям папщIэ
2. пIейтеиныгъэ; испытывать беспокойство пIейтеиныгъэ зыхэщIэн -
6 лестный
-ая, -ое
1. щытхъу зыхэлъ; лестный отзыв щытхъу хэлъу зыгуэр хужыIэн
2. гузэвэгъуэ къезыт щытхъу; лестное предложение гузэвэгъуэ къезыт щытхъу зыхэлъ Iуэхугъуэ -
7 вакъэ
обувь/ Фэм, нэгъуэщI зыгуэрым къыхэщIыкIауэ лъакъуэфIэлъхьэ лIэужьыгъуэ.* Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ гузэвэгъуэ щыщIэркъым. (погов.)Вакъэ зэв лъыгъын прожить трудную жизнь.вакъэ лэмбыIу обувь без задников/ ЛъэдакъэмкIэ къэухь зимыIэ вакъэ.* Аслъэнджэрий вакъэ лъэмбыIум итрэ щIагъщIэлъ фIэкIа щымыгъыу къыщIокI. Ш. А. -
8 гуауэжакIуэ
человек, который извещает о горе, несчатье/ Нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ гуэрым и хъыбарегъащIэ; щхьэкIуэ. -
9 гуауэщхьэуэ
невзгода, несчастье/ Гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ.НыбжьыщIэхэм гуауэщхьэуэ ялъэгъуакъым. -
10 гужьеигъуэ
страх, ужас/ Гузэвэгъуэ, шынагъуэшхуэ, пIейтеигъэ ин.Гужьеигъуэ хьэргъэшыргъэ. Дуней гужьеигъуэ.Гужьеигъуэ етын привести в ужас кого-л.Гужьеигъуэ къылъысын почувствовать ужас.Гужьеигъуэм зэщIиубыдэн ( зэщIищтэн) 1) паниковать 2)быть охваченным ужасом.Гужьеигъуэм къикIын выйти из панического состояния.Гужьеигъуэм хэтын находиться в тревожном состоянии, быть в тревоге.Гужьеигъуэм Iууэн = гужьеигъуэ къылъысын. -
11 гулэгущтэ
беспокойство, волнение/ Гузэвэгъуэ, пIейтеигъэ, гуныкъуэгъуэ.* - Iэмирэт, нобэ щхьэ угулэгущтэ? - йоупщI абы Шарифэ. Iуащхь.Гулэгущтэ хъун прийти в волнение, беспокойство. -
12 гуныкъуэгъуэ
переживание, тревожное состояние/ ПIейтеиныгъэ, гузэвэгъуэ къозыт, гу зыхуэмызагъэ.* Зигу мыныкъуэ уи гуныкъуэгъуэ хуумыIуатэ. (погов.)Гуныкъуэгъуэ иIэн беспокоиться, тревожиться о ком-чем-л., за кого-чего-л., из-за кого-чего-л.* И пхъур фIыуэ зэремыджэм щхьэкIэ, Iэмирэт гуныкъуэгъуэ иIэт. Щ. I.Гуныкъуэгъуэ етын 1) обеспокоить, озаботить кого-л. чем-л. 2) обидеть кого-л.Гуныкъуэгъуэ хэмыкIын постоянно находиться в состоянии тревоги, беспокойства. -
13 гухэщт
тревога, волнение, трепет/ Гузэвэгъуэ, гу пIейтеиныгъэ, щтэгъуэ.* Дыгъур аслъэным зэрыIууэу, гухэщт бзаджэр и щхьэцыпэмкIэ пхылъэтащ. Iуащхь. -
14 гухэщI
горе, печаль/ Гузэвэгъуэ.ГухэщI лъэхъэнэ.* ГухэщI махуэт нэмыцэр ди щIым къыщихьа махуэр. Iуащхь. -
15 гуIэ
см. гуIэгъуэ I.* Хъыджэбзым гуIэ гъыбзафэр игъэшу бгъуэнщIагъым щIэст. фольк. Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ. (погов.)ГуIэм зегъэхьын полностью отдаться горю.ГуIэм нэр къыщипхъуэн в глазах потемнело от горя.ГуIэр зыхэщIэн пережить горе.гуIэ нэпс слезы скорби/ Гузэвэгъуэ иным къыщIиху, хущIагъэкI нэпс.* Лацэ цIыкIум гуIэ нэпсхэр псынэ щIыIэм ныфIыхоткIуэ. Щ. А. Сыт, уи жьыщхьэ, гуIэ нэпсыр къыпфIыщIэкIыу уи гум илъыр? Щ. А.ГуIэ нэпс щIэгъэкIын рыдать, сильно скорбеть.гуIэ шхын еда, приносимая соседями семье покойного в первые три дня траура/ Зыгуэр зыфIэлIа унагъуэм гъунэгъухэм къыхуахь шхын.* Дэ ди унэм пщафIэ щыIэтэкъым, ди гъунэгъухэм къытхуахь гуIэ шхынхэми деплъыртэкъым. Т. Хь. -
16 гъавэ
I 1. хлеб; зерновые культуры/ Зи хьэдзэм ерыскъы къыхащIыкI къэкIыгъэ.Гъавэ бэв. Гъавэ щIапIэ. Гъавэр Iухыжын.* Гъавэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу къэбэрдейхэм нэхъыбэу ящIэу щытар мэшщ. Н. Ш. Уэгъу гъавэр дыгъэрыжьэщи, уэлбанэ гъавэр дошэсей. (погов.) ГъавэщIэ къыпIэрымыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ. (погов.)2. зерно/ Апхуэдэ къэкIыгъэхэм я хьэдзэ.* Зи вакъэ зэвымрэ зи гъавэ мащIэмрэ гузэвэгъуэ щыщIэркъым. (погов.)гъавэ къехьэлIэжьыгъуэ = гъавэ Iухыжыгъуэ.гъавэ щIапIэ поле, предназначенное для возделывания зерновых культур/ Гъавэ щагъэкI щIыпIэ; хьэсэ.Гъавэ щIапIэ псори яващ. ХъупIэмрэ гъавэ щIапIэмрэ зэпылъщ.гъавэ IыхыпIэ элеватор ( зернохранилище)/ Нартыху, гуэдз. с. ху. зырашалIэ, зрат мэкъумэш IуэхущIапIэ.* АдэIуэкIэ щытщ гъавэ IыхыпIэр, вокзалыщIэр, IуэхущIапэ Iэджэ... Iуащхь.гъавэ Iухыжыгъуэ хлебоуборка, пора уборки урожая/ Гъавэ щыIуахыж зэман.Гъавэ Iухыжыгъуэ зэманыр къэсащ.II кубано-зеленчукские см. ху II. -
17 гъэвын
1. каузатив к вын/ Вын псалъэм и каузатив.Дыгъэм мылыр игъэващ.2. переносное пережить что-л. (напр. горе, несчастье)/ И нэгу щIэкIын, и фэм дэкIын (п. п. гугъуехь, нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ).* Дыгъуасэрей махуэм ягъэва гупсысэ хьэлъэмрэ бэлыхьу ятелъамрэ.. къыхэкIыу ахэр {цIыхухэр}, дауикI, пщыхьэщхьэ пщIондэ жеину къыщIэкIынт, щIалэм и кIий макъыр мыхъуамэ. Iуащхь. -
18 дакъэхэкIэ
устар. 1. непочетное место у очага для младших ( ближе к двери)/ Жьэгу пащхьэм щыщу нэхъыщIэ тIысыпIэ, щытыпIэ; пщIэ нэхъ хуамыщIу, кърамыдзэу щыт тIысыпIэ.* Гузэвэгъуэ гуэрхэр гукIи псэкIи зыгъэв нэщэнэ хэлъу абы ( Линэ) дакъэхэкIэм деж зыщигъэсабыращ, и натIэр уэнжакъ дамэм иригъэкъури. Къ. Хь. Анэр зэрымысыж унэм дакъэхэкIэр ущитIысыпIэщ. (погов.)2. дети, подростки, сидящие обычно на непочетном месте у очага ( ближе к двери)/ Жьэгу пащхьэм щыщу нэхъ кърамыдзэу, жьэгум нэхъ пыIудзауэ щыт Iыхьэр тIысыпIэу къызылъыс нэхъыщIэхэр, сабийхэр.* {ЩIалэм:} Кхъужь дыдж IэфIыпсу, Нащэфэпс тIыгъуауэ, ДжэдыкIэ абгъуэринэу.. укъинэжынщ, - ДакъэхэкIэм хэс сэ укъыхэсхыху. Ад. фольк. -
19 дауэншэ
непритязательный, неприхотливый, простой/ ЗыгуэркIэ гузэвэгъуэ зимыIэ, мылъэнтIэн, мыкъиин.* Зи пхъэ къикIар дауэншэщ. (погов.) -
20 зэв
узкий, тесный/ Зи утыку, зи кIуэцIыр цIыкIу, мыбыхъу, бгъузэ.Къуэ зэв. Нэ зэв. Унэ зэв.* Дунейм темыплъэу, жьы къабзэм хэмыхьэу {джэджжьей быныр} пщIантIэ зэвым дагъэлIыхь. Дыщэ кI. Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ гузэвэгъуэ щыщIэркъым. (погов.) Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщIигъэвауэ уэрам зэв цIыкIум хьэр дэз къэхъуат. КI. А.
Страницы