Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

ЛIы

  • 1 лIы

    1. мужчина
    / ЦIыхухъу.
    * ЛIы цIэрыIуэ. ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху. (погов.) ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым. (погов.)
    2. муж, супруг
    / ЦIыхубзым и щхьэгъусэ.
    Мы дэжэун.
    ЛIы дэкIуэн выйти замуж.
    ЛIы етын выдать кого-л. замуж.
    * Сэ сыщымыIэу, Аминатыр лIы иратат. Къу. Хь.
    ЛIы жагъуэ хуашэ хуэдэ быть в плохом настроении (букв. словно выдают замуж за нелюбимого человека).
    ЛIы и жэщ темная, пасмурная ночь.
    ЛIы икъугъэ (икъущ) настоящий мужчина.
    * Хьэхьей, Нартхэ ди Бэдынокъуэ! Нартхэ ди лIы икъугъэ, Бэлэрыгъ зекIуэкIэ, Уи шыфэлIыфэр сфIэдахэщ. Нарт.
    ЛIы и лIыж = лIым я лей.
    * ГуфIэгъуэ мыухыжыр зыгъуэта нартхэм лъэIукIэ ирагъэблэгъащ лIы и лIыж Батрэзыр. Нарт.
    ЛIы фIыцIэ гъущIынэ храбрый мужчина.
    * Сосрыкъуэу си напщIэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ. Нарт.
    ЛIы хъун = лIыпIэ иувэн.
    ЛIы цIыкIу къамэшхуэ мужчина с амбициями.
    ЛIы щIын сделать, воспитать кого-л. мужчиной.
    ЛIым я лей храбрейший из храбрых. ЛIым я лейуэ щхьэ хъыжьэ, зауэ хъумэ, лIы хахуэ. Ад. фольк.
    ЛIыуэ анэм къилъхуа настоящий мужчина. *
    ЛIыуэ пащIэ тетын быть настоящим мужчиной.
    * УлIу пащIэ птетмэ си пащхьэм къиувэ. Щ. Ам.
    ЛIыфI натIэ ухъу хорошего мужа тебе ( пожелание девушке).
    * Пщащэм, гушыIэ хуэдэу: - НасыпыфIэ, лIыфI натIэ ухъу! - жраIэ. Ад. фольк.
    лIы дакъэ крепкий, сбитый мужчина
    / ЛIы быдэ, Iэчлъэч.
    лIы дэкIуэгъуэ брачный возраст девушки, пора замужества
    / Бзылъхугъэм и балигъыпIэ, ар унагъуэ щихьэ хъуну ныбжь.
    Пщащэм и лIы дэкIуэгъуэ хъуащ.
    лIы закъуэ бобыль
    / Щхьэгъусэ, унагъуэ зимыIэ (зимыIэж) цIыхухъу.
    лIы закъуэ унэ семья мужчины без братьев и сыновей
    / Къуэш, къуэ зимыIэ цIыхухъум и унагъуэ.
    лIы къуапцIэ стройный высокий мужчина
    / ЦIыхухъу уардэ.
    * Сосрыкъуэу лIы къуапцIэ, сэркIэ укъэмыпцIэ. Нарт.
    лIы пцIанэ безоружный мужчина
    / Iэщэ зымыIыгъ цIыхухъу.
    * Атаманым Бадым и псалъэр и фIэщ хъуащ, лIы пцIанэм сыт ищIэн, Iэрыубыд хъуащ жыхуиIэ хьисэпкIэ къепсыхащ. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лIы

  • 2 икъугъэ

    лIы икъугъэ см. лIы.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > икъугъэ

  • 3 лIышхуэ

    1. мужчина высокого роста
    / ИнагъкIэ лIы къызэрыгуэкIхэм ящхьэпэлъэгэкI цIыхухъу; лIы пIащэ.
    ЛIышхуэ гуэр пщIантIэм къыдыхьащ.
    2. переносное влиятельный человек; начальник
    / ЗэфIэкIышхуэ зиIэ лIы.
    ЛIышхуэ зыкъыфIэщIыжын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лIышхуэ

  • 4 адыгэлI

    переносное мужчина, воспитанный в традициях адыгского этикета
    / Адыгэ хабзэм щIапIыкIа, адыгэ нэмыс зыхэлъ лIы зэпIэзэрыт, лIы нэс, щыпкъэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > адыгэлI

  • 5 алыхь

    I аллах
    / Муслъымэн диным итхэм я тхьэ.
    * Гуэдзыр {Хъуэжэ} икIыщтэри зэтрикIутэжа нэужь, меркIэ къищтэри игуэшащ, зыр алыхьым ейщ, зыр сысейщ жиIэурэ. фольк. Алыхьым ухущIигъэхьэ, си щIалэ, лIы ухъуащ. Щ. Т.
    Алыхь закъуэ единый бог.
    Алыхь лъэщ всемогущий бог.
    Алыхь талэ=алыхь лъэщ.
    * - Алыхь талэм и нэфI къыпщыхуащ, Мусэ, и хъер улъагъу. Сыту гъуэлъыпIэ хъарзынэ, на! - жиIэу Дисэ и псалъэр къыхиIуащ. КI. А.
    Алыхь Iэмыр божья воля.
    Алыхьым и бэлыхьыр техуэн подвергнуться божьей каре.
    Алыхьым деж нэмысын псалъэ кощунственное, оскорбительное слово, выражение.
    Алыхьым ещIэ бог {его} знает.
    Алыхьым жыхуиIам хуэзэн чему бывать, того не миновать (букв. будет так, как захотел аллах).
    Алыхьым и нейр зыщыхуа обездоленный человек (букв. проклятый аллахом).
    Алыхьым и пащхьэм игъэхьэн уничтожить, убить кого-л.
    * - Ауэ иджы ар {дыгъужьыр} алыхьым и пащхьэм измыгъэхьауэ сыкъэкIуэжынкъым, - {жиIащ щакIуэм}. фольк.
    Алыхьым и пащхьэм ихьэжыху до скончания века, до конца жизни.
    * Алыхьым и пащхьэ уихьэжыху лIы удэмыкIуэми содэ. Iуащхь.
    Алыхьым и фIыщIэкIэ по божьей милости.
    Алыхьым иужэгъужа богом забытый ( обиженный) {человек}. Алыхьым и шыкуркIэ слава богу.
    Алыхьым къыузэритынщ отличный, чудный, прекрасный.
    Алыхьыр гъэпцIын не сдержать клятвы.
    Алыхьыр пщIэмэ = алыхьым и хьэтыркIэ.
    II междом. ей-богу, честное слово ( употребляется в речи женщин)
    / ЖаIэр нэхъ тригъалэу, нэхъ игъэбыдэу цIыхубзхэм къагъэсэбэп псалъэ.
    - Алыхь сынэкIуэнмэ, Iей, сынэмыкIуэу хъурэ, - жиIащ фызым.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > алыхь

  • 6 гурымыкъ

    упрямый
    / Ерыщ, мывэгъзэгъ.
    * Гурымыкъ гурымыкъ и щIасэщ. (погов.) ЛIы гурымыкъыр фыз гъагъщ. (погов.) Пакъэ куэд зылъэгъуа, куэд зи нэгу щIэкIа лIы гурымыкъ залым гуэрт. Т. Хь.
    {И} гурымыкъ къикIын быть не в духе.
    * {Сидневыр} къэгубжьамэ, е и гурымыкъ къикIамэ, щысхь иIэтэкъым. Т. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гурымыкъ

  • 7 дакъэ

    1. комель (дерева, растения, бревна)
    / Жыгхэм, къэкIыгъэхэм я лъабжьэм и гъунэгъу Iыхьэ, и гъумыпIэ, зыгуэрым и гъумыпIэ.
    Жыг дакъэ. Нартыху дакъэ.
    2. пень, кряж
    / Жыгыр паупщIа нэужь, къыхэна лъабжьэ, пхъэ тыкъыр.
    Жыгей дакъэр мафIэ гуащIэ мэхъу.
    3. утолщенная часть чего-л. (напр. топорища)
    / Зыгуэрым и гъумыпIэ.
    ДжыдэкI дакъэ.
    ЛIы дакъэ см. лIы.
    Фоч дакъэ см. фоч.
    Хьэку дакъэ см. хьэку.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > дакъэ

  • 8 еблэжын

    (йоблэж) неперех. гл. сожалеть о чем-л. (сделанном, обещанном и т. п.)
    / Нэпсеягъэм къыхэкIкIэ зыгуэрым щысхьыжын, зыгуэркIэ къэгъэгугъэу пцIы упсыжын.
    Ахъшэм еблэжын.
    * Хэти и псэ еблэжыну мы Iуэхур и пщэ дремылъхьэ. фольк. -НакIуэ, -жиIащ Лъэпщ, -лIы и жыIэ еблэжыркъым, лIы и псалъэ къутэжыркъым. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > еблэжын

  • 9 етын

    (ирет) перех. гл. 1. дать, вручить кому-л. что-л.
    / Iэрыгъэхьэн, IэщIэлъхьэн.
    Тхылъыр еджакIуэм етын.
    * Къубатийрэ Бей-Булатрэ зэхэту мэл щищ иратащ Ермоловым. Ш. А.
    2. дать, предоставить, обеспечить кому-л. что-л.
    / Зыгуэр зыгуэркIэ къызэгъэпэщын, зыгуэрым зыгуэр хузэфIэгъэкIын.
    ЩIэблэм щIэныгъэ етын. ЩIалэм лэжьапIэ етын.
    3. дать, даровать кому-чему-л. что-л. ; наделить, наградить кого-что-л. чем-л.
    / Зыгуэрым зыгуэркIэ хуэупсэн, тыгъэ хуэщIын.
    ЛэжьакIуэ пашэм орден етын. Саугъэт етын.
    4. закрыть, запереть что-л. (напр. замок)
    / Гъэбыдэн.
    БжэIулъэ етын. IункIыбзэ етын. Хьэлъкъ етын. Жыгым щIэгъэкъуэн етын.
    5. уплатить какую-л. цену
    / Зыгуэрым уасэ щIэтын.
    Мэлым ахъшэшхуэ естащ.
    Ажал етын см. ажал.
    Гъуэгу емытын см. гъуэгу.
    КIэ етын см. кIэ.
    ЛIы етын см. лIы.
    Лъатэпс етын см. лъалэпс.
    Нэмыплъ етын см. нэмыплъ.
    Псалъэ етын см. псалъэ.
    Сэху етын см. сэху.
    Судым етын см. суд.
    Телеграммэ етын см. телеграммэ.
    УвыIэпIэ етын см. увыIэпIэ.
    Узыгъуэ етын см. узыгъуэ.
    ШхупцIатэ етын см. шхупцIатэ.
    Iэмал емытын см. Iэмал.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > етын

  • 10 щIын

    (ещI) перех. гл. сделать что-л.
    / Зыгуэрым уелэжьурэ узыхуей щытыкIэр егъэгъуэтын, зыгуэр ухуэн, зэгъэпэщын.
    Унэ щIын. Iэзэу щIын.
    Ауан щIын см. ауан. Белджылы щIын см. белджылы. Бий щIын см. бий. Благъэ щIын см. благъэ II. Бын щIын см. бын. Бысым щIын см. бысым. {И} гуапэ щIын см. гуапэ. Гуэбэн щIын см. гуэбэн. Губгъэн щIын см. губгъэн. Гукъанэ щIын см. гукъанэ. ГукъэкI щIын см. гукъэкI. Гукъеуэ щIын см. гукъеуэ. Гукъыдэж щIын см. гукъыдэж. Гупыж щIын см. гупыж. Гурыщхъуэ щIын см. гурыщхъуэ. Гъэр щIын см. гъэр. Дэлъху щIын см. дэлъху. Делэ щIын см. делэ. ДжэгупIэ щIын см. джэгупIэ. Джэгу щIын см. джэгу. ЕмыкIу щIын см. емыкIу. Есэп щIын см. есэп. {И} жагъуэ щIын см. жагъуэ. Жэщ щIын см. жэщ. Зэхэзещхъуэн щIын см. зэхэзещхъуэн. Зэхэзехуэ щIын см. зэхэзехуэ. Ислъэмей щIын см. ислъэмей. КуцI щIын см. куцI. КIэбгъу щIын см. кIэбгъу. КIыхьлIыхь щIын см. кIыхьлIыхь. Къабыл щIын см. къабыл. Къуэш щIын см. къуэш. Лы щIын см. лы. Лъагъуныгъэ щIын см. лъагъуныгъэ. ЛIы щIын см. лIы. МафIэ щIын см. мафIэ. Мурад щIын см. мурад. МыцIыху щIын см. мыцIыху. Нащхьэ щIын см. нащхьэ. НэджэIуджэ щIын см. нэджэIуджэ. Нэмыс щIын см. нэмыс. Нэрыгъ щIын см. нэрыгъ. Нэщхъ щIын см. нэщхъ. Ныбжьэгъу щIын см. ныбжьэгъу. Ныкъуэкъуэгъу щIын см. ныкъуэкъуэгъу. Нысэ щIын см. нысэ. Пэшэгъу щIын см. пэшэгъу. Псалъэмакъ щIын см. псалъэмакъ. Пхъэр щIын см. пхъэр. Пхъу щIын см. пхъу. Пшэр щIын см. пшэр. Сэтей щIын см. сэтей. Таучэл щIын см. таучэл. ТегушхуэгъуафIэ щIын см. тегушхуэгъуафIэ. ТегъэщIапIэ щIын см. тегъэщIапIэ. Тхьэлъанэ щIын см. тхьэлъанэ. Уэд щIын см. уэд. Унафэ щIын см. унафэ. Фыз щIын см. фыз. ФIэгъэнапIэ щIын см. фIэгъэнапIэ. {И} фIэщ щIын см. фIэщ. ФIыщIэ щIын см. фIыщIэ. Хэз щIын см. хэз. Хэплъыхь щIын см. хэплъыхь. ХэщIапIэ щIын см. хэщIапIэ. ХэIущIыIу щIын см. хэIущIыIу. Хьэбэсабэ щIын см. хьэбэсабэ. Хьэдагъэ щIын см. хьэдагъэ. Хьэрэм щIын см. хьэрэм II. ХьэIупс щIын см. хьэIупс. Хьисэп щIын см. хьисэп. ХъымпIар (мы)щIын см. хъымпIар. Цыщтеуд щIын см. цыщтеуд. ЦIыху щIын см. цIыху. Шэджэгъуашхэ щIын см. шэджэгъуашхэ. Шэджагъуэ щIын см. шэджагъуэ. Шэч щIын см. шэч. ШкIащIэ увыкIэ щIын см. шкIащIэ. Шыпхъу щIын см. шыпхъу. Щхьэр щIын см. щхьэ. Щхьэусыгъуэ щIын см. щхьэусыгъуэ. Iэ щIын см. Iэ. Iэпэгъу щIын см. Iэпэгъу. Iэпэдэгъэлэл щIын см. Iэпэдэгъэлэл. IэпэешэкI щIын см. IэпэешэкI. Iэрыубыд щIын см. Iэрыубыд. IэштIым щIын см. IэштIым. IэщIыб щIын см. IэщIыб. Iуэху щIын см. Iуэху. Iумпэм щIын см. Iумпэм. IумпIафIэ щIын см. IумпIафIэ. IупщIэ щIын см. IупщIэ II.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIын

  • 11 а

    I первая буква кабардино-черкесского алфавита
    / Адыгэ алфавитым и япэ хьэрф.
    II указат. мест. тот, то
    / Щхьэ гуэр е предмет къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп.
    * А къалэныр си дежкIэ насыпу солъытэ. Къ. Хь. А дакъикъэм Берд и гупыр псы Iуфэм къыIулъэдащ. Н. З. А лIы ерыщхэм, шынэхъыщIэ, таурыхъхэу, уэрэдхэу, псалъэжьхэу, шыпсэхэу ягъуэтыр ятхащ. Т. Хь.
    (А-А) III междом 1. выражает припоминание, удивление, догадку
    / ГъэщIэгъуэныгъэ, къэуIэбжьыныгъэ къегъэлъагъуэ.
    * А-а, щIалэ махуэ хъун, нобэ дыбгъэIуэщхъуащ, узыхуэдгъэджэнур дымыщIэу. Къу. С. А-а, Кушыку, си ныбжьэгъужь, къеблагъэ, ди хьэгъуэлIыгъуэм къытхухэплъэ ! Къу. Б. А-а, фэра ар? Еблагъэ, Нурхьэлий, еблагъэ уэри, Исхьэкъ ! КI. А.
    2. выражает узнавание
    / Зыгуэр къыщащIэжым, къыщацIыхужым деж жаIэ.
    * А-а, а агрономыр сэ соцIыху. Iуащхь.
    3. выражает неуважение, пренебрежение говорящего по отношению к предмету разговора
    / Зи гугъу ящIым пщIэшхуэ зэрыхуимыщIыр, мыхьэнэшхуэ иIэу къызэримылъытэр къегъэлъагъуэ.
    * А-а, мо делъэIуделафэра зи гугъу пщIыр ? Ныбжьэгъу делэ нэхърэ жагъуэгъу губзыгъэ жыхуаIэр пэжщ. Т. Хь. А-а! Мыхьэнэ къикIыркъым абы, псори къайгъэншэу зэфIэкIынущ. Къ. М.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > а

  • 12 адэнэпIэс

    отчим
    / Къэзымылъхуа адэ, анэр зыдэкIуэжа е анэмрэ бынымрэ къахыхьэжа лIы.
    * Фэ цIыкIухэр зы адэнэпIэс фесшэлIэну алыхьым имыухкIэ ар. Т. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > адэнэпIэс

  • 13 адыгэш

    кабардинская порода лошадей ( верхово-вьючная)
    / Адыгэхэм къагъэхъуа шы лъэпкъыфI.
    * Адыгэшрэ лIы бэшэчрэ. (погов.) И пэри тIыпэ хъужауэ, и щхьэр цIыкIуу, гъуру, лъакъуэ псыгъуэу, лъагэу, бгъэшхуэу - адыгэш дыдэт. КI. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > адыгэш

  • 14 акъылцыдж

    просторечие очень вспыльчивый
    / Хуабжьу къэгубжьыгъуафIэ, тэмакъкIэщI.
    ЛIы акъылцыджым уIурыIэбэ хъуртэкъым.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > акъылцыдж

  • 15 алътес

    атлас ¦ атласный
    / Данэ щэкI пIащIэ лъэпкъщ, и фIыпIэмкIэ тецIуукIыу.
    Алътес шхыIэнтебзэ. Алътес джанэ.
    * ХьэсаншкIэ зэджэр лIы фIыцIэ есщ, жыг щхьэгурысти, алътес къэпталыр зигъэкIэрахъуэурэ елажьэ. Къэб. п. и ант.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > алътес

  • 16 аргуэру

    нареч. опять, снова
    / Къытригъазэу, етIуанэ-ещанэу, щIэрыщIэу.
    * КIуэцIыбжэмкIэ аргуэру зы лIы нэщхъпыджэ къыщIокIри стIолым къыбгъэдохьэ. Щ. Т.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > аргуэру

  • 17 афэху

    устар. кольчуга, покрытая серебром
    / ДыжьынкIэ ла, щIэгъэна афэ.
    * Дэ дымыделэтэмэ, Уей, ди СосрыкъуапцIэр, Ди лIы фIыцIэ гъущIынэр, Ди емынэ шужьейр, Зи лъэужьыр тхуэмахуэр, Зи афэхур тхуэпашэр къыздетшэжьэнт. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > афэху

  • 18 батырыбжьэ

    устар. чаша с напитком (которой удостаивались герои, богатыри)
    / ЛIы ахъырзэман, лIыгъэ ин зыбгъэдэлъ, зэфIэкIышхуэ зиIэ, пщIэшхуэ зыхуащI, фIыуэ цIыхубэм ялъагъум ирату щыта фадэбжьэ.
    * Батырыбжьэр зыхуагъэфащэу дыщэ уанэр зыхутралъхьэ. Ш. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > батырыбжьэ

  • 19 бжэнлъакъуэ

    I бот. оносма кавказская (Оnosma caucasicum Levin)
    / Гъэ къэс къэкI удз (дыгъапIэ джабэхэм, псы щымащIэ щIыпIэхэм къыщокI, гъэгъа гъуэжьыфэ гъэмахуэм къыпедзэ).
    II къызэр самокрутка, козья ножка
    / Тутын шыхьа, лулэм ещхьу щIауэ.
    * ЛIы гуп зэхэсым тхылъымпIэм бжэнлъакъуэхэр къыхащIыкIырт, я Iэгу быдэхэм махоркэр тхылъымпIэ яIуэнтIам и пэ нэхъ гъумымкIэ иракIутэу. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бжэнлъакъуэ

  • 20 бзитIщхьитI

    двуличный
    / ПцIыIуэпцIылэ, жиIам темытыж; бзэгузехьэ, IуитIбзитI.
    * Шэджэмокъуэр нэхъ зыхузэгуэпыр аратэкъым, атIэ езым фIыуэ ицIыху, къэзыцIыхуж Къаздэхъу Шэхьбант, бзитIщхьитIу къыщIэкIа лIы цIыкIу къамэшхуэрт. Т. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бзитIщхьитI

См. также в других словарях:

  • лIы — (лIыр, лIыхэр) мужчина Хъулъфыгъ Шъузым илI егъашIо Пшъашъэр лIы дэкIуагъ ЛIы зыцIэр бэдэд, ау лIы дэдэр макIэ ЛIыр лIызэ мэлIэжьы гущ. ◊ ЛIы щэрыу остряк ◊ ЛIы губзыгъ умный ◊ ЛIымэ ялIыжь превосходный мужчина …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • дигъэкIожьыгъ — (дегъэкIожьы) езгъ., дэшI. 1. отправил, а, о его (ее) вместе с ним, с ней обратно Гъусэ фишIи ыгъэкIожьыгъ Тхьаматэр къалэм макIоти икIэлэ хьакIэ дигъэкIожьыгъ 2. выдал, а, о обратно (за него же) замуж Ригъэщэжьыгъ Шъузыр илIыгъэм дигъэкIожьыгъ 3 …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • зырыз — 1. по одному МыIэрысэ зырыз аритыгъ Жъуагъор зырыз, мазэм изакъу 2. на редкость Гъотыгъуай ЛIы фэдэр бэдэд, лIы дэдэр зырыз гущ …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • шъырыт — (шъырытыр, шъырытхэр) скромный, ая, ое; вежливый, ая, ое ЛIы гъэIылъыгъэ акъылышIу ЛIы шъырыт …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • Кабардино-черкесский язык — Самоназвание: Къэбэрдей шэрджэсыбзэ, адыгэбзэ Страны: Россия …   Википедия

  • Адыгейская письменность — Адыгейская письменность  письменность адыгейского языка. В XIX веке было создано несколько проектов алфавитов для адыгейского языка. Некоторые из них базировались на арабском алфавите, а некоторые  на кириллица. 1840 год адыгский… …   Википедия

  • а — I 1. Бэ пчъагъэм итэу, ящэнэрэшъхьэр къикIэу, лъыIэсрэ глаголмэ ясубъект къегъэлъагъо личный показатель субъекта третьего лица множественного числа переходных глаголов Атхы они пишут, атхыгъ они написали 2. Бэ пчъагъэм итэу, ящэнэрэшъхьэр къикIэу …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • батыр — (батырыр, батырхэр) 1. богатырь Пелуан Батырыр дзэм къыхэкIи пчэгум къихьагъ 2. сильный, ая, ое, смелый, ая, ое, отважный, ая, ое Лъэш, лIыблан Ар кIэлэ батыр ЦIыфхэр бгъэразэу о узэуагъ, лIы батыр ябгъэIуагъ …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • бжьыго — (бжьыгор, бжьыгохэр) неказистый, ая, ое Бжьыко, теплъэ зимыI ЛIы бжьыгу А паIом ар бжьыго кIэхъукIы …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • бжьышIо — (бжьышIор, бжьышIохэр) статный, ая, ое ИинагъэкIэ, ыпкъ зэхэлъыкIэкIэ зэкIужьэу, дахэу щыт цIыф КIэлэ бжьышIо дах Бжьэпщым фэдэу бжьышIо Исмахьилэ лIы бжьышIу КI. Т …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

  • быхъу — (быхъур, быхъухэр) 1. широкий, ая, ое, къып. зэжъу Гъончэджыр быхъу хъугъэ Джанэм ыпшъапIэ быхъу Палътэу быхъушхо щыгъ 2. толстый, ая, ое Пщэрышху, ныбэшъушху ЛIы быхъу кIэкI Шъуз быхъу лъэкур …   Адыгабзэм изэхэф гущыIалъ

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»