-
21 зэрыгъэж
конфорка ( кухонной плиты)/ Хьэку плитэнэм телъ хъурей гъуанэ къытраххэрщ.Зэрыгъэжыр къытехын. Зэрыгъэжыр тегъэлъэдэжын. -
22 зэхьфиран
кубано-зеленчукские бот. сафлор красильный ( Iarthamus tinctorius)/ ХадэхэкI лъэпкъыгъуэщ.И тхьэмпэхэр хъурей-кIыхьщ, и пкъыр занщIэу докIей. Гъэмахуэкум деж гъуэплъыфэу мэгъагъэ. И гъэгъам иIэгъэ къыхах. Езым и жылэхэм сэхуран жылэм ещхьу дагъэ ящIэтщ. -
23 зеиншэ
сирота/ Адэ-анэ зимыIэж, ибэ.Нафисэт.. IэпцIэлъапцIэу, нэхумрэ хуабэмрэ зэрылъэIэс щымыIэу зеиншэ хуэдэ къэтэджащ. КI. Т. Илъэсищ хъуат Назиррэ Залинэрэ зеиншэу къызэрынэрэ.., къащхьэщысын ямыIэу зэрыпсэурэ. Щ. I.Зеиншэ хъурей круглый (круглая) сирота. Зеиншэ хъурейуэ къэна хъыджэбз цIыкIур гъунэгъу фызым зришэлIэжащ. -
24 зышыхьын
(зешыхь) перех. гл. свернуться (о собаке, бумаге, листе и т. п.)/ Хъурей зыщIын, зызэрыгъэпщхьэн.ТхылъымпIэ напэм зишыхьащ. Хьэм зишыхьри бжэIупэм Iугъуэлъхьэжащ. Зешыхьри благъуэр мэтIыс. Акъ. З. -
25 кнопкэ
1. кнопка ( канцелярская)/ тхылъымпIэ, щэкI с. ху. быдэ гуэрым зэрыкIэрагъэубыдэ гъущIыкIэ папцIэ цIыкIу, пыIэ хъурей щхьэрысу. К нопкэкIэегъэубыдын.2. кнопка (напр. звонка)/ Хэпкъузэмэ механизм зэмылIэужьыгъуэхэр иригъажьэу, игъэлажьэу къагъэсэбэп щIыIущхьэ цIыкIу. У эзджынэми кнопкэ. Станокыр езыгъажьэ кнопкэ.3. кнопка ( застежка)/ ГъущIым е пластмасым къыхэщIыкIа, IыхьитIу зэхэт, зыр адрейм ирагъапкIэурэ щыгъыныр зэрапхэ щIыIу лIэужьыгъуэ. Джанэмкнопкэхэр итщ. -
26 куэкум
сорт сливы/ КъыпцIэ хъурей лъэпкъ. -
27 кIэнуанэ
свинчатка, бита/ КIэн щыджэгукIэ зэрыдэу кIэн, мывэ пIащэ хъурей.* - КъызжыIэ си адэр зыукIа бзаджэр - кIэну пхьэхуари узот, телъхьэ кIэнуанэри пхузощI, - жиIащ Ашэмэз. Нарт. -
28 къалэ
1. город/ КъулыкъущIапIэ, сату, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыIэу цIыху куэд щыпсэу жылагъуэшхуэ.2. устар. крепость/ КъэщIыхьа быдапIэ.къалэ дыхьэпIэ арка при въезде в город, городские ворота/ Гъуэгур къалэм щыдыхьэм деж ящI ухуэныгъэ, куэбжэ ин.Къалэ дыхьэпIэм нып фIэдзащ.къалэ хъурей устар. замок/ ЗауэкIэ къатеуэхэм зыщахъумэн папщIэ ящI быдапIэ.Къалэ хъурейм зыщыгъэбыдэн. -
29 къамэкIэпыс
металлический шарик на конце ножен кинжала/ КъамэкIэпышхэм я кIапэм пащIыхь тыкъыр хъурей цIыкIу (дыщэу, дыжьыну). Дыжьын къамэкIэпыс. -
30 къэбгъажэ
устар. детская игрушка из круглой тыквы и прута, продетого сквозь нее так, чтобы можно было катить ее/ ЦIыкIухэр зэрыджэгуу щыта хьэгургъажэ (къэб хъурей и кум чы зэпрагъэжти гу цIыкIум ещхьу кърашэкIт).Къэбгъажэ иIыгъыу сабийм къежыхь. -
31 къэзмакънэпцI
бот. лох узколистный ( Elaeаgnus augustifolia)/ Зи тхьэмпэ бгъузэ кIыхьхэр къазмакъейм ещхь жыг цIыкIу, пхъэщхьэмыщхьэ хъурей-кIыхь къыпыкIэр яшхыу. -
32 кхъуейхьэбыкъуэ
1. бот. просвирник, мальва ( Malva)/ Зи жылэхэмрэ зи тхьэмпэхэмрэ адыгэ кхъуейм ещхьу хъурей удз лъахъшэ цIыкIу.2. переносное кусок свежего ( молодого) сыра/ Кхъуей хэхам щыщ IэшкIэ.* Фызыжьым кхъуейр шэжыпсым къызэрыхикъузыкIыу, сабий щытым хкъуейхьэбыкъуэ ихузри хуишиящ. фольк. -
33 лъакъуэдэу
способ плетения легкой изгороди с просветами по горизонтали/ Набжэ щIыкIэ: набжэр хъар дахэ, екIу хъун щхьэкIэ бжэгъу къэс бгъурыту чыхэр дагъэлъадэ, къагъэшыжри и щхьэм щыдадзыж.Лъакъуэдэухэр зэхуэдэу хъурей щIыкIэу къагъэш. -
34 мажьэкъуаншэ
гребень ( изогнутый)/ Дзэ цIырхъ зыIут, хъурей щIыкIэу гъэжьа мажьэ; щхьэхэIу мажьэ.Щхьэцым мажьэкъуаншэ хэIун. Мажьэкъуаншэр зэфIэщIыкIащ. -
35 мастэтоп
игла с круглой головкой для украшения игольника/ Щхьэ хъурей цIыкIу зыфIэт бохъшэр зэрагъэщIэращIэ мастэ. -
36 мэзхъурсанэ
бот. паслён чёрный ( Solanum nigrum)/ Джэдхъурсанэм хуэдэу хъурей (фIыцIэ) цIыкIухэр къызыпыкIэ къэкIыгъэ дэжей. -
37 мэзыдэ
лесной орех/ Бжыхь, чий къызыхащIыкI дейм къыпыкIэ дэ хъурей цIыкIу.* Мэзыдэ хьэблэ цIыкIур дыкIуэрт. Къэб. Бажэм и гъуэм мэзыдэ сытхэр изу илът. фольк. -
38 мэлкIэвей
овечий помёт/ Мэлым къыдэхыж хъурей цIыкIухэр. -
39 мэшбэв
-
40 мэIу
устар. щит/ Бжы, сэшхуэ с. ху. пэщIадзу зэрызрахъумэу щыта гъущI пIащIэ хъурей е плIимэ, пшапэIудз.* Пщы-Марыкъуэ и токъумакъыр къызыкъуех, Батэрэз Iэрыхуэу мэIур ныпыIуедз. Нарт.
Страницы