-
61 ужьгъащхьэ
верхний ( деревянный) жёрнов просорушки/ Ужьгъэм текIэрэхъухьу и щIыIу телъ щхьэл мывэм хуэдэу пхъэ хъурей ин.Ужьгъащхьэ хэхын. -
62 утIэрэзын
(мэутIэрэз) неперех. гл. кудрявиться ( о волосах)/ Хъурей цIыкIу-цIыкIуурэ зигъэшын, шэрэзын (цыр).Щхьэцыр утIэрэзащ. -
63 ухъуреин
(еухъурей) перех. гл. округлить что-л./ Зыгуэр дзакIэ пхыша-къыпхыша имыIэу хъурей щIын.Хьэлыуэ IэшкIэ ухъуреин. -
64 ху
I сорок третья буква кабардино-черкесского алфавита/ Адыгэ алфавитым и плIыщIрэ ещанэ хьэрф.II бот. просо посевное ( Panicum miliaceum)/ Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр зэлэжь къэкIыгъэ (хьэцэпэцэ хьэдзэ гъуэжь хъурей цIыкIухэр куэду ирешIэ, мэшкIи йоджэ).* Нэдым и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым. (погов.) Ху хьэдзэ къэсыхукIэ лэгъуп из пIастэ къищIащ. фольк. -
65 хьэбзэгу
I бот. подорожник большой ( Plantago major)/ Тхьэмпэ хъурей ин зиIэ удз лIэужьыгъуэ.II сорт табака/ Тутын лъэпкъ.Хьэбзэгур тутыныфIщ. -
66 хьэдэ
покойник, мертвец; труп/ ЛIа, зи псэр хэкIа.* Хьэдэр зейр кхъаблэпэщ. (погов.)Хьэдэ гурышэ трагически погибший человек.Хьэдэ дэхын (ихын) похоронить родного, близкого человека.Хьэдэ ириха нэхъей грустный, печальный.Хьэдэ къуаншэ человек, умерший в одиночестве (букв. скрюченный труп).Хьэдэ хъурей как труп ( о крепко спящем человеке).Хьэдэр зыгъеин проклятый.Хьэдэр зэгъэзэхуэжын = хьэдэр зэгъэпщэжын.Хьэдэр зэгъэпщэжын выпрямить тело только что умершего человека.* Темыржан и щIакIуэ фIыцIэр зыщех, лIыжьым и хьэдэр абы трелъхьэри зэрегъэпэщыж. Iуащхь.хьэдэ къупщхьэ скелет мертвеца/ Хьэдэм и къупщхьэхэр, къупщхьэ зэрыблэ.* А хущхъуэм щыщ хьэдэ къупщхьэу узыхуэзэм теуди псори къэхъужынущ. Ад. таур.хьэдэ мыф мумия/ ЗэмыкIуэкIын папщIэ ягъэгъуа цIыху хьэдэ.хьэдэ пхъэбгъу одр, ложе, на которой обмывают покойника/ Хьэдэр щагъэпскIкIэ зытелъ пхъэбгъу хьэкхъуафэ. -
67 хьэкъырш
бот. сурепка обыкновенная ( Barbarea vulgaris)/ Гъуэжьу гъагъэу, хъуа иужькIэ жылэ фIыцIэ хъурей цIыкIу зыщI губгъуэ удз лъэпкъ.Хьэкъыршыр хадэхэкIхэм зэран хуохъу. Хьэкъырш къыхэчын. -
68 хьэлывапIэ
тесто для пирожка/ Хьэлывэдэлъхьэр далъхьэну ягъэхьэзыра тхьэв хуа пIащIэ хъурей. -
69 хьэIуей
бот. азалия желтая ( Azalea Pontica)/ Чыцэ гуэрэну къэкI гъурц лъэпкъ, и тхьэмпэхэм кIы кIэщI яIэу, хъурей кIыхь.ХьэIуей зыхэлъ мэкъур Iэщым яшхыркъым. -
70 хъурейуэ
нареч. вокруг, кругом/ Хъурей теплъэ иIэу.* Хэт илъэгъуа щэныфIэ защIэу хъыджэбзхэм уджым хъурейуэ къакIухьу. Хь. Хь. -
71 хъуреябзэ
совершенно круглый/ Хъурей дыдэ.Нэ хъуреябзэ. -
72 хъуреягъ
нареч. вокруг/ Хъурей псалъэм къытекIа щыIэцIэ.* Шахмат джэгухэм я хъуреягъыр щIалэхэм къаувыхьат. Д. Хь. -
73 цеящэбаш
-
74 цыикуэ
деревянный инструмент, с помощью которого всовывают конец шерстяной нитки внутрь мотка/ Цы яшыхьам кIапэр зэрыкIуэцIакуэж пхъэ хъурей кIэщI.Цыикуэр гъэIэкIуэлъэкIуэн. -
75 цыкIуэкIыкI
стержень веретена/ Хъурей дахэу упса, пхъэ шэрхъыр зыфIалъхьэ баш кIыхь цIыкIу. -
76 цыкIуэкIыщхьэ
деревянная головка веретена/ Цы щаджкIэ цыкIуэкIыр зэхуэдэу кIэрэхъуэн папщIэ и щхьэм фIалъхьэ пхъэ хъурей пIащIэ.ЦыкIуэкIыщхьэр фIэхун. -
77 чей
кадка, чан/ Жыгей е бжей пхъэбгъум къыхэщIыкIа, зыгуэр иракIэу е иралъхьэу къагъэсэбэп кумбыгъэ хъурей. -
78 чыцIыпей
бот. бересклет ( Euonymus)/ Чыцэ лъэпкъ, (и пхъафэр щхъуантIэщ е щхъуафэщ, и тхьэмпэхэр хъурей кIыхьщ). -
79 шэпхъ
-
80 шэрхъ
колесо/ Гу, машинэ, мафIэгу с. ху. иризекIуэу щIагъэувэ хъурей (гудзэ иIэу е имыIэу).Гу шэрхъ.
Страницы