-
1 зэгъэкъун
а) (зэрегъэкъу) перех. гл. упереться чем-л. друг в друга (о ком-л.)/ Зыр зым пэщIэгъэувэн, зэпэщIэт щIын.Къырым тес бгъэм и дамэхэр зэрегъэкъу. ЩIалэ цIыкIуитIым я лъэгуажьэхэр зэрагъэкъуащ.б) (зэгъэкъуащ) неперех. гл. упереться друг в друга ( о чем-л)/ Зыр зым пэщIэувэн, егъэкъуа хъун.* Я натIэхэр зэгъэкъуарэ лъы къызэтелъадэ я нэхэр къицIуукIыу домбейхэр зэм я пIэм ижыхьырт зэм бжьакъуэхэр зэфIагъанэрти зым и щхьэр зым фIищIыкIыну хэтт. Iуащхь. Арати, ди лъэгуажьэпэ зэгъэкъуауэ дотIыс. Хь. А. -
2 зэдежьуун
(зэдожьу) 1. неперех. гл. вместе петь/ Зыр зым дежьуун, зэщIыгъуу ежьуун.Уэрэдыр зым къыхидзэрт, адрейхэр зэдежьууэ даIэтырт.2. переносное поддакивать, подпевать друг другу/ Зым жиIэр зым дищтэн, диIыгъын.Нэхъыжьым жиIэм нэхъыщIэхэр зэдожьу. -
3 зэкIэлъелъэн
I (зэкIэлъолъэ) неперех. гл. перепрыгивать друг за другом {через} что-л./ Зыр зым и ужь иту зыгуэрым елъэн, зэкIэлъхьэужьу елъэн.Зым яужь зыр иту шухэр щIытIым зэкIэлъолъэ.II (зэкIэлъолъэ) неперех. гл. перепрыгивать поочередно {через} что-л. (напр. через несколько канав)/ Зым и ужькIэ зым елъэн; зэкIэлъыкIуэу елъэн (тIум, щым е нэхъыбэм).Шум зричауэ и бгъуитIымкIэ хэтIауэ ирикIуэ чыхэр сэшхуэкIэ зэпигъэхуу, пхъэ Iэтахэм зэкIэлъелъэурэ кIуэрт. -
4 зэтеIулIэн
а) (зэтреIулIэ) перех. гл. 1. сколотить, сбить что-л./ Зыр зым теIулIэн, зэрыгъэубыдын гъущI Iунэ сыт хуэдэкIэ.* Шэджэмокъуэ хьэсанш шы бгъуэщIым зредзри, и сагъындакъыр зэфIэдзагъэххэти, {нэгъуей фызышэм} я гупхъэтIэкIумрэ я гулъэмыжымрэ зэтреIулIэ. Къэб. п. и ант.2. переносное сметать, сшить/ Зыр зым кIэрыгъэубыдэн Iуданэ сыт хуэдэкIэ.ЩIэбзэмрэ тебзэмрэ зэтеIулIэн.б) (зэтеIулIащ) неперех. гл. 1. быть прибитыми друг к другу/ Зыр зым теIулIауэ, гъущI Iунэ сыт хуэдэкIэ зэрыгъэубыдауэ щытын.ПхъэбгъуитIыр зэтеIулIат.2. переносное быть сметанными, сшитыми/ Зыр зым теIулIауэ щытын.ШхыIэн щIэбзэмрэ тебзэмрэ зэтеIулIат. -
5 зэфIэтехын
(зэфIэтрах) неперех. гл. кубано-зеленчукские 1. отнимать, вырывать что-л. друг у друга/ Зыгуэр зым адрейм иримыту, зым зым IэщIимыгъэхьэу къыIэщIихыну пылъын.* Ди Зуриди ди Мадини унэр зэлъыIуах, Мухьэмэдрэ Мухьэдинрэ топ зэфIэтрах. Макъ.2. расхватывать что-л. (напр. товар)/ Зыгуэр зыIэрыгъэхьэнымкIэ (къэщэхунымкIэ) зым япэ зыр ищыну щIэкъун.* Абы {Ибрэхьим} иху шыхэр адыгэ шагъдий защIэти, ПашнискIэ къэзакъыу дэс псори къехъуапсэрт, зэфIэтрахыу ящэхут. Хэкур м. -
6 зы
I 1. один/ Бжыгъэ 1; 1 хъу.ШэджагъуэхуегъэзэкI хъуауэ.. {лIитIым} къабгъэдэлъэдащ зы шу. Ж. Б.2. один, одна, одно ( в значении существительного)/ Зыгуэрым ехьэлIауэ къащтэ, хэха гуэр, Iуэхугъуэ пыухыкIа.Зы жыIэн, нэгъуэщI щIэн.II неопред. мест. 1. какой-то, некий/ Зыгуэр, гуэр.ЩIалэ цIыкIур кIуэурэ зыщIыпIэ жэщ щыхъури Iуащхьэ гуэрым тежеихьащ. фольк.2. см. зыри. Дэнэ лъэныкъуэкIэ уплъами, мыл фIэкIа зы плъагъуртэкъым.Зы къупхъэм къигъэджэлауэ точь-в-точь. Хъыджэбз цIыкIуитI зэтIолъхуэныкъуэр зы къупхъэм къигъэджэлауэ зэщхьт.Зы лъэныкъуэкIэ с одной стороны ( в значении вводного слова). Зы лъэныкъуэкIэ щIалэм жиIэр пэжт, ауэ зыми даIыгъакъым.Зы махуэ (мазэ) енкIэ целый день (месяц). Машинэр щIыжыным щIалэр махуэ енкIэ елIэлIащ. Мазэ енкIэ къэтын.Зы махуэ зы махуэкIэ когда-нибудь. - Зы махуэ зы махуэкIэ уигу сыкъэгъэкIыж, - жиIащ хъыджэбзым.Зы мащIэ и куэда нисколько, ни на йоту. ЛIыр зы мащIэ и куэда яхуэгъэкIуэтакъым.Зы мащIэ нэхъ мыхъуми хоть чуточку. Зы мащIэ нэхъ мыхъуми щIалэр я хуекIуэтэкIакъым.Зы хъун объединиться. Бийхэр зы мэхъури зауэр догъахъэ. П. Б.Зым Iэпыхур зым къищтэжу дружно, слаженно ( работать). Елдар, Астемыр, Исхьэкъ сымэ зым Iэпыхур зым къищтэжу, зэгурыIуэу, зэчэнджэщу я къалэн зэфIагъэкIт. КI. А.глагольная приставка обозначающая возвратность действия/ Зылэжьым лэжьыгъэр бгъэдыхьэжыныр къэзыIуатэ префикс, псалъи къигъэхъуу, грамматическэ мыхьэнэ иIэу.ЗытхьэщIын. Зыхуэпэн. Зыгъэхьэзырын. -
7 джабэ
I 1. бок ( часть туловища)/ ЦIыхум, псэущхьэхэм я сэмэгурабгъу е ижьырабгъу лъэныкъуэ, блыгъум къыщыщIэдзауэ шхуэжьым нэс.* Я натIэхэр зэгъэкъуауэ, домбейхэр зэм я пIэм ижыхьырт, зэм я бжьакъуэхэр зэфIагъанэрти зым и щхьэр зым фIищIыкIыну хэтт, зэм зым и бжьакъуэ кIэщI шынагъуэмкIэ адрейм и джабэр къригъэуну хэту. КI. Т.2. бок ( сторона предмета)/ Зыгуэрым ибгъу.Пэгун джабэ. Унэ джабэ. Уафэ джабэр пшэплъ къэхъуащ.Джабэр щIэудын (хущIэудын) помять, наломать кому-л. бока.{И} джабэ иуэн (иуэжын) истощиться; дойти до истощения ( о животных). Жэмым и джабэ иуэжауэ уэдыкъуат.II склон горы; косогор/ Iуащхьэ, бгы хуэдэхэм я бгъущI; нэкIу.Iуащхьэ джабэмкIэ екIуэкIын.* Василь и лъэгум мывэхэр мычэму къыщIэлъеикIырт, джабэ лъагъуэхэм тету щекIуэкIкIэ Iэуэлъауэ ищIу ятIэр къригъэщэщэхырт. КI. Т. -
8 зэдэIуэн
(зодаIуэ) неперех. гл. прислушиваться к мнению друг друга/ Зыр зым едэIуэн, зым и жыIэ зым ищIэн, жыIэщIэу зэхущытын.Зэшхэр зэгурыIуэ, зэдэIуэжу зэдолажьэ. -
9 зэкIэлъетIысэхын
(зэкIэлъотIысэх) неперех. гл. 1. сесть куда-л. один за другим/ Зым и ужь зыр иту етIысэхын, зэкIэлъхьэужьу етIысэхын.ХьэщIэхэр зыр зым кIэлъыкIуэу шэнтхэм зэкIэлъетIысэхащ.2. опуститься, сесть; приземлиться куда-л. один за другим/ Къэзылъэтыхь гуэрхэр зыр зым кIэлъыкIуэу къетIысэхын.Аэродромым кхъухьлъатэхэр щызэкIэлъетIысэхырт. -
10 зэкIэлъыплъын
(зэкIэлъоплъ) неперех. гл. 1. следить друг за другом/ Зыр зым кIэлъыплъын, зэплъэкIуэн.2. переносное проявлять внимание, заботу друг к другу/ Зэхуэсакъын, я нэIэ зэтетт, зым Iэпыхур зым къищтэжу зэдэпсэурт. -
11 зэкIэлъыпысын
(зэкIэлъыпысщ) неперех. гл. 1. сидеть где-л. друг за другом/ Зым зыр кIэлъымыкIуэу зэпысын, зэкIэлъыкIуэу зым и щIыб зыр зым дэсу щысын.ЦIыкIухэр зэкIэлъыпысу пхъэбгъум тест.2. переносное располагаться один за другим ( о домах)/ ЗэкIэлъхьэужьу, зэкIэлъыкIуэу щытын.* Унагъуэ зэкIэлъыпыс къомым ипщэрабгъумкIэ къыщыщIидзэри, жэщыбгым, мафIэр щэхуу яридзурэ, хъыджэбзыр къехащ. Къ. Ж. -
12 зэкIэщIэхын
а) (зэкIэщIех) перех. гл. 1. расставить, раздвинуть (руки, ноги, крылья)/ Зыр зым бгъэдыхьэн, зэпэIэщIэ щIын, зэбгъэдэхын.* Унэ лъэгум къэмыс щIыкIэ абы {мэз джэдум} и лъакъуэ цIыкIухэр ину зэкIэщIихырт. Анэд. ИжьырабгъумкIэ, мэз лъапэм деж.. кхъухьлъатэр щылът, зи дамэр зэкIэщIэзыхыу зи джэджьейхэм тегъуэлъхьа джэдкъурт хуэдэ, щIым хэубгъуауэ. Iуащхь.2. рассадить, разделить/ Зэпэжыжьэу, зэпэщIэхауэ гъэтIысын, хэлъхьэн (жыг, къэкIыгъэ сыт хуэдэхэр).Жыгхэр зэкIэщIэхауэ хэсэн.3. кубано-зеленчукские переносное внести раздор, поссорить кого-л./ Зым игу зым егъэбгъэн, зэмыфI щIын, зэфIэгъэкIуэдын бзэгукIэ, хьилагъэкIэ, хъуэрщэрыгъэкIэ.Зэнэзэпсэу зэрылъагъу быныр цIыху бзаджэхэм зэкIэщIахащ.б) быть рассаженными, разреженными/ ЗэпэщIэхауэ, зэпэжыжьэу хэсауэ щытын (жыг сыт хуэдэхэр).МэракIуэхэр зэкIэщIэхауэ хэсат. -
13 зэлъыгъуэзэн
(зэлъогъуазэ) неперех. гл. навещать друг друга/ Зым и хъыбар зым ищIэн, зыр зым деж кIуэурэ я Iуэху зытетымкIэ, я узыншагъэмкIэ зэрыщIэн.Зэгъунэгъухэр зэлъогъуазэ. -
14 зэпщIэхэдзауэ
нареч. в обнимку/ Зыр зым пщIэхэдзауэ, зым и Iэр зым и пщэм дэлъу.ЗэныбжьэгъуитIыр зэпщIэхэдзауэ щысщ.* А тIур {си къуэшымрэ и шымрэ} апхуэдэу зэпщIэхэдзауэ куэдрэ щытащ, пщIэнтэкъым зэкIэрыпщIауэ фIэкIа. Къ. З. -
15 зэпыхын
I (зэпех) перех. гл. пилить что-л./ ПхъэхкIэ зэпыгъэщхьэхукIын.* Зэгуэрым {Астемыр} и закъуэ къэкIуэжу зыгуэрым и пхъэрыгъажэ зэпахыу къаIущIащ. КI. А.II (зэпах) перех. гл. кубано-зеленчукские 1. перенять, усвоить что-л. друг у друга (обычаи, нравы, привычки, моду и т. п.)/ Зым зым зыгуэр къыпихын (хабзэ, фащэ, щэн сыт хуэдэхэр).* ЦIыхухэр зэхыхьэ-зэхэкIыу щыщыткIэ, зэдоплъейхэр, хабзэ зэпах, акъыл зэпах. Iуащхь.2. заразиться друг от друга чем-л./ Зым адрейр и узымкIэ ицIэлэн. -
16 зэрыгъэлъэпэрэпэн
(зэрогъэлъэпэрапэ) неперех. гл. 1. толкаться, толкать друг друга/ Зым зыр игъэлъэпэрэпэн.Лъэрыжэ ирижэ цIыкIухэр зыр зым жьэхэуэурэ зэрыгъэлъэпэрэпащ.2. переносное попасть в неприятное положение по обоюдной вине/ Зыр зым зэран хуэхъуу лъэпощхьэпо, Iуэху мыхъумыщIэ хуэзэн. -
17 зэрыгъэхуэбэн
(зэрогъэхуабэ) неперех. гл. согревать друг друга/ Зым зыр игъэхуэбэн, хуабэ зэрыгъэхъун.* Абы {дыгъужь анэжьым} и дыгъужь шыр цIыкIуищыр къэмыхъеяуэ жейхэрт, Iуву зэхэпщхьахэу зэрыгъэхуабэхэу. Анэд. Ахэр {кхъуэ шырхэр} сыт щыгъуи зэщIыгъущ.. щыжейкIи зэгъусэхэщ, зым зым быдэу зрикъузылIэжурэ зэрыгъэхуабэурэ зэхэлъщ. Анэд. -
18 зэрыхэгъэзыхьын
(зэрыхогъэзыхь) неперех. гл. 1. настойчиво спорить друг с другом/ Зым зыр хигъэзыхьын, Iуэху гуэркIэ зэныкъуэкъун.* ЗэфIэна си гугъэри, зэзауэ хъужыкъуэмэ, Iэжьэгъу сыхъунщ жысIэри нэхъ сабгъэдэкIуэтащ, ауэ тIуми гу къыслъатэкъым - зэрыхэгъэзыхьауэ зэпсалъэрт. Къэр. Хь.2. переносное наступать, наседать друг на друга (напр. в бою)/ Зым зыр хигъэзыхьын, зыр зым ебгъэрыкIуэн (зауэм деж).* Джатэ гуэрыр тIуми кърапхъуэт, Джатэ жанкIэ ахэр зодзэпкъауэ, ТIури плъауэ зэрыхогъэзыхь, Шым къызэрохьэх. Нарт. -
19 зэрыхэшэн
(зэрыхошэ) неперех. гл. 1. завести, ввести друг друга куда-л./ Зым зыр хишэн, зыр зым хишэурэ хихьэн зыгуэрым.Мэзым зэрыхэшащ. Псым зэрыхэшащ.2. переносное вовлечь, втянуть друг друга во что-л. (напр. в дело)/ Зым зыр хишэн, акъылэгъу зэрыщIу хыхьэн.* Сыхьэти дэкIатэкъым фызитIыр псалъэным зэрыхэшауэ, игъащIэ лъандэрэ зэрыцIыху фIэкIа умыщIэну щыхъуам. Къэб. -
20 зэрыщIэуфэн
(зэрыщIоуфэ) неперех. гл. покрывать, прикрывать, защищать друг друга/ Зым зыр щIиуфэн; зым и мыхъумыщIагъэ, и бзаджэщагъэ зым щIиуфэн; зэрыбзыщIын.БзаджащIэхэр зэрыщIоуфэ.
См. также в других словарях:
зымқұйым — қ. зымқайым … Қазақ тілінің аймақтық сөздігі
ЗЫМÆГОН-ЗЫМÆДЖЫ ДÆРГЪЫ — Æнæхъæн зымæг. В течение зимы. Гъе æмæ куыд уыдзынæ утæппæт даринæгтимæ зымæгон зымæджы дæргъы, уый койы дæн, мæ фыды стæн. (Беджызаты Ч. Бирæгътæ.) … Фразеологический словарь иронского диалекта
зымғайып — (Ақт., Ойыл; Гур., Бақс.) зымзия, ұшты күйлі. З ы м ғ а й ы п қайда жоғалып кеттің, басқарма іздеп таба алмады ғой! (Ақт., Ойыл). Ол, әйтеуір, осы соңғы кезде з ы м ғ а й ы п жоқ болып кетті (Гур., Бақс.). қ. зымқайым … Қазақ тілінің аймақтық сөздігі
зымқайым — (Орал: Чап., Жымп., Казт.; Қост., Жанг.) зым зия, ұшты күйлі. Содан кейін Мырзатай з ы мқ а й ы м болып кетті (Қост., Жанг.). Жер үстінің бәрі оған: «ұйықта, дем ал!» деп тұрғандай, бірақ ұйқысы құрғыр з ы м қ а й ы м жоғалған (Ә. Кекіл., Үркер,… … Қазақ тілінің аймақтық сөздігі
зым — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка
зымæг — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка
зымғу — (Шымк., Шәу.) зымырау, зулау. Күндердің өзі з ы м ғ ы п өтіп бара жатыр ғой! (Шымк., Шәу.) … Қазақ тілінің аймақтық сөздігі
зымæг-зымæджы дæргъы — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка
зымæгиуат — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка
зымæгиуат кæнын — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка
зымæгиуатгонд — з.б.п … Орфографический словарь осетинского языка