-
1 тэмакъ
горло; гортань; зев/ Iу, къурмакъей.Тамакъыр узын.Тэмакъым залэ щIэмыхуэн = тэмакъым тIуалэ щIэхуэркъым.Тэмакъым зегъэлъэщIын 1) откашляться 2) переносное спеть что-л.Тэмакъым зыщIэдзэн наступать на горло кому-л. ; просить упорно и настойчиво кого-л. о чём-л.{И} тэмакъым къыщIэгъуэлъхьэн = тэмакъым щIэгъуэлъхьэн.Тэмакъым къыщIэлъэдэн = тэмакъыр къызэфIэзэрыхьын.Тэмакъым тегъэхуэн стерпеть, вынести, выдержать (замечание, обиду и т. п.).Тэмакъым тенэн не давать покоя кому-л. (об обиде и т. п.).* Дадий IэщIохур нэпс закъуэ, Тэмакъым тонэр и гуауэр. Къэб.Тэмакъым техуэн стерпеть, проглотить что-л. (замечание, обиду и т. п.).{И} тэмакъым тIуалэ щIэхуэркъым {он} очень вспыльчивый.Тэмакъым фIэмыкIын не лезть в горло ( о пище).Тэмакъым щIэгъуэлъхьэн = тэмакъым зыщIэдзэн.Тэмакъыр екъухыжын сдержаться, взять себя в руки.Тэмакъыр къызэфIэзэрыхьын расстроиться; быть готовым расплакаться, разрыдаться.Тэмакъыр щиубыдыкIын не мочь вымолвить ни слова, онеметь.* Думэсарэ аргуэру жиIэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкIыу и нэпсыр къыщекIуэм, хьэщIэхэм ящыукIытэри щигъэтыжащ. КI. А.Тэмакъыр щичын горло дерёт.Тэмакъыр щикъузыкIын перехватить - о горле.* Хъыджэбзыр гъыным нэсати, и тэмакъыр щикъузыкIат. фольк.тэмакъ щIыIу носоглотка/ Къурмакъейм къыпыхьэж пэ кIуэцI. -
2 тэмакъыщIэ
гортань/ Тэмакъ лъабжьэ, тэмакъ щIагъ.ТэмакъыщIэм къиIукI макъ. -
3 джий
см. тэмакъ.* Хъыджэбзыр инщ, зэкIужщ, Iэхулъэхущ, и джийм ежэх псыр уолъагъу жыхуаIэм хуэдэщ. Ад. таур.{И} джийм зыри ехакъым маковой соринки во рту не было.* -Нышэдибэ лъандэрэ ерыскъы уи джий ехакъым, щIалэ мыгъуэ, -жиIащ Нысэдахэ. Гъу. Хъу. -
4 зэрыджэпс
калиновый сок/ Зэрыджэм къыщIагъэвыкIа псы.Зэрыджэпсыр тэмакъ узымкIэ хущхъуэщ. -
5 зэрытхьэлэн
(зэротхьэлэ) неперех. гл. 1. задушить друг друга/ Зым зыр итхьэлэн, я тэмакъ зэрыщыубыдыкIыу зэрыгъэлIэн.* Лу и нэгум щIэт хуэдэт Жыраслъэн мэзым щIэту, аслъэнымрэ абырэ зызэрадзауэ зэрытхьэлэу, "Мцыри" жыхуиIэ щIалэ цIыкIум хуэдэу. КI. А.2. переносное ссорами, спорами замучить друг друга/ Зэщыхьэурэ псалъэкIэ, къайгъэкIэ гугъу зэрегъэхьын, хьэргъэшыргъэм зэрыхэгъэтын.ПсалъэкIэ зэрытхьэлэн. -
6 зегъэлъэщIын
-
7 къэтэмакъкIэщIын
(къотэмакъкIэщI) неперех. гл. разгневаться, рассердиться/ Къэгубжьын, тэмакъ кIэщI хъун.Зырамыкур къэтэмакъкIэщIати, чнутIым щымысхьу НатIэхум {шым} зыплIытхурэ къуилъхьащ. Т. Хь. -
8 къыщIэгъуэлъхьэн
(къыщIогъуалъхьэ)неперех. гл. еплъ щIэгъуэлъхьэн.Тэмакъым къыщIэгъуэлъхьэн см. тэмакъ. -
9 къупщхьэ
кость/ ЦIыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу лыр зыкIэрылъ пкъыгъуэ быдэ зэрыIыгъхэр.* Хъуэжэ шы пэхужьым и къупщхьэ фIэкIа зыри игъуэтыжакъым. Къэб. фольк.Къупщхьэ гуащэ красавица, куколка.Къупщхьэ хужь белая кость, голубая кровь ( о человеке знатного происхождения).* А сыт мыгъуэр си дуней, уджыназ лъэпкъщ, къупщхьэ хужьым уащыщщ, дауэ мыгъуэ уи дуней Iыхьэр дэпхьыну пщылI лъэпкъым къыхэкIам. КI. А.Къупщхьэ хъун стать продолжателем рода.* -ХьэжыщI сыкIуэрэ псапэ сщIэмэ, си гуэныхьыр тхьэм сщхьэщихынщи, си лъэпкъым къупщхьэ хуэхъуну, къуэ къызитынщ, - жиIэри Инус Мэккэ кIуащ. КI. А.{И} къупщхьэм щIэфын эксплуатировать кого-л., жить за счет кого-л.* Уэ узэрыпсэур сэ схуэдэхэм я къупщхьэм ущIэфущ. Къ. Хь.Къупщхьэр и тэмакъым тенэн поплатиться за что-л.* Щэрданхэ я мылъку зышхым къупщхьэр и тэмакъ тенэнщ. КI. А.къупщхьэ куцI костный мозг/ Къупщхьэ ку гъуанэм илъ куцI.* Лыр ишха иужь, лIыжьым мэл лъэдийр икъутэри къупщхьэ куцIыр кърихащ. фольк.къупщхьэ уз костные болезни/ Къупщхьэм къефыкI узхэм ироджэ. -
10 макъ
1. звук/ Iэуэлъауэ.Даущ фий макъ.* Жыр джатитIым я удынхэр щыблэ макъыу къуршыжьхэм щоIу. Нарт. Куэд дэмыкIыу мотор макъ, гъущI зэрышх макъхэр гъунэгъу къэхъуащ. Къэб.2. голос/ Жьэм къыжьэдэIукI дэущ, Iэуэлъауэ.* - НэгъуэщI зыри жыпIэнукъэ? - Iэминат и макъыр кIэзызу зызэрызэтриIыгъэр хэпщIыкIыу, Хьэсэнбий иридзащ. Къу. С.Макъ жьгъыру звонкий, приятный голос. Хъыджэбз цIыкIу макъ жьгъыру.Макъ къызэпхыгъэIукIын издать звук.Макъ къызэпхыIукIын раздаваться, слышаться - о звуках.Макъ тхъунщIа хриплый голос.Макъым зегъэлъэщIын откашляться (букв. прочистить голос). Макъым зегъэIэтын повысить голос.* - СлIожь, сэ си закъуэу, къысщхьэщыжын симыIэу ара фи гугъэр! - нэхъри щIэгъэщхъуауэ зригъэIэтырт хъыджэбзым и макъым. Iуащхь.Макъым къимыкIыжын осипнуть.Макъым къызэрихькIэ во весь голос.* ЛIыжь къызбгъэдэсым си макъым къызэрихькIэ сопсалъэ. Хь. Хь.Макъыр икIын охрипнуть.Макъыр утIыпщын = макъым зегъэIэтын.Макъыр фIэкIуэдын потерять голос.макъ дэгу глухой согласный звук/ ЩIэжьыуэ зимыIэ макъ дэкIуашэ.П, Ф, Т-хэр макъ дэгухэщ.макъ дэкIуашэ согласный звук/ КъыщапсэлъкIэ хьэуар жьэ кIуэцIым зыгуэрым щыпэщIэуэу къэхъу макъ.макъ жьгъыжьгъ звонкий согласный звук/ КъыщапсэлъкIэ щIэжьыуэ зыщIэт макъ дэкIуашэ.макъ пкъынэпсхэр голосовые связки/ Макъ къагъэхъуу тэмакъ кIуэцIым и бгъуитIым иIэ щабэхэр.макъ цIу тонкий, писклявый голос/ Макъ псыгъуэ.Макъ цIу псыгъуэ дахэ. -
11 тэмакъкIыхь
сдержанный, терпеливый/ ШыIэныгъэ зиIэ, куэд зышэчыф, зи тэмакъ тезыгъэхуэф.ЦIыху тэмакъкIыхь. -
12 тэмакъыдзэ
-
13 тегъэхуэн
I (трегъахуэ) перех. гл. 1. попасть в кого-что-л./ Уеуэу, ебутIыпщу хуэгъэзэн, блэмыгъэкIын.Шэр тегъэ-хуэн.2. приурочить что-л. к чему-л./ Хуэгъэзэн, ирихьэлIэн.ХьэгъуэлIыгъуэр щэбэт махуэм трагъэхуащ.3. случить ( животных)/ Псэф егъэщIын.Мэлым тегъэхуэн.4. переносное попасть в самую точку, угадать (сделать или сказать именно то, что нужно)/ Хуэгъэзэн, тэмэм дыдэу зыгуэр жыIэн.Мис иджы тебгъэхуащ, алъандэрэ жыпIар сытым щыщ?II (трегъахуэ) перех. гл. уместить что-л. на чём-л./ Тегъэзэгъэн.Гум тегъэхуэн см. гу II.Напэм тегъэхуэн см. напэ.Тэмакъым тегъэхуэн см. тэмакъ.ТхьэкIумэр тегъэхуауэ см. тхьэкIумэ. -
14 тенэн
(тонэ) неперех. гл. застрять где-л./ АдэкIэ мыкIуэжыфу зыгуэрым и щIыIум, и щыгум къыщыувыIэн.Тэмакъым къупщхьэ тенэн.* Гъуэгу техьэ тенэркъым. (погов.){И} бзэгупэ тенэн см. бзэгупэ.{И} нэр тенэн см. нэ.{И} тэмакъым тенэн см. тэмакъ. -
15 тIуалэ
вершок/ Пасэм щыгъуэ къагъэсэбэпу щыта кIыхьагъ щапхъэ, IэпхъуамбитI зэгуэлъ иубыду.Къэпталыр тIуалэкIэ кIэщI щIын.И тэмакъым тIуалэ щIэхуэркъым см. тэмакъ.ТIуалэр зэщIэкъуэн просторечие замолчать, заткнуться. -
16 хъыршыруз
хрипота, сипота в горле/ Тэмакъ уз, макъей.Хъыршыруз къефыкIын. -
17 щиубыдыкIын
къурмакъейр щиубыдыкIын см. къурмакъей. Тэмакъыр щиубыдыкIын см. тэмакъ. -
18 щичын
тэмакъыр щичын см. тэмакъ. -
19 щыкъузыкIын
(щекъузыкI) перех. гл. завязать туго, перехватить, перетянуть/ Быдэу щыпхыкIын, щыубыдыкIын.Къэпыщхьэр быдэу щыкъузыкIын.Тэмакъыр щыкъузыкIын см. тэмакъ. -
20 щIэгъуэлъхьэн
(щIогъуалъхьэ) неперех. гл. 1. лечь где-л. ( в помещении), под чем-л./ Зыгуэрым и щIагъым (жыг, бгы с. ху.) е зыщIыпIэ щIэгъуэлъхьэн (унэм). Делэжьыр. лъэныкъуабэу жьауапIэм щIэгъуэлъхьащ. Къэб. таур.2. лечь ( в больницу)/ Сымаджэщым щызэбгъэIэзэну щыгъуэлъын.Сымаджэщым щIэгъуэлъхьэн.3. переносное высиживать тайком яйца ( о домашних птицах)/ Щэхуу зыщIыпIэ щыгъуэлъхьэн (джэдкъазыр).* Гъэ къэскIэ нанэ и джэд гъуабжэжьыр щIэгъуалъхьэрт. Таур. хъыб.Тэмакъым (къурмакъейм) щIэгъуэлъхьэн см. тэмакъ.Псэм щIэгъуэлъхьэн см. псэ.
Страницы
- 1
- 2