Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

кхъуэ

  • 1 кхъуэ

    свинья
    / ШэрыпIхэм ящыщу лы, щэ, цы пхъашэ къыпахын папщIэ зэрахуэ псэущхьэ.
    * Кхъуэ гъэхъун. Кхъуэ гъэшхэн. Зи кхъуэ кIуэдам кхъуэ кIий макъ и тхьэкIумэм икIыркъым. (погов.)
    Кхъуэ дэгу зыщIын притвориться глухим.
    Кхъуэ жьакIэ пренебреж. сл. бранное выражение в адрес стариков (букв. свинная борода).
    * Ахьа, кхъуэ жьакIэ, ухуэза? Пьесэхэр. {Адэмей:} ГъэувыIэт а кхъуэ жьакIэр! Акъ. З.
    кхъуэ лэу см. кхъуэ шыр.
    * Ди джэмыдэжьыр гъэ мэкъуауэнмэ худогъэтIыгъуэр, хугъуэжьейм мэз кхъуэ лэухэм къыщаущыхь. Н. Ш.
    кхъуэ тIыгъэ мащэ устар. 1. канавки, ямки, вырытые кабанами
    / Кхъуэм зэхивыхьа, зэхитIыхьа щIыпIэ, къритхъуа мащэ.
    * СяпэкIэ соплъэри, кхъуэ тIыгъэ мащэр къыщытщ. фольк.
    2. переносное подвох, подлог, хитрость, обман
    / Бзаджагъэ, гъэпцIагъэ, хьилагъэ.
    * Хьилэт зэрахьэри кхъуэ тIыгъэ мащэр къысхуащI. Къэб. п. и ант.
    кхъуэ шыр поросенок
    / Кхъуэм и шыр, и щIэжьей.
    Кхъуэныжьым кхъуэ шырипщI щIэсщ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъуэ

  • 2 тхьэкIумэ

    1. ухо
    / ЦIыхумрэ тхы къупщхьэ зиIэ псэущхьэхэмрэ зэрыдаIуэ орган.
    ТхьэкIмэм зэхих нэхърэ нэм илъагъу. (погов.)
    2. устар. переносное плетенный карниз крыши (из сена, соломы)
    / Псэуалъэ блыным ищхьэм дэкIуэу трахукI чий бгъузэ цIыкIу, мыдэкIэ къытегъэщIеикIауэ.
    Чийм къыхэщIыкIа тхьэкIумэ.
    ТхьэкIумэ ящэ глухому обедню два раза не служат (букв. продают уши).
    ТхьэкIумэ Iув непонятливый (букв. толстые уши).
    * ТхьэкIумэ IувкIэ къызэджэу зы махуэ жылэм щысхьынкъым. фольк.
    И тхьэкIумэм блимыгъэкIыу слушать внимательно, ничего не пропуская.
    * ЩIалэр даIуэрт зы псалъэ и тхьэкIумэм блимыгъэкIыу.
    ТхьэкIумэм жьы иужын перестать звенеть в ушах (от шума, гама).
    {И} тхьэкIумэм имыгъэхьэн пропустить мимо ушей, оставить без внимания и ответа что-л.
    ТхьэкIумэм имыкIыжын стоять долго в ушах (о чьих-л. словах, крике).
    * Хьэпакъ и тхьэкIумэм икIыжыркъым абы щыгъуэ и анэр зэрылъэIуауэ щытар.. Iуащхь.
    {И} тхьэкIумэм имыкIын = тхьэкIумэм итын.
    * Зи кхъуэ кIуэдам кхъуэ кIий макъ и тхьэкIумэм икIыркъым. (погов.)
    {И} тхьэкIумэм имыхьэн = тхьэкIумэм имыгъэхьэн.
    ТхьэкIумэм итын стоять в ушах.
    * Ар {щIалэр} зэрыкIияр иджыри си тхьэкIумэм итщ. Къэб.
    ТхьэкIумэм ихъуцэцэн шепнуть что-л. на ухо кому-л., по секрету сообщить о чем-л.
    * Абдейм зыр зым и тхьэкIумэм ихъуцацэу щIадзащ, къумыкъу дыщэкIым и щIапIэжь бгынэжам дыщэ гулъэ къыщыщIатIыкIауэ зэрапхъуэ жаIэу. Ж. Б.
    ТхьэкIумэм ицырхъэн = тхьэкIумэм къицырхъэн.
    {И} тхьэкIумэм иIуэн = тхьэкIумэм къицырхъэн.
    * Унэхъунум и тхьэкIумэм гуо макъ иIуэжыркъым. (погов.)
    ТхьэкIумэм иIущэщэн = тхьэкIумэм ихъуцэцэн.
    ТхьэкIумэм къицырхъэн 1) дойти до чьего-л. слуха 2) уловить что-л. краем уха.
    * ЯпэмкIэ зыри щыIэ хуэдэкъым, ауэ фоч къэгъапкIэ Iэуэлъауэ {Хьэждал} и тхьэкIумэм къоцырхъэ. Къ. Хь.
    ТхьэкIумэм къищтэн быть слышным.
    ТхьэкIумэм къиIуэн дойти до чьего-л. слуха.
    * Дыгъужь къугъ макъ абы {Исмел} и тхьэкIумэм къиIуащ. Т. Хь.
    ТхьэкIумэм цIыв игъэпщхьэн стать глухим ко всему, стараться ничего не слышать, делать вид, что ничего не слышишь.
    ТхьэкIумэм Iусын прожжужать чьи-л. уши.
    * УвыIэгъуэ симыIэу уи тхьэкIумэм сыIусщи, итIани къыбгурыIуакъым. Iуащхь.
    ТхьэкIумэр вуун звенеть, шуметь в ушах от чего-л.
    ТхьэкIумэр гъэжанын = тхьэкIумэр гъэкIын.
    ТхьэкIумэр гъэкIын навострить уши, слушать внимательно, обратиться в слух.
    * Я тхьэкIумэхэр гъэкIауэ абы {Мурат жиIэм} щIэдэIурт. Къ. Хь.
    * Щытщ Iэнкуну шы зытесыр, И тхьэкIумэр зэблигъэплъу. КI. А.
    И тхьэкIумэр иричын оглушить кого-л. (криком и т. п.).
    ТхьэкIумэхэр тегъэлIэн опустить уши (напр. о собаке).
    ТхьэкIумэр тегъэхуауэ обратившись в слух.
    ТхьэкIумэр удэгун прожжужать все уши кому-л.
    ТхьэкIумэр IуэнтIэн (хуэIуэнтIэн) строго-настрого предупредить кого-л. о чем-л.
    ТхьэкIумитIымкIэ зэхэхын слышать что-л. собственными ушами.
    / ТхьэкIумэм ирищIэ фIейр.
    тхьэкIумэ дакъэ нижняя часть уха
    / ТхьэкIумэм и дакъащхьэм щыфIэтым нэхъ гъунэгъу Iыхьэр.
    ТхьэкIумэдакъэ узын.
    тхьэкIумэ жан см. тхьэкIумафIэ.
    тхьэкIумэ жьажьэ тугоухий, глуховатый
    / ЩIагъуэу зэхэзымых, дэгу-дэгуу щыт.
    тхьэкIумэ уз болезнь уха
    / ТхьэкIумэм къефыкI узыгъуэ.
    ТхьэкIумэ узым имыгъэжеин.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > тхьэкIумэ

  • 3 бын

    1. дитя
    / ЩIэблэ.
    * Расул ищIэрт Джэрий бын зэримыIэр. Къу. Хь.
    2. семья
    / ЗэрылъхузэрыпI, къэзылъхуахэмрэ къалъхуахэмрэ; къизышамрэ кърашамрэ.
    Кхъуэ бын. Джэдкъурт бын.
    Бын гъуэтын (зэгъэгъуэтын) родить, обзавестись ребенком.
    * Абы фыз къиша нэужь, бын имыгъуэту куэд екIуэкIащ. Къу. Хь.
    Бын щIын усыновить (удочерить) кого-л.
    бын кIасэ поздние дети
    / Зи ныбжь хэкIуэта зэлIзэфызым ягъуэтыж бын.
    бын пажэ первенец
    / Бынхэм я нэхъыжь.
    * Илъэс зыбжанэ лъандэрэ щхьэлтету лажьэ Жамырзэ и бын пажэт Хьэсэн. Къу. Хь.
    бын пасэ ранний ребенок
    / Зэщхьэгъусэ щIалэхэм пасэу ягъуэта бын.
    * Бын пасэ зыгъуэтар хущIегъуэжыркъым. (погов.)
    бын пэлъытэ чужой ребенок, к которому относятся как к родному
    / Быным хуэдэу къалъытэ цIыху.
    * Си гум ихункъым.. уи бын пэлъытэу Гуапэу си щхьэфэм Iэ щыдэплъар. Iуащхь.
    бын тIуащIэ сводные дети
    / ФызитIым зы лIым къыхуилъхуа, зы фызым лIитIым къахуилъхуа бын.
    Бын тIуащIэ хъун.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бын

  • 4 вакIуэ

    1. пахарь
    / ЩIыр зывэ цIыху, вакIуэм хэт; вакIуэлI.
    ВакIуэр пхъэIэщэм кIэлъоплъ.
    2. пахота
    / ЩIым зыгуэр трасэну къыщызэрагъэдзэкI.
    ЩIалэхэр вакIуэ дэкIащ.
    вакIуэ дэкIыгъуэ время, пора выхода на весеннюю вспашку
    / Вэну игъуэ щыхъуа зэман.
    * ВакIуэ дэкIыгъуэм уи вапIэм бжэн къытелъадэмэ, уэгъущ, кхъуэ къытелъадэмэ, угъурлыщ, бэв хъунущ, жаIэу щытащ. Ад. фольк.
    вакIуэ мэжаджэ этн. обрядовый каравай из просяной муки (обычно брали с собой выезжающие на пахоту)
    / Япэу вакIуэ щыдэкIкIэ, здахь мэжаджэ, абы папщIэкIэ ягъэжьа.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вакIуэ

  • 5 жьы

    I 1. старый, ветхий
    / Ныбжьышхуэ зиIэ, куэд щIа, кхъахэ.
    Унэжь.
    2. старый, престарелый
    / Зи ныбжь хэкIуэта.
    ЛIыжь. Фызыжь. Жэмыжь. Шыжь.
    * БетIал занщIэу гу лъитащ Радион Михайлович.. жьы зэрыхъуам. Ш. А.
    3. недействительный, негодный; использованный
    / ЗемыкIуэж, мыхьэнэ зимыIэж.
    Ахъшэжь.
    4. старинный; устаревший
    / Пасэрей, япэрей.
    Уэрэдыжь. Хабзэжь. Къафэжь.
    {И} жьы хъугъуэ на склоне лет.
    II 1. воздух
    / Хьэуа.
    * Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлIэу, пхъэ куэд зэхуэтхьэсри мафIэшхуэ тщIащ, ди щIакIуэхэр дыубгъури и хъуреягъкIэ дыкъегъуэлъэкIыжащ. Ар сыт хуэдэу тхъэгъуэт, жьы къабзэм ухэлъу. Къ. З.
    2. ветер
    / Хьэуам и зекIуэныгъэ.
    * ЩIыбым къызэрыщIэкIыу жьы щIыIэтыIэ къыкъуэуам я напэхэр къахуилъэщIащ, жыг тхьэмпэхэм я Iущащэри жыжьэ къыщыIуащ. Къу. С.
    {Гум} жьы дихужын см. гу II.
    Жьы зыщIэт энергичный, живой ( о человеке).
    * Зулижан жьы зыщIэт цIыхут. Къ. Хь.
    Жьы зыщIегъэхун выйти на свежий воздух, проветриться.
    * Жьы зыщIригъэхущ, зигъэпсэхури, Леонид Петрович нэжэгужэу унэм къыщIыхьэжащ. Iуащхь.
    Жьы зыIурыгъэхьэн передохнуть.
    * Ешахэр жьы зыIурагъэхьэну къыщIэкIырт. ГуфIэгъуэ. ФIанэр мыдэ къызэти, жьы зыIурыгъэхьэ. Зы б. з.
    Жьы къабзэм хэтын дышать свежим воздухом.
    {И}жь къыщIихун испытать на себе чье-л. влияние.
    Жьы темыгъэпсэн совершить, сделать что-л. быстро, моментально.
    Жьы темыпсэу быстро, мгновенно.
    Жьым тесу псым епыджын озорничать (букв. сидя на ветре, воду бодать).
    {И} жьыр щIэпщэн = {и}жь къыщIихун.
    * Уэ залыму уэ кхъуэ жьакIэм уи жьыр псоми ящIэпщащ. фольк.
    Жьы щIэтын с огоньком.
    Жьы щIегъэхун просторечие промотать, растранжирить, пустить на ветер.
    * Сабийр щIыбым щIэхауэ жьы къабзэ Iурыгъэхьэн хуейщ. Iуащхь.
    жьы зэпепщэ см. жьы зэпеуэ.
    жьы зэпеуэ сквозняк
    / Зэтауэ щыт щхьэгъубжэ, бжэ Iухахэм, IугъэзэщIыкIахэм я зэхуаку щызэприху жьы.
    * Абдеж жьы зэпеуэщи жьыщIыгъэр фIыуэ гъущынщ. Iуащхь.
    жьы ихупIэ отдушина, вентиляционное отверстие
    / Жьы кIуапIэ, жьы дэхупIэ.
    жьы кIэрахъуэ см. гъуэжькуий.
    жьы кхъухь парусник
    / ЖьыкIэ зекIуэ кхъухь.
    жьы щхьэл ветряная мельница
    / ЖьыкIэ лажьэ щхьэл.
    жьы Iурыхьэгъуэ передышка
    / БэуапIэ.
    Жьы Iурыхьэгъуэ гъуэтын передохнуть, получить передышку.
    * Жьы Iурыхьэгъуэ зэригъуэтыххэу къыщIолъэдэжри псыр къыпыжу щIопхъуэ аргуэру. Щ. I.
    III ранний ( о времени)
    / Пасэ.
    * Пщэдджыжьыр жьы пэтми, колхоз правленэ бжэIупэм цIыху куэд щызэхэтт. КI. Т. Дуней уфам пщэдджыжьыр иджыри жьы дыдэу къыпфIигъэщIырт. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > жьы

  • 6 зэраныншэ

    безвредный; безобидный
    / Зэран мыхъу, зи ягъэ къомыкI; еншэ.
    * -Мы хьеуан тхьэмыщкIэхэм сыт къыващIэн фи гъугъэ, мыхэр фэр нэхърэ нэхъ зэраныншэщ, - жиIэри Батыр кхъуэ пIащитIыр иутIыпщыжащ. Анэд.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэраныншэ

  • 7 зэрыгъэхуэбэн

    (зэрогъэхуабэ) неперех. гл. согревать друг друга
    / Зым зыр игъэхуэбэн, хуабэ зэрыгъэхъун.
    * Абы {дыгъужь анэжьым} и дыгъужь шыр цIыкIуищыр къэмыхъеяуэ жейхэрт, Iуву зэхэпщхьахэу зэрыгъэхуабэхэу. Анэд. Ахэр {кхъуэ шырхэр} сыт щыгъуи зэщIыгъущ.. щыжейкIи зэгъусэхэщ, зым зым быдэу зрикъузылIэжурэ зэрыгъэхуабэурэ зэхэлъщ. Анэд.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэрыгъэхуэбэн

  • 8 къэхусын

    (къехус) перех. гл. пригнать к какому-л. месту ( сюда)
    / Къэпхуурэ зыщIыпIэ къэгъэсын.
    * {Щэуей:} - Мы кхъуэ лъакъуэхужьыр нышэдибэ Ибгъу къыщетхужьэри Щхьэгуащапщэ къэтхусауэ нарт щакIуэхэм дишхэр увыIэри абдеж тIысыгъэ щытщIауэ си гъусэхэр къызожьэ. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къэхусын

  • 9 кхъуэн

    устар. свиноматка
    / ЩIэжьей къэзыт кхъуэ; кхъуэбз.
    Кхъуэныр гъэшхэн.
    Кхъуэн и кхъуэц неразбериха, путаница, отсутствие порядка в чем-л. Кхъуэн и кхъуэцу зэхэзэрыхьын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъуэн

  • 10 кхъуэпIащэ

    дикий кабан
    / Мэзыкхъуэхэм ящыщ хъу.
    * Кхъуэ пIащэ бзаджитI хэсу мэзышхуэ гуэр яIэт а къуажэм. КI. Т.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъуэпIащэ

  • 11 кхъуэшэ

    I молоко свиноматки
    / Кхъуэм и шырхэр зэрипI (зэригъашхэ) шэ.
    II заряд ( картечь) для охоты на кабана
    / Кхъуэ къызэраукI бдзапцIэшэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъуэшэ

  • 12 кхъуэщ

    свинарник
    / Кхъуэ щаIыгъ, щагъэхъу псэуалъэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъуэщ

  • 13 лэу

    мозд. диалект см. кхъуэ.
    * И щIопщыджэ макъыр къуэ кIуэцIиблым щоIу, лэу чыцIхэр къыхегъэщт. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лэу

  • 14 хъуф-сыф

    междом. 1. хрю-хрю
    / Кхъуэ пырхъыкIэ кърагъэлъагъуэ.
    Бажэжь цIыкIур кхъуэм щыкIэщIэуIуэм, “хъуф-сыф” жиIэу зыкъигъэзащ. Дыщэ кI.
    2. имитирует звуки при лакании чего-л.
    / ЗыIурилъафэу зыгуэр щышхэм деж хужаIэ псалъэ.
    * “Хъуф-сыф” жери иныжьым ажэ псор зыIурилъафэри къэтIысыжащ. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > хъуф-сыф

  • 15 цIакхъуэ

    джейран
    / Губгъуэ бжэн лъэпкъ, бжьакъуэ цIыкIу ятету.
    * ЦIакхъуэщ жаIэри кхъуэ къаукI. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цIакхъуэ

  • 16 шэтIэтI

    жидкая грязь, месиво
    / ЯтIэ хъудыр, ятIэпс, шэд.
    * Уей мыгъуэ, фи кхъуэ гъэшхахэри АтIэ гущэ шэтIэтIым хэлъи. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > шэтIэтI

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»