Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

кхъухь

  • 1 кхъухь

    корабль, теплоход, пароход
    / Псы щIыIум тету зэрызекIуэ, хьэлъэ зэрызэрашэ транспорт.
    * КхъухькIэ хым техьэн. ИгъащIэм имылъэгъуа кхъухьым хуэпабгъэу КIукIуэ и нэхэр триубыдащ. Iуащхь.
    / Кхъухьхэм хьэлъэ иралъхьэн е яунэщIын папщIэ, зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ псы Iуфэм IуащIыхь кхъухь увыIэпIэ, щытыпIэ.
    * Кхъухь тедзапIэр чэнжыIуэти, кхъухьышхуэхэр Анапэ къекIуалIэ хъуртэкъым. Ш. А.
    Кхъухь увыIэпIэ причал; пристань
    / Кхъухьхэр екIуалIэ хъуну псы Iуфэм IуащIыхь увыIэпIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъухь

  • 2 псы

    I 1. вода
    / Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэ.
    * Шыгъу зышхар псы йофэж. (погов.) Псыр псэ пылъхьэжщ. (погов.)
    2. река
    / Псыежэх.
    * Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кIэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкIэ хъунут. Т. Хь. Псы икIыгъуэм унэмысу уи кIэр думыхьей. (погов.)
    Псибл икIын кануть в вечность (букв. оно уже за семью реками). Псы гъэва кипяченная вода.
    * Пщэдджыжьым ХьэтIутIэ псы гъэвакIэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лIыщIапIэм къэкIуащ. Ж. Б.
    Псы игъэжыхьыжын разорить дотла подчистую что-л.
    * ЖьакIэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриIащ Уэзырмэс нартхэм. Нарт.
    Псы мэхын = псы хуэлIэн.
    Псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын в мутной воде ловить рыбу.
    Псы хыхьэн пропитаться водой.
    * ЦейлъэщIым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкIэ нэхъ уэндэгъу хъуащ. Япэу лъ. з.
    Псы хуэлIэн испытывать жажду.
    * Ажэр псы хуэлIэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ. Япэу лъ. з.
    Псы щIэгъэуэн затопить.
    Псы щIэуауэ къэнэн остаться ни с чем, разориться.
    Псым итхьэлэн утонуть.
    * Бдзэжьей цIыкIу псышхуэ итхьэлэрэ? (погов.) Инжыдж узэпрыкI хъуну псытэкъым - шыбэри Iэщ хъушэри итхьэлащ. Нарт.
    Псым иубыдын = псы хуэлIэн.
    * Пхъэри ислъхьауэ, тIэкIуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкIэ сежьащ. Е. К.
    Псым тхъу техын переливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло).
    Псым хуэдэу къэфэн танцевать плавно (букв. танцевать как вода).
    Псым хуэдэу уаулъагъу! Чтоб тебя ( люди) стали ценить так же, как и воду!
    Псым щIилъэфэн пойти ко дну, утонуть.
    Псыр щIэкIын высыхать.
    псы бабыщ серая утка
    / Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ.
    Псы бабыщым и лыр IэфIщ.
    псы бзу оляпка, водяной воробей
    / Зи дамэхэр кIэщI, бзу гъуабжэ кIагуэ лъакъуэ кIыхь цIыкIу.
    Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Iуфэ пабжьэ зэгъуэкIхэрщ.
    / ЩIыIубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щIэж псыхэм щопсэу.
    псы дэгъэуэхыпIэ место пуска воды по определённым руслам
    / Псыр зыхуей кIэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щIапIэ.
    * Псы дэгъэуэхыпIэ щIын.
    псы джэд лысуха ( птица)
    / Шэдыр зи псэупIэ джэд лъэпкъ.
    Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым.
    псы дзыгъуэ водяная полевка ( водяная крыса)
    / Псым щыпсэу дзыгъуэ.
    Псы дзыгъуэм пыт кIэ кIэщIыр щескIэ къегъэсэбэп.
    псы ефапIэ водопой
    / Iэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яIэ щIыпIэ хэха.
    Шыхэр псы ефапIэм хун.
    псы жапIэ см. псы бэкъу.
    * Псы жапIэу дэ тхуащIахэм Тэрч IурыщIэу тетщи къожэр. П. Б.
    псы зешапIэ водопровод
    / Псыр бжьамийхэмкIэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ.
    Къуажэхэм псы зешапIэхэр щащIащ.
    псы ина лужа
    / Уэшх нэужьым, уэсыр щыткIукIэ е псы къытеуа нэужь кумблIэмбхэм къинэ псы.
    Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ.
    псы куу глубоководный
    / Зи гущIыIумрэ зи лъащIэмрэ зэпэIэщIэ псы.
    Псы куухэм кхъухь щызокIуэ.
    / Псыежэх цIыкIу.
    псы кIэнтхъ незначительный остаток воды ( после запруды или пересыхания)
    / Псы кIэкъинэ.
    Псы кIэнтхъ икIутын.
    псы къиуа разлив, половодье
    / Уэсымрэ мылымрэ куэду ткIууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ.
    Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн.
    псы къыпыжыпIэ водосток
    / Псыр къыщыпыж, къызыпыж.
    Псы къыпыжыпIэр пыщтыкIат.
    * Псы къыпыжыпIэм пэгун щIэгъэувэн.
    псы къыхэжыпIэ исток реки
    / Псыежэхым и къежьапIэ.
    псы къуэкIий см. псыбэкъу.
    * Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкIийм долъадэ. Щ. Ам.
    псы нэпкъ обрывистый крутой берег
    / Псы Iуфэ задэ.
    псы ныджэ пойма реки
    / Псы къыщиуам деж щIигъанэ щIыналъэр.
    * Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ... Къэб. п. и ант.
    псы уэрыпIэ стремнина ( в реке)
    / Псыежэхыр нэхъ щыуэр щIыпIэ.
    Псы уэрыпIэм щынэсым шур шым кърихьэхащ.
    псы хэлъэдапIэ устье реки
    / Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщI псыежэхым щыхэхуэж щIыпIэ.
    псы хэхуапIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хэхуэжыпIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник
    / Уз гуэрхэм зэреIэзэ псы.
    Ди республикэр псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ.
    псы хьэлывэ вареник
    / Кхъуейлъалъэ, кIэртIоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цIыкIу.
    Псы хьэлывэ щIын.
    псы хъумапIэ водохранилище
    / Псы щахъумэн папщIэ ящIа гуэл IэрыщI.
    / КIэпIащIэ зиIэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ.
    псы щхьэл водяная мельница
    / Псым игъэхьэжэ щхьэл.
    / Псым и лъащIэ.
    Псыр къабзэти псы щIагъым щIэлъ псори плъагъурт.
    псы щIагъ кхъухь подводная лодка
    / Псы щIагъым щызекIуэ кхъухь.
    Псы щIагъ кхъухьым къулыкъу щыщIэн.
    псы IэфI газированная вода с сиропом
    / Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс IэфI зыхэкIа псы.
    Псы IэфI ефэн.
    псы Iуб глоток воды
    / Псы ткIуэпс, гъаткIуэ, псы еIубыгъуэ.
    * Пхъэру къажэм псы Iуб ягъуэткъым. фольк. Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Iуби сIухуакъым. Нарт.
    псы Iуфэ берег реки
    / Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитI псым хуэгъэзар.
    * КIукIуэ нэпкъым ехри псы Iуфэм Iулъ мывэ гуэрым тетIысхьащ. Iуащхь. Псы Iуфэм Iусым икIыпIэр ещIэ. (погов.)
    Псы Iуфэ мылу зыIуегъэхын убраться, уйти с глаз долой.
    Псы Iуфэ мылу IугъэсыкIын заставить кого-л. уйти, убраться.
    * Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтIысамэ, псы Iуфэ мылу IуигъэсыкIырт. Къэб. таур.
    псы Iуфэ бзу трясогузка ( птица)
    / Псыхъуэм дэсырей бзу кIэ кIыхь цIыкIу; мывэкIэпыс.
    II 1. шнурок
    2. ручка чего-л.
    / Сумкэ, портфель с. ху. яIэ убыдыпIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > псы

  • 3 баржэ

    баржа
    / Езыр-езыру земыкIуэу, нэгъуэщI кхъухьым кIэрыщIауэ, хьэлъэ къызэрырашэкI кхъухь лъащIабгъуэ псым куууэ хэмытIысхьэ.
    * Хьэлъэ ярызу баржитI кхъухь цIыкIум кIэрыщIауэ Индыл тету къох. Къ. Б.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > баржэ

  • 4 жьы

    I 1. старый, ветхий
    / Ныбжьышхуэ зиIэ, куэд щIа, кхъахэ.
    Унэжь.
    2. старый, престарелый
    / Зи ныбжь хэкIуэта.
    ЛIыжь. Фызыжь. Жэмыжь. Шыжь.
    * БетIал занщIэу гу лъитащ Радион Михайлович.. жьы зэрыхъуам. Ш. А.
    3. недействительный, негодный; использованный
    / ЗемыкIуэж, мыхьэнэ зимыIэж.
    Ахъшэжь.
    4. старинный; устаревший
    / Пасэрей, япэрей.
    Уэрэдыжь. Хабзэжь. Къафэжь.
    {И} жьы хъугъуэ на склоне лет.
    II 1. воздух
    / Хьэуа.
    * Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлIэу, пхъэ куэд зэхуэтхьэсри мафIэшхуэ тщIащ, ди щIакIуэхэр дыубгъури и хъуреягъкIэ дыкъегъуэлъэкIыжащ. Ар сыт хуэдэу тхъэгъуэт, жьы къабзэм ухэлъу. Къ. З.
    2. ветер
    / Хьэуам и зекIуэныгъэ.
    * ЩIыбым къызэрыщIэкIыу жьы щIыIэтыIэ къыкъуэуам я напэхэр къахуилъэщIащ, жыг тхьэмпэхэм я Iущащэри жыжьэ къыщыIуащ. Къу. С.
    {Гум} жьы дихужын см. гу II.
    Жьы зыщIэт энергичный, живой ( о человеке).
    * Зулижан жьы зыщIэт цIыхут. Къ. Хь.
    Жьы зыщIегъэхун выйти на свежий воздух, проветриться.
    * Жьы зыщIригъэхущ, зигъэпсэхури, Леонид Петрович нэжэгужэу унэм къыщIыхьэжащ. Iуащхь.
    Жьы зыIурыгъэхьэн передохнуть.
    * Ешахэр жьы зыIурагъэхьэну къыщIэкIырт. ГуфIэгъуэ. ФIанэр мыдэ къызэти, жьы зыIурыгъэхьэ. Зы б. з.
    Жьы къабзэм хэтын дышать свежим воздухом.
    {И}жь къыщIихун испытать на себе чье-л. влияние.
    Жьы темыгъэпсэн совершить, сделать что-л. быстро, моментально.
    Жьы темыпсэу быстро, мгновенно.
    Жьым тесу псым епыджын озорничать (букв. сидя на ветре, воду бодать).
    {И} жьыр щIэпщэн = {и}жь къыщIихун.
    * Уэ залыму уэ кхъуэ жьакIэм уи жьыр псоми ящIэпщащ. фольк.
    Жьы щIэтын с огоньком.
    Жьы щIегъэхун просторечие промотать, растранжирить, пустить на ветер.
    * Сабийр щIыбым щIэхауэ жьы къабзэ Iурыгъэхьэн хуейщ. Iуащхь.
    жьы зэпепщэ см. жьы зэпеуэ.
    жьы зэпеуэ сквозняк
    / Зэтауэ щыт щхьэгъубжэ, бжэ Iухахэм, IугъэзэщIыкIахэм я зэхуаку щызэприху жьы.
    * Абдеж жьы зэпеуэщи жьыщIыгъэр фIыуэ гъущынщ. Iуащхь.
    жьы ихупIэ отдушина, вентиляционное отверстие
    / Жьы кIуапIэ, жьы дэхупIэ.
    жьы кIэрахъуэ см. гъуэжькуий.
    жьы кхъухь парусник
    / ЖьыкIэ зекIуэ кхъухь.
    жьы щхьэл ветряная мельница
    / ЖьыкIэ лажьэ щхьэл.
    жьы Iурыхьэгъуэ передышка
    / БэуапIэ.
    Жьы Iурыхьэгъуэ гъуэтын передохнуть, получить передышку.
    * Жьы Iурыхьэгъуэ зэригъуэтыххэу къыщIолъэдэжри псыр къыпыжу щIопхъуэ аргуэру. Щ. I.
    III ранний ( о времени)
    / Пасэ.
    * Пщэдджыжьыр жьы пэтми, колхоз правленэ бжэIупэм цIыху куэд щызэхэтт. КI. Т. Дуней уфам пщэдджыжьыр иджыри жьы дыдэу къыпфIигъэщIырт. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > жьы

  • 5 мелуан

    1. миллион
    / Минурэ мин (1000. 000) хъу бжыгъэ.
    Сом мелуан.
    * АкъылыфIэр мелуан уасэщ. П. Б.
    2. переносное большое количество
    / Куэдыщэ.
    * Хьэпшып мелуан шыхэм тепхауэ Хъуэжэрэ и гъусэ лIымрэ къахьри зэкIужауэ къэкIуэжахэщ. фольк.
    мелуан кхъухь Большой корабль
    / Кхъухьышхуэ.
    * Бэтокъуэр зы махуэ гуэрым тенджыз Iуфэм Iутурэ здэкIуэм зы мелуан кхъухь гуэрыр псым щIилъэфауэ къилъэгъуащ. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мелуан

  • 6 брам

    паром
    / Псыежэхым, гуэлым хьэлъэ, цIыху, Iэщ зэрызэпраш кхъухь, кхъуэфэжьей лъэгубгъуэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > брам

  • 7 военнэ

    1. военный (напр. завод)
    / Зауэм пыщIа, зауэм хуэлажьэ.
    Военнэ завод. Военнэ кхъухь.
    2. военный (об одежде, училище)
    / Армэм къулыкъу щыщIэным пыщIа, епха.
    Военнэ училищэ.
    3. военный (о долге, присяге и т. п.) Армэм къулыкъу щызыщIэм епха, пыщIа, теухуа. Военнэ присягэ.
    4. военный (о враче, корреспонденте и т. п.)
    / Армэм хэт, абы къулыкъу щызыщIэ.
    Военнэ дохутыр. Военнэ корреспондент.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > военнэ

  • 8 гъэпщылIын

    / ПщылIын псалъэм и каузатив.
    * Япэрауэ, урыс кхъухь Хы ФIыцIым трамыгъэхьэн, етIуанэрауэ, хы Iуфэм Iус шэрджэс лъэпкъхэр ягъэпщылIын - мис арат Анапэ зыхуащIар тыркухэм. Ш. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гъэпщылIын

  • 9 дэтхъуеин

    (дретхъуей) перех. гл. 1. грести, нагрести что-л. на верх чего-л.
    / ИщхьэмкIэ зыгуэр тхъун.
    Гуэдз самэр дэтхъуеин.
    2. переносное плыть, идти вверх, против течения
    / Псы къежэхым еныкъуэкъуу, пэщIэувауэ дэкIуеин.
    * Нил щхьэфагъуэр пэкIэ ибзуэ кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КIу. Б.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > дэтхъуеин

  • 10 есыхын

    I (йосых) неперех. гл. плыть вниз по течению
    / Есурэ псыр здэжэмкIэ кIуэн.
    Къазхэр пым есыхащ.
    * Псыр, блэм хуэдэу, нэшэкъашэу йох, кхъухь цIыкIури, псым зэрызищIым хуэдэу зищIурэ, йосых. КI. Т.
    II (иресых) перех. гл. обжечь что-л. (напр. пищевод-об острой или горячей пище)
    / Шхын пщтырым е сырым ехыу исын (тэмакъыр, ныбэлыцIыр). Шыбжийм си Iур ирисыхащ. Шей пщтырым си Iур ирисыхащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > есыхын

  • 11 етIуанэрауэ

    вводн. сл. во-вторых
    / Iуэхугъуэ гуэрхэр зэкIэлъыхьауэ къыщрабжэкIым деж етIуанэ пунктыр кърагъэлъагъуэ.
    * Япэрауэ, урыс кхъухь хы ФIыцIэм трамыгъэхьэн, етIуанэрауэ, хы Iуфэм Iус шэрджэс лъэпкъхэр ягъэпщылIын - мис арат Анапэ зыхуащIар тыркухэм. Ш. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > етIуанэрауэ

  • 12 зэпрытIыкIын

    (зэпретIыкI) перех. гл. прорыть, прокопать что-л. поперек
    / ЗэпрыкIыу тIын.
    * Волгэрэ Донрэ я зэхуакур зэпратIыкIри кхъухь щызекIуэу псы гъуэгушхуэ ящIащ. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэпрытIыкIын

  • 13 зэпрышын

    (зэпреш) перех. гл. перевезти, перевести кого-что-л. через что-л.
    / Гу, машинэ, кхъухь сыт хуэдэ гуэркIэ мыдрыщIым ишауэ адрыщIым шэн; гъуэгу егъэлъэгъуурэ, мыдрыщIым ишу адрыщIым зыгуэр шэн.
    ХадапщIэ кIуэхэр псым зэпрышын. Зи нэгу зезыгъэужьыну кIуэхэр кхъуафэжьейкIэ гуэлым зэпрышын.
    * И анэм щIалэ цIыкIур уэрамым зэпришри еджапIэм кIуэну иутIыпщащ. Къэб.
    2. протянуть что-л. через что-л. (напр. канат, веревку, проволоку и т. п.)
    / КIапсэ сыт хуэдэ гуэрым и зы кIапэр мыдрыщIым щыIэу адрей и кIапэр адрыщIым шэн.
    Канатыр псым зэпрысшащ. Телефон кIапсэр уэрамым зэпрашри унэм щIашащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэпрышын

  • 14 катер

    катер
    / МоторкIэ лажьэ кхъухь цIыкIу.
    Торпеднэ катер.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > катер

  • 15 крейсер

    крейсер
    / ТопхэмкIэ, торпедэхэмкIэ, минэхэмкIэ, ракетэхэмкIэ лъэщу зэщIэузэда псынщIэрызекIуэ зауэ кхъухь.
    Крейсерхэр тенджызым тетт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > крейсер

  • 16 къуапэлъапэ

    углы края, выступы чего-л.
    / Зыгуэрым и къуапэхэр, къыхэбелджылыкI Iыхьэхэр.
    * Мес тхылъымпIэм хэщIыкIауэ, къуапэлъапэр гъэтIеяуэ, Мусэм кхъухь псым трегъэхьэ. Хьэн. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къуапэлъапэ

  • 17 кхъухьыдзэ

    эскадра
    / IэщэкIэ зэщIэузэда тенджыз флотым и кхъухь гупышхуэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > кхъухьыдзэ

  • 18 маршрут

    маршрут
    / Ежьэным ипэ къихуэу яубзыхуа зэрыкIуэну гъуэгу (цIыху, мафIэгу, кхъухь, н. къ.), къыщыувыIэну щIыпIэхэри къэгъэлъэгъуауэ.
    Турист ежьам и маршрут.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > маршрут

  • 19 мылкъутэ

    ледокол
    / Мылыр икъутэурэ кIуэцIрыкIыным хуэщIа кхъухь лъэщ.
    * Дунейм и кIуэцIкIэ япэ дыдэу ди деж щащIащ атомкIэ лажьэ мылкъутэ кхъухьыр. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мылкъутэ

  • 20 ныбэф

    1. просторечие брюхастый, толстобрюхий, пузатый
    / Зи ныбэр къипщауэ щыт, ныбэшхуэ.
    ЛIы гъум ныбэф.
    2. переносное пузатый (напр. чайник)
    / Лъахъшэ быхъуу, и джабэхэр къипщауэ щыт (хьэкъущыкъу сыт хуэдэхэм щхьэкIэ жаIэ).
    * Шеныч ныбэф. Кхъухь ныбэф цIыкIу гуэр Псжь тету йох. КI. Т.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > ныбэф

См. также в других словарях:

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»