Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

зэгурыIуэн

  • 1 зэгурыIуэн

    (зэгуроIуэ) неперех. гл. 1. быть в согласии, в мире друг с другом; Быть дружными
    / Зэзэгъыу, зэгунэсу щытын.
    * Елдар, Астемыр, Исхьэкъ сымэ къуажэ Советым унафэщIу хахати, зым Iэпыхур зым къищтэжу, зэгурыIуэу, зэчэнджэщу я къалэныр зэфIагъэкIырт. КI. А. Колхозу зэгухьа жылэм зэхьэзэхуэр я нэрыгъыу, зэгурыIуэу, зэдэIуэжу псэун щIадзэ. Iуащхь.
    2. договориться друг с другом; прийти к согласию
    / ЗэувэлIэн, зы Iуэхур къызэдащтэн.
    * Степан Игнатьевичрэ Михаил и адэмрэ зэгуроIуэ, чэтэн щащI фабрикэ къызэрагъэпэщыну. Ш. А.
    3. понимать друг друга
    / ЗэрыщIэн (мурадкIэ, гухэлъкIэ).
    * Ахэр {Къемэтрэ Зарэрэ} зэфIэнэжауи жыпIэнтэкъым.. зэрызэмыпсалъэу зэгурыIуэрт. Iуащхь. А хъыджэбзитIыр {Саримэрэ Наташэрэ} бзэкIэ зэгурымыIуэми, я псэр фIыуэ зэрылъэгъуат. КI. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэгурыIуэн

  • 2 зэгурыгъэIуэн

    / ЗэгурыIуэн псалъэм и каузативщ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэгурыгъэIуэн

  • 3 зэгурыIуэныгъэ

    1. мир, согласие, дружба
    / ЗэгурыIуэн псалъэм къытекIа щыIэцIэщ.
    * {Ермолов:} - Ди къэралитIыр фIыуэ зэрылъагъумэ, насыпышхуэщ. Ди яку зэгурыIуэныгъэ дэлъу дыпсэумэ, хъарзынэщ. Ш. А. Зэакъылэгъуныгъэр, зэгурыIуэныгъэр сыт щыгъуи лъэщщ. Iуащхь.
    2. соглашение, договор
    / Зыгуэр зэухылIэныгъэ.
    Мамырыгъэ яку дэлъынымрэ зэдэлэжьэнымрэ теухуа зэгурыIуэныгъэ.
    * Зауэ гуащIэр.. ягъэувыIащ.. зэгурыIуэныгъэмкIэ псори арэзы щыхъум, дзэр щхьэж и унэ зэбгрыкIыжащ. Н. Ш.
    ЗэгурыIуэныгъэ ещIылIэн заключить договор с кем-л.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэгурыIуэныгъэ

  • 4 зэдэун

    (зэдэущ) неперех. гл. быть одинаковыми, равномерными
    / Зэхуэдэн, зэтехуэн, зэгурыIуэн.
    * Ахэр лIакъуэ ин зэдэут, Нарт гуп зэрыIыгът, афэ гъуапэ мыубзэIут. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэдэун

  • 5 зэзэгъын

    (зозэгъ) неперех. гл. 1. жить в согласии, в мире между собой
    / ЗэгурыIуэу зэдэпсэун.
    * -Езыхэр {унагъуэхэр} зэзэгъыу уахыхьащи, уэри яхэзагъэ, - къызжиIащ си анэм. Къ. М.
    2. соответствовать, подходить друг другу
    / ЗэкIун, зэпхьэлIэ, зэгъусэ пщIы хъун (фащэ, щыгъын, хьэпшып сыт хуэдэхэр).
    КIэмрэ плIэмрэ зозэгъ.
    3. переносное договориться друг с другом, прийти к соглашению
    / Iуэху гуэркIэ зэгурыIуэн, ухыгъэ зэхуэщIын.
    УасэмкIэ зэзэгъын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэзэгъын

  • 6 зэпсэлъэн

    (зопсалъэ) неперех. гл. 1. разговаривать друг с другом
    / Зыр зым епсэлъэн, зыгуэр зэжраIэн.
    * Фызхэр, мафIэхьэ кIуауэ зэхуэзэмэ, зэпсалъэхэрт.. щхьэж и гузэвэгъуэ тепсэлъыхьу. КI. А. Сыт ящIэжынт къуажэдэсхэм? Зэхуос, зопсалъэ, ауэ пщым и унафэншэу вакIуэ дэкIын зыми дзыхь ищIыркъым. Ш. А. Хъыджэбзищыр зэпсалъэу а здэщытым Хьэжпагуэ къабгъэдохьэ. Щ. I.
    2. договориться, сговориться, условиться друг с другом
    / Унафэ гуэр зэдэщIын, зыгуэркIэ зэгурыIуэн.
    ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэну зэпсэлъащ.
    * Мысхьуд пщэдджыжь дигъэкIыртэкъым псым къэмыкIуэу, къакIуэми Мэрят къыщыкIуэ дыдэм хуэзэрт, а тIур псы Iуфэм деж щызэхуэзэну зэпсэлъа хуэдэ. КI. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэпсэлъэн

  • 7 зэпсэлъэныгъэ

    переговоры
    / Iуэхугъуэ пыухыкIа гуэрхэмкIэ зэгурыIуэн мурад яIэу я IуэхуеплъыкIэхэр щызэхуаIуатэ зэIущIэ.
    Зэпсэлъэныгъэ егъэкIуэкIын. Европэм щыIэ къэралхэм я унафэщIхэм я зэпсэлъэныгъэ.
    * Зэпсэлъэныгъэм зыри мыхьэнэ къикIакъым. Н. Ш.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэпсэлъэныгъэ

  • 8 зэрыгъэIущын

    (зэрогъэIущ) неперех. гл. сговориться друг с другом
    / Iуэху гуэрым теухуауэ зэпсэлъэн, зэгурыIуэн.
    * ЩIалэ нэхъ инхэм, си шыр ягъэунэхуну мурад ящIагъэнт, зэхэзмыхыу зэхэзмыхыу зэрыгъэIущащ яшхэр си Лакъуэхум къыдагъэжэну. Къ. З. ЩIалэжь бзаджэхэр зэрыгъэIущащ Хъуэжэ и пыIэр къыщхьэрачу зрагъэхъунщIэну. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэрыгъэIущын

  • 9 зэувэлIэн

    (зоувалIэ) неперех. гл. 1. стать вплотную друг к другу
    / Зыр зым еувэлIэн, зэгъунэгъу дыдэу увын.
    ЦIыкIухэр сатыритIу зэувэлIащ.
    2. переносное прийти к соглашению
    / ЗэгурыIуэн, зэбгъэдэувэн.
    * ЛъэпкъитIыр зэувалIэри пIалъэ зэратащ. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэувэлIэн

  • 10 зэухылIэн

    (зраухылIэ) перех. гл. договориться, условиться о чем-л. между собой
    / Зы Iуэху гуэркIэ зэгурыIуэн, псалъэ зэIыхын.
    * ЗэдухылIа пIалъэр къыщысым, си гур а зэрыIэфIым хуэдэу, сыкIуэри директорым и пащхьэм ситIысхьащ. Къэр. Хь. Бгъэжьымрэ езымрэ {Батыррэ} зэраухылIа щIыпIэм къыщысыжым, хывыхъуиблыр иукIащ, я фэр трилъэфри нэд ищIащ, псы ярыз ищIри игъэуващ. Анэд.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэухылIэн

  • 11 зыгъэбыдэн

    (зегъэбыдэ) перех. гл. 1. крепиться, мужаться
    / ЗыIыгъын, шэчын, зыхуэгъэшэчын, лIыгъэ зыхэгъэлъын.
    - Зыгъэбыдэ, щIалэфI, уи адэр щыIэжкъым, - ерагъыу къыжьэдэкIащ шым къепсыха щыхьэкIуэм. Т. Хь.
    2. укрепиться, подготовиться к обороне
    / Къозэуэным, къыптеуэным зэзэрыпэщIэпсэным зыхуэщIын, зыхуэгъэпсын, зыхуэгъэхьэзырын.
    3. переносное твердо договориться о чем-л.
    / Унафэ быдэ къэщтэн, зыгуэркIэ къэмылэнджэну зэгурыIуэн.
    Ди IэкIэ дилъ тщIэж хъунукъым, дилъ зэрытщIэжын Iэмал къэдгъуэтынщ, - жари {Есэнокъуэ зэшищым} загъэбыдащ. Къэр. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зыгъэбыдэн

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»