-
21 зэблэсыкIын
(зэблосыкI) неперех. гл. проплыть мимо друг друга/ Зыр зым блэсыкIын, есурэ зэблэкIын.Кхъуафэжьейр адэ-мыдэкIэ зэблэсыкIыу псым тетт. -
22 зэкIэрыблэблэн
(зэкIэроблаблэ) неперех. гл. свисать лохмотьями/ АдэкIэ-мыдэкIэ къелэлэх куэд иIэн, зэкIэрылэлын.* Зи бгъэр зэгуэтхъауэ {Iэсят} щыгъ бостей цIыкIум и кIэхэри зэхэфыщIащи, хьэнцигуащэм хуэдэу, зэкIэроблаблэ. У. А. Сэшхуэм ещхьу мащIэу гъэшыжа, бжьэ кIыхьышхуэ зытет, зи бацэр зэкIэрыблаблэу щIым нэс ажэжь хъушэм я пашэт. Ш. А. -
23 зэкIэщIэгъэпIиен
(зэкIэщIегъэпIие) перех. гл. 1. раздвинуть, растопырить (в разных плоскостях-пальцы, когти)/ ЗэкIэщIэшауэ гъэпIиин.* Жэпыпсым зэгуигъэча и Iэпхъуамбэ гъур цIыкIухэр зэкIэщIигъэпIиеурэ, зи щIытэн иримыкъуа и.. вакъэр фэдэн тIорысэкIэ зэригъэубыдырт. Хь. С. Аслъэн шырым къритыжыркъым Вася и джанэр, къыхуогурым.. и лъэбжьанэхэри зэкIэщIэпIиящ. Анэд.2. ощетинить, взъерошить (шерсть, щетину)/ АдэкIэ-мыдэкIэ гъэпIиин, гъэубэлэцын, цыр къэгъэтэджын, гъэкIын.* Джэдуухъум и тхыцIэр лъагэу игъэшри и пащIэхэр зэкIэщIигъэпIиящ. Анэд. -
24 зэкIэщIэжын
(зэкIэщIож) неперех. гл. 1. разбежаться ( в разные стороны)/ ЖэрыгъэкIэ зэкIэщIэкIын, зэбгрыжын.* Уэсмэн псынщIэу и шым зридзыхри шу зырызу зэкIэщIэжахэм еуэмэ, къриудыху уващ. Д. М. Шыхэр зэкIэщIэжри мэзым щIэлъэдащ. Нарт.2. разъехаться (о ногах, лыжах и т. п.)/ ЦIантхъуэу зэкIэщIэкIын, зэкIэщIэцIэнтхъун.* Абы и фIалъэ лъакъуэхэу нал зыщIахыжахэр гъуэгу ятIэ цIантхъуэрыгъуэм щызэкIэщIэжырт. Къэб.3. растечься/ АдэкIэ-мыдэкIэ жэн, жэурэ зэкIэщIэкIын, зиубгъун (псым).* Псыр нэхъ зэкIэщIэжу чэнж щыхъум деж зыхуигъазэри икIащ Ахьмэд. Iуащхь.4. рассыпаться ( о весах)/ ЗэкIэщIэлъэлъын (щхьэц сыт хуэдэхэр).* УэшхыпскIэ щхьэцыр ихущIагъащIэщи, данэ псырылъэу зэкIэщIож. Щ. I. -
25 зэкIэщIэпIиен
(зэкIэщIопIие) неперех. гл. 1. топорщиться, торчать в разные стороны (о ветках, пальцах и т. п.)/ АдэкIэ-мыдэкIэ пIиин.* Пыжьей банэ фIыцIэхэри, пыджэн хьэзыру, сэрейм и щIыIум щызэкIэщIопIие. Хь. А. Абы {мыщэ шырым} и лъакъуиплIри лъэныкъуэкIэ зэкIэщIэпIиерт - езыр алэрыбгъу цIыкIу хуэдэт. Къэб.2. переносное просторечие быть очень тучным, жирным/ Ныбэшхуэу, пшэр дыдэу щытын.Жэмыр шхэщащи зэкIэщIопIие. -
26 зэкIуэцIыдзын
(зэкIуэцIедз) перех. гл. развернуть, разложить что-л., отогнуть загнутые внутрь края/ И кIапэ уплIэнщIахэр адэкIэ-мыдэкIэ дзыурэ зэкIуэцIыхын.Алэрыбгъур зэкIуэцIыдзын. -
27 зэлъыIудзын
(зэлъыIуедз) перех. гл. растолкать, раздвинуть кого-что-л. в разные стороны/ АдэкIэ-мыдэкIэ дзын, лъэныкъуитIымкIэ IугъэкIуэтын.* {Фызым} и цIыхухэр зэлъыIуидзурэ, уэс зытелъ уэрам хуитым дэлъадэри увыIащ. У. А. Зыри имылъагъуу.. анэр, цIыху Iувыр зэлъыIуидзурэ, япэмкIэ псынщIэу пхырыпщырт. Iуащхь. -
28 зэлъыIутхъун
(зэлъыIуетхъу) перех. гл. разгрести что-л. в разные стороны/ АдэкIэ-мыдэкIэ зэлъыIугъэкIуэтын, зэлъыIудзын.* Я Iэпхъуамбэ пIыщIахэм епщэурэ, щIалэ цIыкIухэм жыг щIагъым щIэлъ уэсыр зэлъыIуатхъуащ. Iуащхь. ПщIащэхэр зэлъыIуитхъуу, сэ си занщIабзэу зы цыжьбанэ къакIуэу слъэгъуащ. Анэд. -
29 зэлъыIухун
(зэлъыIуеху) перех. гл. раздвигать что-л. в разные стороны/ АдэкIэ-мыдэкIэ хун, лъэныкъуэ зырызымкIэ хун.Кхъухьым псыр зэлъыIуеху. Жьыбгъэу къыщIихум мэзыр лъэныкъуитIымкIэ зэлъыIуеху. -
30 зэплъэкIын
(зоплъэкI) неперех. гл. оглянуться/ Щхьэр гъэзауэ щIыбагъымкIэ е лъэныкъуэкIэ плъэн.* УкъызэплъэкIмэ, бгы иным и бгъум, бжьэхуц хужьым хуэдэу, пшэ Iув хужьыр щIэлъщ. Хь. Хь. Мыкъэ щыблэр къызэреухыу псынщIэу, адэкIэ-мыдэкIэ зэплъэкIыу тэхъуанэм щIолъэдэж. Ш. А. -
31 зэтекIуэтын
(зэтокIуэт) неперех. гл. 1. сдвинуться, сместиться друг с друга ( о плоских предметах)/ Зыр зым текIуэтын, кIуатэурэ зэтекIын (пхъэ кIапитI зэтелъыр).2. расступиться, раздвинуться, раздаться в стороны/ ЗэлъыIукIуэтын, адэкIэ-мыдэкIэ икIуту утыкур хуит ящIын.Моуэ тIэкIу фызэтекIуэти утыкур нэхъ ин дывгъэщI. -
32 зэхэбзыхьын
(зэхебзыхь) перех. гл. 1. раскроить все, многое/ Куэд бзын, зэрадыным хуэдэу гъэхьэзырын.ЩэкIыр зэхэбзыхьын.2. изрезать, искромсать что-л./ Зыгуэр цIыкIу-цIыкIуу зэхэупщIэтэн.Сабийи кIылъымпIэр зэхибзыхьащ.3. переносное изрезать, пересечь что-л. в разных направлениях/ АдэкIэ-мыдэкIэ кIуэуэ (щIы щхьэфэр) дэтIыкIын, дэтхъун.ЩIыпIэ гъэщIэгъуэнщ мы аузыр! ИхъуреягъкIэ бгы къыщхьэщытщ.. псы дэжыпIэ лъагъуэхэм зэхабзыхьа щыхупIэ гъуэжьхэр иIэу. Iуащхь. -
33 зэхэгъухьын
I (зэхогъухь) обглодать, обгрызть что-л. во многих местах/ Зыгуэрым адэкIэ-мыдэкIэ егъун, щIыпIэ-щIыпIэхэм деж дзэкIэ еIэн, тешхыкIын.Мэз джэду шыр цIыкIур езым {Шурэ} зэригугъам хуэдэу Iэсэу къыщIэкIакъым: жэщым абы ашыкыр зэхигъухьат, шэр ирикIутат. Iуащхь.II (зэхогъухь) неперех. гл. сохнуть, иссохнуть (о какой-л. массе или многих предметах, лежащих вместе)/ ЗэмылIэужьыгъуэ зыгуэрхэр зэхэлъу гъун.Пхъэщхьэмыщхьэхэр зэхэгъухьын. -
34 зэхэзежэн
(зэхэзожэ) неперех. гл. бегать; суетиться/ АдэкIэ-мыдэкIэ жэн; зы Iуэху гуэрым щхьэкIэ хуэгузавэу е хьэлэбэлыкъ гуэрым къыхэкIыу къэжыхьын.ХьэщIэ пэмыплъауэ къызэхуэкIуа унагъуэр зэхэзожэ. ЦIыху гуп зэхэзежэн. -
35 зэхэзекIуэ
движение/ АдэкIэ-мыдэкIэ кIуэныгъэ, зекIуэныгъэ.ЗэхэзекIуэ щымыIэн. Ещанэ махуэми цIыхухэм я зэхэзекIуэр зэпыуатэкъым {нэщхъеягъуэ зиIэ унагъуэм я деж} къыдыхьэхэрт, дэкIыжхэрт. Черк. таур. -
36 зэхэзекIуэн
(зэхэзокIуэ) неперех. гл. двигаться в разных направлениях/ АдэкIэ-мыдэкIэ кIуэн, зекIуэн, къэкIухьын.А жэщым Iурарэ и унэм щызэхэзекIуа цIыхум бжыгъэ иIэтэкъым. КI. А. {МыщэтхьэкIумэ:} -Сигурэ си щхьэрэ зэтемылъу си закъуэ мэзым сыщызэхэзекIуакъым. Черк. таур. -
37 зэхэзеплъэн
(зэхэзоплъэ) неперех. гл. смотреть в разные стороны/ АдэкIэ-мыдэкIэ плъэн, зыплъыхьын. -
38 зэхэзепхъуэн
(зэхэзопхъуэ) неперех. гл. растерянно, торопливо, неловко хвататься за что-л./ ПIащIэу адэкIэ-мыдэкIэ пхъуэн.Шэ, гын жиIэу щакIуэр зэхэзепхъуэурэ дыгъужьыр кIуэдыжащ. фольк. -
39 зэхэзеуэн
(зэхэзоуэ) неперех. гл. слоняться, околачиваться/ АдэкIэ-мыдэкIэ кIуэуэ, зы Iуэху гуэрым и ужь иту зекIуэу, зелъатэу щытын.{И} гур зэхэзеуэн кубано-зеленчукские см. гу II. -
40 зэхэтын
(зэхэтщ) неперех. гл. 1. толпиться/ Зэхэувауэ щытын (цIыху куэд, псэущхьэ куэд).Iэщхэр зэбэдзауэу зэхэтщ. ЦIыхухэр къэпсалъэм едаIуэу зэхэтщ.2. располагаться рядом друг с другом, близко друг к другу (о чем-л.)/ Зэгъунэгъуу зы щIыпIэ щытын (куэд), зэхэувауэ щытын.Къуажэ советыр зыщIэт унэри, колхоз конторэри, клубри, еджапIэри зэгъунэгъухэу къуажэкум деж зэхэтщ. Выгуи шыгуи - псори, бэзэрышхуэм хуэдэу, гъунэ имыIэу зы лъэныкъуэмкIэ зэхэтт. КI. А. Iэдийм хуэдэу, нартыхушхуэхэр адэкIэ-мыдэкIэ елэлэхыу, жэпкъ гъум хъужу зэхэтт. Гъ. дыдоб.3. состояться (о съездах, собраниях, митингах, торжествах и т. п.)/ ЦIыху куэд зыхэт Iуэхугъуэ гуэр екIуэкIын, щыIэн.ЛIыгъур.. и унэм щекIуэлIэжым хэкум цIыхуу исыр зэхуэсри, мазэм щIигъукIэ хьэгъуэлIыгъуэр зэхэтащ. КI. Т., Акъ. З. ЗэIущIэр къызэIуахауэ, утыкушхуэ ящIауэ зэхэтщ. Сов. Къэб. ифольк.4. состоять из какого-л. количества составных частей/ Зы бжыгъэ гуэр зыхиубыдэу, къызэщIиубыдэу щытын.ПэшиплIу зэхэт унэр садыщIэ дахэм щIигъэнащ. Макъ.
Страницы