-
1 къыгурыIуэн
I (къыгуроIуэ) перех. гл. понять что-л./ Зыгуэрым къикIыр зыхэщIыкIын.* ИтIанэ хъаным къыгурыIуащ абы хуэдэр {Наурыз} бий ищIыныр зэрышынагъуэр. КI. Т., Акъ. З.2. переносное понимать, знать (напр. чужой язык)/ ЗэхищIыкIын, ищIэн (нэгъуэщIыбзэ).Бзэ куэд къыгурыIуэн.II (къыгуроIуэ) неперех. гл. условиться, договориться с кем-л. о чем-л./ Акъылэгъу къыдэхъун.ЩызэхуэзэнумкIэ къыгурыIуэн. -
2 къыгурыIуэн
перех. понимать, понять кого-что-л. -
3 къыгурыгъэIуэн
-
4 гурыIуэн
I (гуроIуэ) перех. гл. см. къыгурыIуэн.* ПщитIыр пщащэм зэрещакIуэр {Абылащ} фIыуэ гурыIуащ. Къэб. п. и ант.II (гуроIуэ) неперех. гл. договориться, достигнуть соглашения/ ЗыгуэркIэ зэпсэлъауэ Iуэхур зым теубыдэн; зыгуэрым Iуэхугъуэ гуэркIэ акъылэгъу хуэхъун.* Бажэр дыгъужьым гурыIуа, мыщэр акъылэгъу хъумэ, кхъуэпIащэр езым фIэфIу яшхыну. Дыщэ кI. -
5 дэIуэщхъун
(мэдэIуэщхъу) неперех. гл. ослышаться/ ЖаIар къыгурымыIуэн, зэблэдзауэ къыгурыIуэн.УдэIуэщхъуауэ къыщIэкIынщ, ахъумэ сэ жысIар аракъым. -
6 къэпхъкуэтэн
(къепхъуатэ) перех. гл. 1. схватить резко кого-что-л./ ПсынщIэу зыгуэр къэщтэн, къэубыдын.* Уэ, абдежым, Сосрыкъуэ, Умышынэу епхъухи Зы пхъэдзакIэ къэпхъуатэ. Къэб. п. и ант.2. переносное схватить, усвоить что-л./ Зыгуэр псынщIэу къыгурыIуэн, зэхэщIыкIын.* Абы и Iэ убыдыкIэм гуапагъэ зэрыхэлъыр занщIэу Хьэмидбий къепхъуатэ. Хь. Хь.3. переносное подхватить, поддержать что-л. (напр. инциа-тиву, песню)/ ДэIыгъын, зегъэубгъун (жэрдэмыфIыр, уэрэдыр).* Зы сэлэт жьакIагъуэ гуэрым уэрэдыр къыхидзэрт, адрейхэм къапхъуатэрт абы и ежьури.. яукъуэдийрт. Ш. А. -
7 къэубыдын
(къеубыд) перех. гл. 1. поймать кого-что-л./ Щхьэхуиту щыт зыгуэр Iэрубыд щIын, зыIэрыгъэхьэн.* Джэдуужьым зы дзыгъуэ.. къиубыдащ. Дыщэ кI.2. захватить, занять, завоевать что-л./ Къэзэун, лъэщыгъэкIэ къэщтэн, зыIэщIэгъэхьэн.Бийм и быдапIэр къаубыдащ.3. охватить, включить в себя (территорию, время и т. п.)/ Къыхиубыдэн, къыхыхьэн, къриубыдэн.Мо къуршхэм нэс къеубыд ди районым.* Хъыбарым езым къиубыд гъуэгуанэр зэрыIуэтэжыгъуафIэм ещхьу, кIэщIкъым икIи тынш цIыкIукъым. М. Б.4. находиться с кем-л. в каких-л. отношениях (родственных, дружеских и т. п.)/ Благъагъэ, ныбжьэгъугъэ сыт хуэдэхэмкIэ зыгуэрым пыщIауэ щытын.быдын.5. переносное изобличать кого-л., уличить в чем-л. кого-л./ НаIуэ, сэтей, белджылы къэщIын (зыгуэрым и къуаншагъэр), къэумысын, и пцIыр къыщIэгъэщын. Сабийм пцIы иупсу къаубыдащ.6. переносное сделать кого-л. своим сообщником, подкупить кого-л./ IупэфIэгъу къэщIын, IулъхьэкIэ къыдэхьэхын, къыпфIэлIыкIыу, уи телъхьэу къыщIегъэдзын.IулъхьэкIэ къэубыдын. МылъкукIэ къэубыдын.7. переносное уловить, понять, схватить что-л./ КъыгурыIуэн, зэхищIыкIын, къыхипхъуэтэн. У эрэдыми макъа-мэр къэубыдын. Псалъэм и мыхьэнэр къэубыдын.8. кубано-зеленчукские нанять кого-что-л./ Зыгуэр къэщтэн (хьэхуу).Уэчыл къэубыдын. Машинэ къэубыдын.Нэм къиубыдын см. нэ.Нэм къиубыдым нэс см. нэ. -
8 къихын
(кърех) перех. гл. 1. вынуть, извлечь, вытащить что-л. из чего-л./ Зыгуэрым илъыр къэщтэн, къигъэкIын.* {Наурыз} мафIэ зэщIигъэнащ, шы пщIэгъуалэм и кIэ налъэр и хьэзырым кърихри иригъэуащ. КI. Т., Акъ. З. МыхьэнэншэкIэ къамэ кърахыркъым. П. Б.2. переносное суметь прочесть написанное/ Тхам къеджэн.Тхар тэмэму къихын.3. переносное истолковать, понять что-л./ КъыгурыIуэн, гу лъытэн.* Зырамыку фочхэр зэрызэпиплъыхьамрэ шыхэм зэреплъа щIыкIэмрэ Таусо кърихащ щIалэр зыщIэгупсысыжу лъы щIэжыныр мурад ищIауэ. Т. Хь.4. переносное собрать, получить (напр. урожай)/ КъехьэлIэн, къытехын (гъавэ хадэм). Хадэм гъавэ бэв кърахащ.5. переносное принести что-л. откуда-л. ( сюда)/ ЗыщIыпIэ щыIэ гуэр къэхьын.Мэзым зэрыджэ къихын.6. переносное найти, достать, подобрать что-л./ Зыгуэр къэгъуэтын, къыщIэуIукIын.* Абы {пщащэм} щIэстыну уасэ дэнэ къисхыну? КI. Т., Акъ. З.7. переносное см. къигъэжын IV. Бостеипщэр ину кърахат. -
9 къыхэгурыIукIын
(къыхегурыIукI) перех. гл. кубано-зеленчукские понять что-л. из чего-л./ Зыгуэрым къыхэкIыу къыгурыIуэн.* Куэдрэ сегупсысащ, къыхэзгурыIукIари мыращ абы. Лъэб.
Перевод: со всех языков на русский
с русского на все языки- С русского на:
- Все языки
- Со всех языков на:
- Все языки
- Адыгейский
- Русский