-
61 къуакIэ
1. ложбина; лощина, балка/ Iузэу, чэнжу дэха уэх, къуэ.Иджы лIибгъум Iэщыр хузэщIэмыкъуэ, къуакIи, тафи абы яуфэбгъу. Къэб. п. и ант.2. см. къуащIэ.* Диснэху и бостей къуакIэмкIэ йосэбауэри тIысыпIэр Гуащэ хуегъэкъабзэ. Iуащхь. -
62 къуакIэбгыкIэ
сильно пересечённая, овражистая местность/ Тафэу (джафэу) щымыт, къуэ, бгы куэду здэщыIэ щIыпIэ.* Щауей къуакIэбгыкIэ гъуэгуншэхэмкIэ нарт щIыналъэм къыхуэкIуэжырт. Нарт. -
63 къуащхьэ
верхний край балки (оврага)/ Къуэ; къуэкIий дэкIыр ищхьэмкIэ щиух щIыпIэ.* Къуащхьэм мэкъу щеуэн. Жэщыр щрахьэкIын тIысыпIэ къалъыхъуу къуршыбгъэхэр лъахъшэу къуащхьэм щыхуарзэт. Къ. Хь. -
64 къуэдыдж
узкий глубокий овраг; пропасть/ Къуэ зэв куу; щыхупIэ куу.Къуэдыджым дэхуэн.* АнэнэпIэсым жиIащ: - Си мылъхукъуищыр модэ къуэдыдж щыIэщи абы фхьыи дэвдзэ. Ад. таур. -
65 къуэкIий
овраг, балка/ Къуэ дэха, дэуда, къуакIэ.* Зэгуэрым къуэкIийм дэту шу гуп къыдихьэлIащ. Къэб. фольк. -
66 къуэшыхь
конец длинного оврага, окруженного с трех сторон горами/ Къуэ куу дэкIым и кIэух, лъэныкъуитIымкIи джабэ къыIуту.Къуэшыхьым деж псынэ къыщыщIож. Къуэшыхьым и щхьэм мэкъу щеуэн. -
67 къупщхьэ
кость/ ЦIыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу лыр зыкIэрылъ пкъыгъуэ быдэ зэрыIыгъхэр.* Хъуэжэ шы пэхужьым и къупщхьэ фIэкIа зыри игъуэтыжакъым. Къэб. фольк.Къупщхьэ гуащэ красавица, куколка.Къупщхьэ хужь белая кость, голубая кровь ( о человеке знатного происхождения).* А сыт мыгъуэр си дуней, уджыназ лъэпкъщ, къупщхьэ хужьым уащыщщ, дауэ мыгъуэ уи дуней Iыхьэр дэпхьыну пщылI лъэпкъым къыхэкIам. КI. А.Къупщхьэ хъун стать продолжателем рода.* -ХьэжыщI сыкIуэрэ псапэ сщIэмэ, си гуэныхьыр тхьэм сщхьэщихынщи, си лъэпкъым къупщхьэ хуэхъуну, къуэ къызитынщ, - жиIэри Инус Мэккэ кIуащ. КI. А.{И} къупщхьэм щIэфын эксплуатировать кого-л., жить за счет кого-л.* Уэ узэрыпсэур сэ схуэдэхэм я къупщхьэм ущIэфущ. Къ. Хь.Къупщхьэр и тэмакъым тенэн поплатиться за что-л.* Щэрданхэ я мылъку зышхым къупщхьэр и тэмакъ тенэнщ. КI. А.къупщхьэ куцI костный мозг/ Къупщхьэ ку гъуанэм илъ куцI.* Лыр ишха иужь, лIыжьым мэл лъэдийр икъутэри къупщхьэ куцIыр кърихащ. фольк.къупщхьэ уз костные болезни/ Къупщхьэм къефыкI узхэм ироджэ. -
68 кхъуейплъыжькIэрыщIэ
этн. торжество в честь рождения первого сына/ ГуфIэгъуэ дауэдапщэм (щIалэ цIыкIу къалъхуагъащIэм иращIэкIым) щыщ Iыхьэ: щэ дагъэ егъэфауэ фэ кIапсэ къызэлэлэх пхъэ зэфIэбдзэ лъагэм кхъуей плъыжь, хьэпшып цIыкIу сытхэр кIэращIэри, дэпщейуэ къыфIэхынымкIэ зэпоуэ.* Къуэ къыпхуалъхумэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ пщIынкъэ? Iуащхь. -
69 лэу
мозд. диалект см. кхъуэ.* И щIопщыджэ макъыр къуэ кIуэцIиблым щоIу, лэу чыцIхэр къыхегъэщт. Нарт. -
70 леймыгъэгъу
не прощающий несправедливости/ Лей зезыхьэм хуэзымыгъэгъу, къыщIэзымыгъакIуэ, зилъ зыщIэж.* ЯукIа лъхукъуэлIым и къуэ закъуэр къэхъумэ леймыгъэгъу бий яхуэхъункIэ шынэри уэркъхэм мурад ящIат Локъан лъэныкъуэ ирагъэзыну. Iуащхь. -
71 лъапэ
1. передняя часть ступни, носок/ Лъэтхьэмпэм и гупэ Iыхьэ нэхъ лъахъшэр.* Пщыкъан лъапэкIэ тету.. щIэкIыжащ. Къ. Хь. Хэт илъэгъуа адыгэ джэгу.. хатIэу, я лъапэр япхъуатэу. Хь. Хь.2. носок (обуви, чулка)/ Вакъэм, лъэпэдым и пэ.* Шырыкъу лъапэкIэ бжэр къыIуиудри лIы гуэр къыщIыхьащ. Iуащхь.3. подножие горы, возвышенности/ Бгы лъабжьэ.Iуащхьэмахуэ лъапэ.* Бажэхэмрэ дыгъужьхэмрэ къызэхуэсри.. Iуащхьэ лъапэм къетIысэкIащ. КI. Т., Акъ. З.4. опушка/ Мэзымрэ губгъуэмрэ щызэпылъ щIыпIэ.* ЩакIуэм мэз лъапэм пщыIэ щищIри щIэтIысхьащ. Къэб. фольк.5. изножье/ ПIэ лъапэ.* {Бэчмырзэ} нэху игъэщырт.. пIэ лъапэм тесу, и нитIыр и къуэ закъуэм темыкIыу. Ш. А.Лъапэ дэмышиен = лъапэ щымылъэщIын.Лъапэ махуэ (къ)ихьэн принести счастье, радость в дом (о госте, невесте и т. п.).* Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, къыщIыухьэ лъапэ махуэ. Къэб. п. и ант. Фи бжэщхьэIум къебэкъуа цIыхубзым.. лъапэ махуэ фи унэ кърихьэну сохъуэхъу. фольк.Лъапэ махуэ къыухьэжьэж пожелание здоровья, счастья - при обращении к выздоровевшему.* Лъапэ махуэ къыухьэжьэжи, сыт ухуэдэ, си ныбжьэгъу? Къэб. Сымаджэу къэтэджыжамэ, "Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!" жаIэ. Ад. фольк.Лъапэ махуэ къыщIыухьэ! Да будет твой приход счастливым!* Унэм игъащIэм къыщIэмыхьа къыщыщIыхьэм деж, жаIэ хабзэщ: - Лъапэ махуэ къыщIыухьэ! КI. А.Лъапэ щымылъэщIын (щIэмышиен) не переступать чьего-л. порога.Лъапэ (лъэбакъуэ) щIэчэн войти куда-л.лъапэ щхьэнтэ колыбельная подушечка, накладываемая на ноги ребенка/ Гущэм щыхапхэкIэ сабийм и лъакъуэм тралъхьэ щхьэнтэ цIыкIу; гущэ щхьэнтэ. -
72 лъащIэ
I 1. дно; днище/ Хьэкъущыкъухэм, зыгуэр зралъхьэ, зракIэ е щIым иIэ кумбыгъэхэм я кIуэцI, щIагъ кIэкъинэ къызэрынэр.Чей лъащIэ.* Псы цIыкIум и макъыр къуэ зэв куум и лъащIэм къыщыIущащэрт. Къ. Хь.2. фундамент, основание/ Мывэм, бетоным, н. къ. къыхэщIыкIауэ унэ, псэуалъэ с. ху. я блынхэм лъабжьэ яхуэхъур, ахэр зытетыр.Унэ лъащIэ.3. нижний край неба/ Уафэм и щIагъ лъэныкъуэ екIуэкIыр.* Уафэ лъащIэ тхъуэплъым дыгъэр къыщотэджыр. КI. Т. КъуэкIыпIэмкIэ уафэ лъащIэр нэху къэхъуащ. Къ. Хь.II убранство дома/ Унэ кIуэцIым щIагъэувэ, щIалъхьэ хабзэ хьэпшыпхэр; унэ лъащIэ. {ХьэпащIэ:} СоIуэ.. уни лъащIи симыIэ, Iэнэ леи къыпхуэзмыщтэфыну. Iуащхь.ЛъащIэ емыгъэщIын расточать чьи-л. средства, не давать кому-л. скопить имущество.ЛъащIэ щIын накапливать имущество.* Лашэ лъащIэ имыщIу ищIар еIуатэ. Къэб. -
73 лIы
1. мужчина/ ЦIыхухъу.* ЛIы цIэрыIуэ. ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху. (погов.) ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым. (погов.)2. муж, супруг/ ЦIыхубзым и щхьэгъусэ.Мы дэжэун.ЛIы дэкIуэн выйти замуж.ЛIы етын выдать кого-л. замуж.* Сэ сыщымыIэу, Аминатыр лIы иратат. Къу. Хь.ЛIы жагъуэ хуашэ хуэдэ быть в плохом настроении (букв. словно выдают замуж за нелюбимого человека).ЛIы и жэщ темная, пасмурная ночь.ЛIы икъугъэ (икъущ) настоящий мужчина.* Хьэхьей, Нартхэ ди Бэдынокъуэ! Нартхэ ди лIы икъугъэ, Бэлэрыгъ зекIуэкIэ, Уи шыфэлIыфэр сфIэдахэщ. Нарт.ЛIы и лIыж = лIым я лей.* ГуфIэгъуэ мыухыжыр зыгъуэта нартхэм лъэIукIэ ирагъэблэгъащ лIы и лIыж Батрэзыр. Нарт.ЛIы фIыцIэ гъущIынэ храбрый мужчина.* Сосрыкъуэу си напщIэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ. Нарт.ЛIы хъун = лIыпIэ иувэн.ЛIы цIыкIу къамэшхуэ мужчина с амбициями.ЛIы щIын сделать, воспитать кого-л. мужчиной.ЛIым я лей храбрейший из храбрых. ЛIым я лейуэ щхьэ хъыжьэ, зауэ хъумэ, лIы хахуэ. Ад. фольк.ЛIыуэ анэм къилъхуа настоящий мужчина. *ЛIыуэ пащIэ тетын быть настоящим мужчиной.* УлIу пащIэ птетмэ си пащхьэм къиувэ. Щ. Ам.ЛIыфI натIэ ухъу хорошего мужа тебе ( пожелание девушке).* Пщащэм, гушыIэ хуэдэу: - НасыпыфIэ, лIыфI натIэ ухъу! - жраIэ. Ад. фольк.лIы дакъэ крепкий, сбитый мужчина/ ЛIы быдэ, Iэчлъэч.лIы дэкIуэгъуэ брачный возраст девушки, пора замужества/ Бзылъхугъэм и балигъыпIэ, ар унагъуэ щихьэ хъуну ныбжь.Пщащэм и лIы дэкIуэгъуэ хъуащ.лIы закъуэ бобыль/ Щхьэгъусэ, унагъуэ зимыIэ (зимыIэж) цIыхухъу.лIы закъуэ унэ семья мужчины без братьев и сыновей/ Къуэш, къуэ зимыIэ цIыхухъум и унагъуэ.лIы къуапцIэ стройный высокий мужчина/ ЦIыхухъу уардэ.* Сосрыкъуэу лIы къуапцIэ, сэркIэ укъэмыпцIэ. Нарт.лIы пцIанэ безоружный мужчина/ Iэщэ зымыIыгъ цIыхухъу.* Атаманым Бадым и псалъэр и фIэщ хъуащ, лIы пцIанэм сыт ищIэн, Iэрыубыд хъуащ жыхуиIэ хьисэпкIэ къепсыхащ. Iуащхь. -
74 лIыкIуэ
1. посредник, представитель/ Гупым и Iуэхузехьэ.* Нартхэ лIыхъу лIыкIуэ хуащIащ Сэнджым и къуэ Щауейм. Ад. фольк. Нысэ лъыхъуэ кIуа лIыкIуэхэм, Къеблагъэ, къыжраIащ. Ад. фольк.2. делегация/ Зы гупсысэкIэ зэпха цIыху гупышхуэ къыхэкIыу, ахэм я цIэкIэ зы щIыпIэ кIуэ, я унафэр къэзыIуатэ.ЛIыкIуэхэр къегъэблэгъэн.3. посол/ Къэрал унафэр, лъэIур нэгъуэщI къэралым бгъэдыхьэныр, епсэлъылIэныр зи пщэ дэлъ цIыху.Къэралым и лIыкIуэр тепсэлъыхьащ мамырыгъэр хъумэным. -
75 насып
счастье/ Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытыкIэ.* {Мурат:} - къуэгъэнапIэм къуэсу насып зыгъуэта щыIэкъым. Т. Хь. Насып зимыIэм, махъшэм тесми хьэ къодзакъэ. (погов.)Насып защIэ ухъу! большого тебе счастья!{Я} насып зэхэлъыэн составлять счастье друг друга.Насып кIыхь ухъу! долгого тебе счастья!{Зи} насып къэкIуэгъуэ молодой (букв. чье счастье еще впереди).* Нобэ Астемыр зытет гъуэгу дыдэмкIэ зи насып къэкIуэгъуитIыр къэпIащIэу къакIуэрт, я натIэм илъыр ямыщIэу. КI. А.{И} насып къэкIуэн счастье пришло.Насып къеуэлIэн счастье привалило.{И} насып къикIын выпало, улыбнулось счастье.{И} насып къихьын оказаться удачливым; посчастливиться кому-л.Насып къыдэкIуэн стать причиной счастья.Насып мыгуэш неразделимое счастье.{И} насып текIуэн оказаться более счастливым, удачливым.{Уи} насып тхьэм химых! дай бог найти! (что-л. потерянное, украденное).* Зыгуэр зыфIэкIуэдауэ лъыхъуэм жраIэ: - Уи насып тхьэм химых! Ад. фольк.Насып тIуащIэ двойная радость (букв. счастье).{И} насып хэлъын 1) быть предназначенным для кого-л. ( судьбой).* Уи насып зыхэлъым дыщэ тепхъуауэ уолъагъу. (погов.) 2) быть удачливым, везучим в чем-л. Еджэным и насып хэлъын.Насыпым елъэпэуэн оттолкнуть от себя счастье; не воспользоваться счастливым случаем.{И} насыпым кърихьэкIын повезти, посчастливиться кому-л.{И} насыпыр бжыхьым ирапхакъым еще может повезти, посчастливиться.{И} насыпыр зэпыудын помешать чьему-л. счастью.* {Анэм:} - Лэкъумэныжьым и къуэ нэфым Си насыпыр зэпеудыр. Акъ. З.{И} насыпти (насып иIэти) на чье-л. счастье, к счастью.* Лу Инал хуэзэну имыгугъами, и насыпти, хуэзащ. Iуащхь. -
76 нэбгъэф
жеребенок от одного до двух лет/ Илъэс-илъэситIым яку дэт ныбжь зиIэ шыщIэ.* Ефэндым и шы къомри, а зы нэбгъэф цIыкIум нэхъ къыдэмынэу, къуэ куум къыдахужри.. къаугъуеижат. Д. М. -
77 нэпкъ
I обрыв, откос/ Къуэ Iуфэ, псы Iуфэ, бгыпэ сыт хуэдэхэм я щыхупIэ, ехыпIэ задэ.* - Мес, уолъагъу.. нэпкъым къытет жыг баринэхэр, адкIэ уплъэмэ, - уэсылъэ къырыжьхэр. Къэр. Хь.II скула/ Нэм и лъабжьэкIэ иIэ къупщхьэ къыхэIэтыкIа.Нэпкъ лъагэ.* Жырыщхъуэу джатэхэр лIыхъущхьэ нэпкъым щигъабзэрт. фольк. -
78 ней
I 1. глаза, выражающие злобу, гнев/ Е, губжь къызыщIих нэ.* - Хьэуэ, хъункъым, Сэтэней, Хасэм нейкIэ укъыхэплъэу Жырым хуэдэу плъа ди нартхэм Уи къуэ цIынэр къыдэпшалIэу! Нарт.2. злоба, злость, недоброжелательство/ Биигъэ, жэгъуэгъугъэ, ижыгъэ.* {ЛIыхъусан:} - Уи ней, КIэрэф, плъэкIын щыIэм, КъызэпщIэну къыумыгъанэ. Акъ. З.3. дурной глаз/ Языныкъуэхэм къазэрыфIэщIымкIэ, зэплъым зэран хуэхъу, Iей къыхуэзышэ нэ.Ней иIэун.{И} ней (къы)щыхуэн относиться недоброжелательно, стараться причинять зло.* Хэт и пIалъэ епцIыжми, Псатхьэ и ней къыщыхуэ! Къэб. п. и ант.II трахома/ Нэм къеуалIэ уз зэрыцIалэ.Нейм нэф ихъукIын.III плотно или с частыми узлами сплетенный, сотканный/ Iуву, зэгъэкIуауэ ща, хуа, мыцIырхъ.ЩэкI ней. Чий ней. Хъы ней.IV ласковое обращение к бабушке или к матери/ Анэшхуэм, зэм-зэми анэм зэрызыхуагъазэ гъэфIэгъыбзэ псалъэ.V целый (напр. год)/ Псоу, зыри хущымыщIэу (, илъэс ней). Мазищ ней дэкIын. Илъэс нейкIэ пэп-лъэн. -
79 нысэ
невестка/ Унагъуэ ихьа бзылъхугъэр щхьэгъусэр къэзыъхуа-къыдалъхуахэм, и Iыхьлыхэм зэрахущытыр.* Нысэ Iейм унафэр унэм ирех. (погов.)Нысэ къэшэн привести в дом невестку. *Нысэ лъыхъуэн сватать невесту ( за сына или за другого близкого родственника). Къуэ зиIэр нысэ лъыхъуэу пщащэхэм яхэпъэрт, цIыхум зэрахэтымрэ лэжьыгъэм хьэлэу зэрыбгъэдэтымкIэ ящIу. Къ. Хь.Нысэ тын подарки от невестки родственницам мужа.Нысэ хъуэхъу поздравление родных по случаю женитьбы члена семьи.Нысэ щIын взять кого-л. в невестки. -
80 пэрыкуэн
(пэрекуэ) перех. гл. напихать чего-л. ( в огонь)/ МафIэм хэкуэн.* Хъаным и къуэ нэхъыщIэм фызым и хьэндыркъуакъуафэр къидыгъури мафIэм пэрикуащ. фольк.
См. также в других словарях:
Каноков, Арсен Баширович — Арсен Баширович Каноков кабард. черк. Къанокъуэ Башир и къуэ Арсен … Википедия
Дене — Современный ареал расселения и численность Всего: 1 400 Канада … Википедия
Ногмов, Шора — Шора Бекмурзин Ногмов Имя при рождении: кабард. черк … Википедия
Etoko River — Etoko (Adyghe: Ят1экъуэ, Yatheque ; ru. Этоко) is a river in the north of Zolsky District, Kabardino Balkaria, Russia, a tributary of Podkumok River, near Pyatigorsk. The etymology of the name is from the Adyghe language: Ят1э, clay/mud + къуэ,… … Wikipedia
Залукокоаже — Посёлок городского типа Залукокоаже кабард. черк. Дзэлыкъуэ къуажэ Страна Россия … Википедия
Сосруко — Фонтан «Танцующий Сослан на чаше Уацамонга», Владикавказ … Википедия
Индейцы в Канаде — Доисторические индейские стрелы, хранящиеся в Вашингтоне … Википедия
Уайт-Ривер (Первая нация) — У этого термина существуют и другие значения, см. Уайт Ривер (значения). Индейская община Канады Уайт Ривер White River First Nation … Википедия
Индейцы Канады — индейцы Канады … Википедия
Осуюс (община) — Индейская община Канады Осуюс Osoyoos … Википедия
Северные тутчоне — Северные Тутчоны Современный ареал расселения и численность Всего: 1 600 человек терри … Википедия