-
1 зэпкърылэлын
(зэпкъролэл) неперех. гл. 1. расшататься (о чем-л.)/ ФIыуэ зэрымыIыгъыу, зэщIэхъаеу щыфтын.* Гущэжь зэпкърылэлым хэлъ сабийр щIигъэхъейуэ фызыжь цIыкIур бгъэдэст. фольк.2. переносное раскинуть, расслабиться/ Iэпкълъэпкъыр зэщIэмыкъуауэ, лалэу, зэфIэмыхьэу щытын.* Аслъэн шырыр сабырт, зэпкърылэлу щытт. Iуащхь. И щхьэ къыфIэхуауэ и пщэ зэфIэлIауэ зэпкърылэлырт, цIыхухъу хьэлщ жыхуэпIэн нэщэнэ гуэри дэплъагъуртэкъым {Жорэ}. Iуащхь. -
2 зэпкърыгъэлэлын
/ Зэпкърылэлын псалъэм и каузативщ.* -ГувэIуауэ къэпхуащ {псым} ахэр {мэлхэр}... Плъагъурэ ахэр хуабэм зэрызэпкъригъэлэлар? - жиIащ Авдей Григорьевич. Хэкур м. -
3 зэпкърытIэтIын
(зэпкъротIэтI) неперех. гл. 1. размякнуть, расползтись (напр. о тесте)/ ТIатIэу пIащIэ хъун.Тхьэвыр зэпкърытIэтIащ.2. переносное см. зэпкърылэлын 2.