-
41 жьэхэфыщIыхьын
(жьэхофыщIыхь) неперех. гл. 1. вцепиться в кого-л. ( чтобы подраться)/ Езэуэн мурадкIэ зыгуэрым зепщытын.2. переносное пытаться надругаться ( над женщиной)/ Лей ехын мурадкIэ цIыхубзым зепщытын. -
42 зэкIэлъеукIуриехын
(зэкIэлъоукIуриех) неперех. гл. скатиться сверху один за другим (с какой-л. высоты)/ Зым и ужь зыр иту еукIуриехын, зэкIэлъыкIуэу укIурияуэ ехын.Мывэхэр джабэм зэкIэлъоукIуриех. -
43 зэкIэлъехын
(зэкIэлъох) неперех. гл. идти вниз, спускаться один за другим/ Зым и ужь зыр иту, зэкIэлъхьэужьу ехын. -
44 зэрелъэфэхын
(зэролъэфэх) неперех. гл. просторечие вместе тащиться вниз/ Зэрызелъафэурэ ехын.ИщхъэрэкIэ зэрелъэфэхын. Бгым зэрелъэфэхын. -
45 зэрехухын
(зэрохух) неперех. гл. вместе нестись вниз/ Зэрыхуурэ, зэрызехьэурэ ехын.КъуажэмкIэ зэрехухын. ИщхъэрэкIэ зэрехухын. -
46 зэрехьэхын
(зэрохьэх) неперех. гл. вместе нестись вниз/ Зэрыхьу, зэрызехьэу ехын.* Псым телъ мылыр ежьащ. Мэщхъыщхъхэр, зэжьэхоуэхэр, зэрохьэххэр. Анэд. Япэ ит толъкъуныр яужь итыным ираудыну задз хуэдэ, зэкIэлъыпIащIэу зэрехьэххэрт. Т. Хь. -
47 зэрешэхын
(зэрошэх) неперех. гл. вместе идти вниз/ Зэрышэурэ ищIагъымкIэ ехын, ищхъэрэкIэ зэрышэн. -
48 зегъэбгъунлъэхын
(зрегъэбгъунлъэх) перех. гл. скатиться вниз (напр. на лыжах)/ Бгъунлъу зыщIыпIэ зегъэжэхын, ехын.Бгым зегъэбгъунлъэхын. Къуэм зегъэбгъунлъэхын. -
49 зегъэджэрэзэхын
(зрегъэджэрэзэх) перех. гл. скатиться кубарем откуда-л./ ЛъагапIэ гуэрым джэрэзу ехын, ежэхын.ЩIалэ цIыкIухэм джабэм зрагъэджэрэзэх. -
50 зегъэжэхын
(зрегъэжэх) перех. гл. скатиться, съехать откуда-л. ; спуститься откуда-л. (напр. с горы)/ Зы лъагапIэ гуэрым ехын, ежэхын.Альпинистым кIапсэр иIыгъыу бгы задэм зригъэжэхащ. -
51 зегъэлъэтэхын
(зрегъэлъэтэх) перех. гл. быстро спуститься откуда-л. ; соскочить с кого-чего-л./ Зыгуэрым псынщIэу ехын, псынщIэу етIысэхын (тIысын).Шэнтым зегъэлъэтэхын. ЩIалэ ахъырзэманым фадэбжьэр къыщыпрахьэжьэм, шым зрегъэлъэтэхри хъуэхъу дахэр къыжеIэ. Черк. таур. -
52 зелъэфэн
(зэрелъафэ) перех. гл. 1. таскать волоком кого-что-л./ АдэкIэ-мыдэкIэ зыгуэр лъэфын.Къэпыр зелъэфэн.2. переносное просторечие таскать за собой кого-л. (напр. ребенка)/ ЗыкIэрымыгъэкIыу зыгуэр уи гъусэу къепшэкIын, къепхьэкIын (сабийр).3. переносное изнасиловать кого-л./ Зыгуэрым лей ехын. -
53 зыдехьэхын
(зыдрехьэх) перех. гл. идя вниз, захватить что-л. с собой/ Зыгуэр пIыгъыу ехын. -
54 ищхъэрэ
1. низовье ( о местности)/ Псыр здежэх лъэныкъуэ.Къуажэм и ищхъэрэ лъэныкъуэ. ИщхъэрэкIэ ехын.2. север ¦ северный/ Уи гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ уувмэ, уи сэмэгурабгъур зыхуэзэ лъэныкъуэр.* Чэруанзешэ нэгъуейм и унафэкIэ махъшэхэр ягъэгъуэлъ, я щIыбхэр ищхъэрэкIэ гъэзауэ. Ш. А. -
55 кIэлъегъэзыхын
(кIэлърегъэзых) неперех. гл. двинуться вниз за кем-чем-л./ Ех гуэрыр здэкIуэ лъэныкъуэмкIэ унэтIын, гъэзэн, зыщIыпIэ еха гуэрым иужькIэ ехын. -
56 кIэлъежэхын
(кIэлъожэх) неперех. гл. побежать вниз вслед за кем-чем-л., после кого-чего-л./ ЗыщIыпIэ еха гуэрым жэкIэ кIэлъехын, ех гуэрым и ужь иту щIэпхъуэн, зыгуэрым и ужь иту жэкIэ ехын.Бгым ехам кIэлъежэхын. -
57 кIэлъехын
(кIэлъох) неперех. гл. спуститься вниз вслед за кем-чем-л., после кого-чего-л./ Зыгуэрым и ужь иту ехын; зыгуэр зыщIыпIэ еха нэужь кIэлъыкIуэн.* Ижь-ижьыж лъандэрэ гъуэ дыджым илъ дыщэм кIэлъехыу ар къизыхын къэхъуакъым. Черк. таур. -
58 къэгъэпцIэн
(къегъапцIэ) перех. гл. 1. обмануть кого-л./ ПцIы хуэупсын, бзаджагъэ кIэлъызехьэн, хуэмыпэжу хущытын.* -ИныжьитI къызэуэсащи сагъэпсэуркъым, си пхъур сфIахьыну си ужь къитхэщ, - жиIэри Джылахъстэным къигъэпцIащ Лъэпщ. Нарт.2. переносное обмануть, соблазнить, обольстить (женщину, девушку)/ ЦIыхубзыр щыгъэуэн, лIыгъуэфызыгъуэ ехын. -
59 лIыгъуэфызыгъуэ
лIыгъуэфызыгъуэ ехын (кIэлъызехьэн) прелюбодействовать с кем-л.* Къарэмырзэпщым лIыгъуэфызыгъуэ и пщылI цIыхубзхэм якIэлъызэрихьэрт. Ш. А. -
60 мафIохъу
мафIохъу апщий! да будет твой огонь добрым! (приветствие человеку, сидящему у огня)/ МафIэм пэрысым ирах сэлам.* МафIэм пэрысу, емышхэу, емыфэу ирихьэлIэмэ, "мафIохъу апщий!" - жаIэ. Ад. фольк.МафIохъу (къ)ехын поздороваться с кем-л. ( сидящим у огня).* Хъымыщ абыхэм къабгъэдыхьэри мафIохъу къарихащ. Нарт.
Страницы