-
21 занщIэу
нареч. 1. прямо; по прямой линии/ АдэкIэ-мыдэкIэ имыгъэшу, мыIушэу, захуэу.ЗанщIэу кIуэн. ЗанщIэу плъэн.* Кирасир мундирыр фащэ дахэт, абы и бгъэм къэдабэ плъыжь тедат, и бгъэгум щIыIу цIу идауэ занщIэу ехырт. Ш. А. Шыгухэр занщIэу зэфIэст. Къ. Хь.2. напрямик, прямиком/ НэгъуэщI зы щIыпIэкIэ мыкIуэу, зы щIыпIэ къыщызэтемыувыIэу.ЩIалэр еджапIэм икIыжри занщIэу я деж кIуэжащ.3. переносное откровенно, не скрывая, без обиняков/ КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, зэрыщытым хуэдэу.Абы и гум илъыр занщIэу къыбжиIэнут.4. переносное без колебания, решительно/ МыIэнкуну.* Аслъэн шырыр.. занщIэу кIуэри алэрыбгъум тегъуэлъхьащ. Iуащхь.5. тотчас, немедленно, мгновенно/ Зэуэ, пIалъэ къыхэмыкIыу, асыхьэту.* Махуэ псом мэжэлIа Уашхэм и жеини къакIуэркъым, зи ныбэ из Бажэр занщIэу Iурихащ. Дыщэ кI. Шэджэмокъуэ Зырамыку утIыпщыжынымкIэ прокурорыр занщIэу арэзы хъуащ. Т. Хь.6. прямо-таки, совершенно/ ДэнэмикI.ЛIыр езэшауэ занщIэу и псэр поху. -
22 зэпыудын
а) (зэпеуд) перех. гл. перебить, перерубить на части что-л./ Еуауэ IыхьитI-щыуэ зэпэщхьэхуэ щIын.* -Ди къуажэ хъыбарыр аращ, мастэ палъащи, абы еуэу тIууэ зэпызыуду жэз тасым къизыгъэхуэжым хъаным ипхъу нэхъыщIэр иратынущ, - жиIащ шыхъуэм. Черк. таур. Сэшхуэ зэрыкуэдыр зэрантэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зауэ гуащIэм и деж сэшхуэ мащIэкъым зэпаудыр. Анэд.2. разбить, разделить что-л. на части/ Щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшын.* Мэлыхъуэ Авдал колхоз фермэм и хъупIэр участкэ щхьэхуэурэ зэпиудат. Къэб.б) (зэпыудащ) неперех. гл. 1. быть перебитым, перерубленным на части/ Зэпрыууэ къутэн, къутэу зэпэщхьэхуэ хъун.Iэлъыныр зэпыудащ. Башыр зэпыудат.* ПцIащхъуэ шырым и лъакъуэр зэпыдащ. Дыщэ кI.2. быть разбитым, разделенным на части/ Щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ щытын.* Абы {Къущхьэхъум} ди колхоз Iэщхэр уэтэр-уэтэркIэ зэпыудауэ гъэмахуэ псом щагъэхъу. Къ. З.Гупсысэр зэпыудын см. гупсысэ.Жейр зэпыудын см. жей.Насыпыр зэпыудын см. насып.Псалъэр зэпыудын см. псалъэ.Iуэхур зэпыудын см. Iуэху. -
23 лъапцIэ
босой, босоногий/ Вакъэ зылъымыгъ; лъакъуэ пцIанэкIэ щыт е къэзыкIухь.* Абы зэхихащ.. лъапцIэ лъэмакъым и Iэуэлъауэр. Къ. Хь.2. переносное бедный, нищий/ Вакъэ лъитIэгъэну зимыIэ, тхьэмыщкIэ.* А хъыджэбз лъапцIэрыщэ цIыкIур абы я деж пщэдджыжь къэс къажэрт. КI. Т. -
24 пIэ
I 1. место (определённое пространство, специально отведённое, предназначенное для кого-чего-л., или обычно занимаемое кем-чем-л.)/ ЩIыгум, уэгум е ахэм яхыхьэ пкъыгъуэхэм ящыщу зыгуэрым хухэха, и Iыхьэ, зыгуэр здэщыс, здэщыт, здэщылъ.Мывэр и пIэм ихын. ЩIалэр и пIэм яхуикIакъым.2. отпечаток, след/ Зыгуэрым и лъэужьу зыгуэрым къытенэ.Лъым ипIэ.{И} пIэ игъэувэжын поставить кого-л. на свое место.* Елдар фи къуажэ щIэкIуар нэгъуэщIкъым, уи адэм къамэ къыхуизыхар и пIэ иригъэувэжыну аращ. КI. А.{И} пIэ игъэувэн поставить, назначить кого-л. на какую-л. должность вместо кого-нибудь.ПIэ игъэщын сделать разметку на чём-л. (напр. на заготовке). Къэнжалым пIэ игъэщын.{И} пIэ ижыхьын застыть на месте, стоять, остановиться как вкопанный.* ЛIыжьым жиIэжхэр щызэхихым, щIалэщIэр и пIэм ижыхьащ. Къэб. Пхыр къиIэтар и дамащхьэм зэрытелъу и пIэм ижыхьри, {Къарней} мыбэуэжу зэпхыдэIукIащ. КI. М.{И} пIэ изэгъэжын успокоиться, утихомириться.* ЕтIуанэ махуэм щхьэж и пIэ изэгъэжащ. КI. А.{И} пIэ изэгъэн расположиться где-л. (о ком-л.).* Псори я пIэ изэгъа нэужь, гупым я унафэщIыр ираджащ. Iуащхь.{И} пIэ имызэгъэжын не находить себе места.* Хьэжы-Исмел и пIэ изэгъэжыркъым,.. мэпапщэ, мэщатэ. Ш. А.{И} пIэ имыхуэжын = {и} пIэ имызэгъэн. Уэ щIалэжь цIыкIур уи пIэ ущIимыхуэжыр сыту пIэрэ?{И} пIэ исыжын знать свое место, не совать нос в чужие дела. Уи пIэ уисыжын нэхъыфI щыIэкъым.{И} пIэ исын = {и} пIэ исыжын.* - Уи пIэ ис, щIалэ, уэ, - уэрыншэуи зэфIэдгъэкIынщ дэ а Iуэхур, - кIиящ лIыр. Щ. А.{И} пIэ иувэн занять место кого-л., взять на себя обязанности кого-л.* Кулэ, узэрашэу, Уи пIэ сиувэнщ. Хь. А.ПIэ ищын = пIэ игъэщын.{И} пIэ къимыгъэкIын убить, уложить на месте кого-л.* Зэ уэгъуэм и пIэ къимыгъэкIын.{И} пIэ къимыкIын умереть сразу, на месте.* Сэлим нэхъыфI дыдэу илъагъу шы пцIэгъуэплъ дахэр къытехуэри и пIэ къикIакъым. Къ. Хь.{И} пIэм зрилъэфыхьын проявлять нерешительность.* ЖиIэн имыщIэу, абы и пIэ зрелъэфыхь. Щ. I.{Уи} пIэм зичын тронуться, рвануться с места.* Зуримэ къеупщIам екIи фIыкIи жэуап иритыркъым, и нэр хъыджэбзым тедияуэ еплъу тIэкIурэ щотыжри, занщIэу и пIэм зреч. Iуащхь.{И} пIэм идиихьын = {и} пIэм ижыхьын.* Iэщхэри, Iэхъуэри, псыхъуэри, танэри, махуэри, дыгъэри - псори я пIэм идиихьа хуэдэщи, зыри хъеижыркъым. Н. А.{И} пIэм ижыхьын застыть на месте, остановиться как вкопанный.{И} пIэм имызэгъэжын беспокоиться о ком-чём-л., переживать за кого-что-л.* Район псор зэрыпагэу щыта жэмыр сэ къыслъыса дауэ хъуну, жиIэу Мысост и пIэм изэгъэжыртэкъым. Iуащхь. {И} пIэм итамэ букв. будь я на его месте...* Уи пIэ ситамэ, зызущэхунти сыщысынт, Жыраслъэн. М. Б.{И} пIэм иувэжын войти в привычную колею.* {ЛIыжьым:} - АтIэ, ар Iуэхукъым, щIалэщи аращ, унэ ихьэм и пIэ иувэжынущ. Iуащхь.{И} пIэм иуджыхьын топтаться на месте.* - Ещанэ бригадэр зыкъом щIауэ и пIэм йоуджыхь, ахъумэ и пэкIэ кIуатэркъым. Iуащхь.{И} пIэм иумэзэхэн = {и} пIэм ижыхьын.* Ар зэуэ и пIэм иумэзэхащ икIи, мыбэуэжым хуэдэу, зэпхыдэIукIащ. Къэб.{И} пIэм иуIэгуэн поставить на {свое} место кого-л.* Дзокъуэ и псалъэ нахуэхэм Дзури и пIэм ириуIэгуащ, Жэмали пщIантIэпс щIыIэ къыпхихуащ. Къ. Хь.И пIэм ихун вывести из себя кого-л.* {Зейнаб:} - Уэращ, хьэжы, мыр {Аслъэнджэрий} и пIэм изыхур, армыхъумэ ар игъащIэм ину къыдэпсэлъакъым. Iуащхь.{И} пIэм къишын = {и} пIэм ихун.* И къуэр и пIэм къизыша Iуэхур зэрымыIуэху цIыкIур Санят хьэкъ щыхъуащ. Хь. Хь.II 1. см. тепIэнщIэлъын. ПIэр зэщIэлъхьэжын. Пiэр Iухын.2. см. гъуэлъыпIэ. Джэдур пIэм исщ.ПIэ гъэщхъэн лечь спать.* Абы нэхърэ нэхъыфIкIэ пхуэсIуэни, укIуэжрэ адэ уи хьэуазапIэ бгъэщхъэжмэ. Къ. Хь.ПIэ дзыжын просторечие = пIэ щIыжын.* - ПIэ тIэкIур схуэдзыжынт, - жиIэри лIыр фызым хуеплъэкIащ. Iуащхь.ПIэ кIуэцI имыгъуэлъхьэн не спать, бодрствовать.* ПIэ кIуэцI симыгъуалъхьэу сэ сызылъыхъуэр уэрт. Агъ. Л. ЖэщитI хъуащи ар {Гуащэнэху} пIэ кIуэцI игъуэлъхьакъым. Ж. Б.ПIэм къыхэнэжын быть прикованным к постели.* Жейм емызэгъыжу, шхын лъэпкъ щымыкIуэжу, ар {КIунэ} пIэм къыхэнэжат. ЛI. Ч. Iэрызехьэу пIэм къыхэмынэжатэмэ, а уи гуапагъэми цIыхугъэми {Алибей} и акъыл нэсынтэкъым. КI. Т.ПIэм хэлъын болезнь свалила кого-л. Фызыжьыр илъэс зыбжанэ хъуауэ пIэм хэлът.ПIэм хиубыдэн = пIэм хэлъын.ПIэр щIыжын постлать постель. ПIэр ящIыжри гъуэлъыжащ.пIэ дэкIуеигъуэ комплект постельного белья/ Зы пIэм ехьэлIа тепIэнщIэлъынхэр./ ПIэ ущилъым деж, лъакъуэм хуэзэ Iыхьэ.ПIэ лъапэм джэдур жейуэ телът. -
25 шхуэмылакIэ убыдыпщIэ
щIалэ цIыкIур пщыIэм дашрэ зыгуэркIэ сэбэп хъууэ щIидзауэ абы къытехьа шум япэ дыдэу зи IумпIэ иубыду къригъэпсыхам и шы фIэдзапIэм деж гушыIэ-сэмэркъо хэлъу щIалэ цIыкIур «ирапхт». Абы шым къригъэпсыхам и пщэ къыдэхуэт а «ирапхам» зы щынэ къыхуихьу губгъуэм щылажьэхэм яригъэшхын хуейуэ. Ар зэфIигъэкIмэ, щIалэ цIыкIури «къаутIыпщыжт». Апхуэдэм шхуэмылакIэ убыдыпщIэкIэ еджэт
если мальчик подрос и его стали брать на полевой стан на подхват, то первый всадник, который заехал туда и по обычаю, взяв уздцы и стремя и спешил его парнишка, в шутку парнишку «привязывали» к коновязи, пока всадник не принесёт хотя бы ягнёнка полеводам на угощение. После выполнения всадником этого ритуала, «привязанного» отпускали. Такой ритуал назывался «цена удержания уздцов»Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр > шхуэмылакIэ убыдыпщIэ
-
26 а
I первая буква кабардино-черкесского алфавита/ Адыгэ алфавитым и япэ хьэрф.II указат. мест. тот, то/ Щхьэ гуэр е предмет къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп.* А къалэныр си дежкIэ насыпу солъытэ. Къ. Хь. А дакъикъэм Берд и гупыр псы Iуфэм къыIулъэдащ. Н. З. А лIы ерыщхэм, шынэхъыщIэ, таурыхъхэу, уэрэдхэу, псалъэжьхэу, шыпсэхэу ягъуэтыр ятхащ. Т. Хь./ ГъэщIэгъуэныгъэ, къэуIэбжьыныгъэ къегъэлъагъуэ.* А-а, щIалэ махуэ хъун, нобэ дыбгъэIуэщхъуащ, узыхуэдгъэджэнур дымыщIэу. Къу. С. А-а, Кушыку, си ныбжьэгъужь, къеблагъэ, ди хьэгъуэлIыгъуэм къытхухэплъэ ! Къу. Б. А-а, фэра ар? Еблагъэ, Нурхьэлий, еблагъэ уэри, Исхьэкъ ! КI. А.2. выражает узнавание/ Зыгуэр къыщащIэжым, къыщацIыхужым деж жаIэ.* А-а, а агрономыр сэ соцIыху. Iуащхь.3. выражает неуважение, пренебрежение говорящего по отношению к предмету разговора/ Зи гугъу ящIым пщIэшхуэ зэрыхуимыщIыр, мыхьэнэшхуэ иIэу къызэримылъытэр къегъэлъагъуэ.* А-а, мо делъэIуделафэра зи гугъу пщIыр ? Ныбжьэгъу делэ нэхърэ жагъуэгъу губзыгъэ жыхуаIэр пэжщ. Т. Хь. А-а! Мыхьэнэ къикIыркъым абы, псори къайгъэншэу зэфIэкIынущ. Къ. М. -
27 анэкъилъху
родной брат, родная сестра/ Уи анэ къилъхуа къуэш, шыпхъу, дэлъху.* - ИкъукIэ насыпышхуэщ, си щIалэ, - жиIащ Мэлыхъуэжь, - анэкъилъху шыпхъу уиIэу абы и деж хьэщIапIэ укIуэныр. КI. Т. Я анэкъилъху {Данилрэ Иналрэ} шыпхъуитхум щыщу нэхъыжьиплIыр унагъуэ ихьат, псори я къуажэ щынысэт, зэпэмыжыжьэу псэурти щIэх-щIэхыурэ зэлъэIэсхэрт. Къ. М. -
28 аргъынэкIэ
конец валка, гряды/ Аргъынэм и ухыпIэ, абы и кIэ.АргъынэкIэм деж лъэпсылъэзехьэ щIалэ цIыкIур къыщыст. -
29 бэкъу
анат. промежность, область паха/ КуитI, лъакъуитI зэхуаку.Зи бэкъум тхъурымбэр дищIа шыр абы псы цIыкIум деж къыщигъэувыIэри къепсыхащ. Ш. А.{И} бэкъу гурыщхъуэ дищIыкIыжын быть очень мнительным. -
30 бгъэдэтын
(бгъэдэтщ) неперех. гл. 1. стоять около кого-чего-л./ Зыгуэрым и гъунэгъуу щытын, жьэхэтын.* ЖьантIэм дэтщ стIолышхуэ, {абы} къэдабэ шэнт щабитI бгъэдэтщ. Ш. А. Лалу Жансурэт бгъэдэту куэбжэм деж щытт. Къ. М.2. переносное иметь отношение к кому-чему-л., связь с кем-чем-л./ Зыгуэрым Iуэху гуэр хуиIэн, Iуэху гуэр дэIыгъын, зыгуэрым пыщIауэ щытын.* Персиянхэмрэ тыркухэмрэ дипломатыгъэкIэ уабгъэдэтыныр гугъут. Ш. А.Лэжьыгъэ бгъэдэтын см. лэжьыгъэ.ПэжкIэ бгъэдэтын см. пэж.ПцIыкIэ бгъэдэтын см. пцIы.IэнатIэ бгъэдэтын см. IэнатIэ.Iуэху бгъэдэтын см. Iуэху. -
31 гурыфI
веселое, доброжелательное настроение/ Нэхъ гуапэ, хьэлэл узыщI щытыкIэ нэжэгужэ.Ар цIыху гъэщIэгъуэн гуэрт, и гурыфIри и гурейри пхузэхэхыртэкъым.{И} гурыфI къикIын быть в хорошем, доброжелательном настроении. и Абы {Лолэ} и гурыфI къыщикIам деж жиIэ уэрэд цIыкIум и пкъыр къифийрт. Къ. Хь. -
32 гурыIупс
/ Шхын гуэрым щехъуэпсам деж, къажэ Iупс.* МакIуэ тIури {джэдухэр} кIапэм ещэу, я гурыIупсыр къаIурож. фольк.{И} гурыIупс къожэ слюнки текут.* ШхапIэм къыщIих жьагъэмэ, къунымэбжьынымэхэр къыщыщIихьэм, абы {Зырамыку} и гурыIупсыр къэжащ. Т. Хь. -
33 гъазэ
гъазэ имыIэн 1) не иметь возврата к чему-л.* {Аслий:} - Гъазэ уиIэкъым, {Iэминат}, абы {школым}, уезыхулIаIакъым зыбукIыжыну.. уи унэ уисыжмэ, нэхъыфIщ. Къу. С. 2) быть неумолимым, решительным* Къыщыхэхъыжьэм деж, Щамел гъазэ иIэжтэкъым. Ш. А. -
34 дакъэхэкIэ
устар. 1. непочетное место у очага для младших ( ближе к двери)/ Жьэгу пащхьэм щыщу нэхъыщIэ тIысыпIэ, щытыпIэ; пщIэ нэхъ хуамыщIу, кърамыдзэу щыт тIысыпIэ.* Гузэвэгъуэ гуэрхэр гукIи псэкIи зыгъэв нэщэнэ хэлъу абы ( Линэ) дакъэхэкIэм деж зыщигъэсабыращ, и натIэр уэнжакъ дамэм иригъэкъури. Къ. Хь. Анэр зэрымысыж унэм дакъэхэкIэр ущитIысыпIэщ. (погов.)2. дети, подростки, сидящие обычно на непочетном месте у очага ( ближе к двери)/ Жьэгу пащхьэм щыщу нэхъ кърамыдзэу, жьэгум нэхъ пыIудзауэ щыт Iыхьэр тIысыпIэу къызылъыс нэхъыщIэхэр, сабийхэр.* {ЩIалэм:} Кхъужь дыдж IэфIыпсу, Нащэфэпс тIыгъуауэ, ДжэдыкIэ абгъуэринэу.. укъинэжынщ, - ДакъэхэкIэм хэс сэ укъыхэсхыху. Ад. фольк. -
35 ешхэ-ефэ
см. ефэ-ешхэ.* Хъудымыжь Лъэпщ деж нэмысу, нартхэм ешхэ-ефэ яIэу абы яхэхуащ. Нарт. -
36 зэдэлъхузэшыпхъу
брат и сестра, брат с сестрой ( по отношению друг к другу)/ Зы анэм къилъхуа цIыхухъурэ цIыхубзрэ, лыкIэ зэгъунэгъу цIыхухъурэ цIыхубзрэ.* Саримэ Ботэщ Астемырхэ деж куэдрэ къакIуэрт, Темботрэ абырэ зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэрылъагъурт. КI. А. Фызыжь цIыкIур гъущI сэрейхэм щхьэпрыпщу абы и ужь итыху, зэдэлъхузэшыпхъу цIыкIуитIыр жыжьэ IукIащ. Дыщэ кI. -
37 зэкIэлъыкIуэу
нареч. 1. см. зэкIэлъыпыту 1.* Адыгэхэм бийм зыщагъэпщкIуу зы щIыпIэм деж жэщитI зэкIэлъыкIуэу щагъэкIуэн ялъэкIыркъым. Н. Ш. ЩIыгъуу абы къылъысам илъэситIкIэ зэкIэлъыкIуэу нартыху тепсэну зэрымыфIыр ящIэрт. Ахъ. М.2. последовательно, по порядку/ ЗэхэщIыкIауэ, зэхэхауэ.* КуэдкIэ къоупщI Мэржани зэкIэлъыкIуэу, IупщIу жэуап яретыж. Б. И.3. хорошо, безупречно, организованно (работать и т. п.)/ Дэгъуэу, фIыуэ, щыщыныгъэ имыIэу.ЩIалэр зэкIэлъыкIуэу мэлажьэ. -
38 зэкIэщIэжын
(зэкIэщIож) неперех. гл. 1. разбежаться ( в разные стороны)/ ЖэрыгъэкIэ зэкIэщIэкIын, зэбгрыжын.* Уэсмэн псынщIэу и шым зридзыхри шу зырызу зэкIэщIэжахэм еуэмэ, къриудыху уващ. Д. М. Шыхэр зэкIэщIэжри мэзым щIэлъэдащ. Нарт.2. разъехаться (о ногах, лыжах и т. п.)/ ЦIантхъуэу зэкIэщIэкIын, зэкIэщIэцIэнтхъун.* Абы и фIалъэ лъакъуэхэу нал зыщIахыжахэр гъуэгу ятIэ цIантхъуэрыгъуэм щызэкIэщIэжырт. Къэб.3. растечься/ АдэкIэ-мыдэкIэ жэн, жэурэ зэкIэщIэкIын, зиубгъун (псым).* Псыр нэхъ зэкIэщIэжу чэнж щыхъум деж зыхуигъазэри икIащ Ахьмэд. Iуащхь.4. рассыпаться ( о весах)/ ЗэкIэщIэлъэлъын (щхьэц сыт хуэдэхэр).* УэшхыпскIэ щхьэцыр ихущIагъащIэщи, данэ псырылъэу зэкIэщIож. Щ. I. -
39 зэкIэщIэхын
а) (зэкIэщIех) перех. гл. 1. расставить, раздвинуть (руки, ноги, крылья)/ Зыр зым бгъэдыхьэн, зэпэIэщIэ щIын, зэбгъэдэхын.* Унэ лъэгум къэмыс щIыкIэ абы {мэз джэдум} и лъакъуэ цIыкIухэр ину зэкIэщIихырт. Анэд. ИжьырабгъумкIэ, мэз лъапэм деж.. кхъухьлъатэр щылът, зи дамэр зэкIэщIэзыхыу зи джэджьейхэм тегъуэлъхьа джэдкъурт хуэдэ, щIым хэубгъуауэ. Iуащхь.2. рассадить, разделить/ Зэпэжыжьэу, зэпэщIэхауэ гъэтIысын, хэлъхьэн (жыг, къэкIыгъэ сыт хуэдэхэр).Жыгхэр зэкIэщIэхауэ хэсэн.3. кубано-зеленчукские переносное внести раздор, поссорить кого-л./ Зым игу зым егъэбгъэн, зэмыфI щIын, зэфIэгъэкIуэдын бзэгукIэ, хьилагъэкIэ, хъуэрщэрыгъэкIэ.Зэнэзэпсэу зэрылъагъу быныр цIыху бзаджэхэм зэкIэщIахащ.б) быть рассаженными, разреженными/ ЗэпэщIэхауэ, зэпэжыжьэу хэсауэ щытын (жыг сыт хуэдэхэр).МэракIуэхэр зэкIэщIэхауэ хэсат. -
40 зэлъэщIысын
(зэлъащIыс) неперех. гл. распространиться среди кого-чего-л. ( об известиях)/ Хъыбар сыт хуэдэхэр яхэIуэн, псоми е куэдым ящIэ хъун, ялъэIэсын.* -Зэрыжылэу зэлъащIысащ уэ си сабийм и фэм дэпхар, удыну абы теплъхьар.. - жиIащ Хужь губжьау. Гъу. Хъу. Си деж аслъэн зэрыщыпсэум и хъыбар ди унэм щIэс псоми зэлъащIысащ. Iуащхь.
См. также в других словарях:
ВЕНГРИЯ — (Magyarország), Венгерская Народная Республика (Magyar Népköztársaság), гос во в Центр. Европе, в середине Дунайского басс. Граничит с Чехословакией (на С.), Австрией (на З.), Югославией (на Ю.), Румынией (на В.) и СССР (на С. В.). Площ. 93 тыс.… … Советская историческая энциклопедия