-
1 мыхъур
печать/ Щыхьэтлыкъ тхылъ гуэрым и пэжагъыр къагъэлъэгъуэну трагъауэ, зи лъащIэм дамыгъэ белджылы къыхэбзыкIар, апхуэдэу ар трагъэуа иужь къанэ лъэужьыр.Мыхъур телъын.* Султаным и мыхъур зытелъ тхылъ Хьэжы-Исмел зэи иIыгъатэкъыми и Iэпэр кIэзызу, и гущхьэр къигъэлу фирмэныр зэпеплъыхь. Ш. А.Мыхъур тедзэн (тегъэуэн) поставить печать.* Си тхылъхэр нэпцIкъым! Псоми Iэ тедзащ, мыхъур тегъэужащ. Пьесэхэр.мыхъур Iэлъын фамильная печать ( кольцо с инициалами владельца)/ Зейм и цIэмрэ и унэцIэмрэ я пэщIэдзэ хьэрфхэр зытет Iэлъын (лъэпкъ мыхъуру къагъэсэбэпу щытащ).* {Наурыз} и мыхъур Iэлъыныр мафIэкIэ игъэплъри я блэгъукIэм тридзащ. Ад. таур. -
2 мыхъур
печатьмыхъур хъурай круглая печать -
3 мыхъур
печать -
4 мыхъур
خاتم (ختم)/ أختام -
5 мыхъур плъыжь
ختم أحمر/ ختم بالشمع الأحمر -
6 mühür
мыхъур, печать -
7 mühürlemek
мыхъур тедзэн -
8 тегъэуэн
/ Теуэн I псалъэм и каузэтив.* Абрэджхэм жыгыр гъуэгум трагъауэри гухэри, шухэри къагъэувыIащ. Къэб. Римлянхэр хущIэкъурт зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым трагъауэу псори езым зыIэщIаубыдэну. Ижь. д. и ист.2. захлопнуть (крышку чего-л.)/ ТегъэпкIэн, макъ ищIу зэхуэщIын (пхъуантащхьэр). Пэтырбакъыщхьэр тегъэуэн.3. переносное поставить что-л. (напр. штамп, печать); касаться поверхности чего-л./ Тедзэн, тегъэувэн (мыхъур); и щIыIум егъэунтIэIун. Мыхъур тегъэуэн.II каузатив к теуэн II/ Теуэн II псалъэм и каузатив.* {Нартхэм Сосрыкъуэ жраIэу:}.. Жан шэрхъыр егъажьэт, уи щыпэ хыхьэр гъэбыдэт, Уадэ закъуэр тегъауэт. Нарт.И жьэм пэшот тегъэуащ просторечие см. жьэ.Фэ тегъэуэн см. фэ.Фоч тегъэуэн см. фоч. -
9 печать
ж.1. печать, мыхъурсургучная печать сыргъущ мыхъур2. перен. (след, отпечаток) хэутыгъэр, лъэужыр3. (пресса) печатьработники печати печатым иIофшIакIохэр4. (печатание) хэутыныр, къыдэкIыныркнига вышла из печати тхылъыр хаутыгъ, тхылъыр къыдэкIыгъ5. (шрифт) шрифткрупная печать шрифт ин -
10 блэгъукIэ
анат. лопатка ( о человеке)/ ЦIыхум и плIэм деж хэлъ бэлагъ тхьэмпэм ещхь къупщхьэ пIащIэ.* И мыхъур Iэлъыныр мафIэкIэ игъэплъри я блэкъукIэм тридзащ. Ад. таур. -
11 герб
герб/ Бэракъ, ахъшэ, мыхъур сыт хуэдэхэм традзэ зэрызэхагъэкI къэрал, къалэ, лъэпкъ дамыгъэ.Къэрал герб. Налшык къалэ и герб. -
12 къэмыхъупс
къэмыхъупс ефэн пренебреж. сл. окаянный ( обраще-ние к детям).* - ФымыпIащIэ фэ, къэмыхъупс ефэнхэ, сэ фэ фхуэфI сыхъунщ! - хъущIэрт хъумакIуэ лIыжьыр, мыIэрысэ мыхъур зыфыщI щIалэжь цIыкIухэр зэбгрихужурэ. Къэб. -
13 къулъкъэшхъэн
устар. беглый крепостной/ Пщым емыдаIуэу, яхуэмыпщылIу щIэпхъуэжа (яIэщIэкIа) пщылI(цIыху).* Сэ пщылIитI сфIэкIуэдащ, си мыхъур я блэгъукIэм тедзауэ, хуит сыкъэщI уи цIыхухэм сахэплъэу а къулъкъэшхъэн щIэпхъуэжахэр къахэсшыжыну. Ад. таур. -
14 маркэ
I 1. марка ( почтовая)/ Письмоулъэ с. ху. егъэхьыпщIэм и дамыгъэу трагъапщIэ, тет тхылъымпIэ цIыкIу.Письмоулъэм маркэ тегъэпщIэн. Маркэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхуэхьэсын.2. маркэ (заводская, фабричная)/ Завод, фабрикэ къызыщIэкIахэр къагъэлъагъуэу хьэпшыпхэм, Iэмэпсымэхэм якIэрылъ мыхъур.Заводым и маркэр къэIэтын.II марка ( название валюты в ряде европейских стран)/ Европэм щыщ языныкъуэ къэралхэм щызекIуэ ахъшэм и цIэ.Нэмыцэ маркэ. -
15 пэшот
см. мыхъур.Пэшот тегъэуэн поставить печать на что-л.* Нахъуэ маузерыр кърилъэфщ, кIэрахъуэпэм шакъэ щихуэри Лу зыхуей пэшотыр тригъэуащ. КI. А. -
16 печать
печать ( типографский процесс)/ Типографие IэмалхэмкIэ тхыгъэхэр къыдэгъэкIыным елэжьу производствэм и IэнатIэ; тхыгъэр къыдэкIыным хуэгъэхьэзырыным, ар тедзэным пыщIа лэжьыгъэ.Тхыгъэр печатым хуэгъэхьэзырын.2. печать ( пресса)/ ЗэрыбкIэ тедзауэ, нэхъыбэу пIалъэ хэхам тету, къыдэкI тхыгъэ псори; прессэ.Хамэ къэрал печатым итххэр.3. см. мыхъур.Печать тедзэн (тегъэуэн) поставить печать. -
17 пломбэ
1. пломба/ Бжэ, прибор, сыт хуэдэхэм кIэралъхьэ мыхъур зытегъэуа, Iупх е зэтепх зэрымыхъунум и нагъыщэ.2. мед. пломба/ Дзэ ку гъуанэр зэрагъэбыдэ, зэрадыж вещество быдэ.Дзэм пломбэ илъхьэн. -
18 плIэIу
плечо ( часть туловища)/ Пщэм къыщыщIэдзауэ блыпкъхэм нэс дэлъ пкъым щыщ Iыхьэ.* Фи адэм дамыгъэу и плIэIум деж мыхъур хуэдиз анэл тетщ. фольк. Удым мэлыфэ цIынитI и плIэIум ириубгъуащ. Черк. таур. -
19 удостоверенэ
удостоверение ( документ)/ ЦIыхум е абы и Iуэхум щыхьэт техъуэу ят мыхъур зытегъэува тхылъ. -
20 штамп
штамп/ IуэхущIапIэм зэреджэр зытет мыхъур.Штамп тегъэуэн.
Страницы
- 1
- 2