-
1 пIэщIэгъуэ
спешка/ ПсынщIэ дыдэу зыгуэр зэращIэм, зэралэжьым къишэ пIейтеиныгъэ.Ар пIэщIэгъуэкъым {это} не к спеху.ПIэщIэгъуэр иIэн очень спешить, торопиться. ПIэщIэгъуэр иIэу шыр зэщIилъхьэри лIыр дэшэсыкIащ.ПIэщIэгъуэр телъын = пIэщIэгъуэр иIэн. -
2 къуэзэрыгуэн
(къуозэрогуэ) неперех. гл. зайти, забежать за что-л. толкаясь, напирая друг на друга/ ПIэщIэгъуэ хэлъу зы къуагъ гуэрым зэрыкъуэхуэн; узэныкъуэкъуу, узэжьэхэуэу зыщIыпIэ къуэлъэдэн.ЦIыкIухэр унэ къуагъым къуэзэрыгуащ. -
3 пхъэр
1. погоня, преследование/ ДыгъуакIуэ, теуэ с. ху. кIэлъыщIэпхъуэныгъэ.* ЦIыху ирахьэжьэу пхъэр хъуам, а зэшитIым {Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ} япэ шу шэсыртэкъым. Ад. фольк.2. поисковая группа, поднятая по тревоге/ ГузэвэгъуэкIэ зыгуэрым лъыхъуэну ежьахэр.* Пхъэру мэзым ягъэкIуахэм Беслъэныр къагъуэтыжащ жыгым щIипIытIауэ. Т. Хь.3. нарочный, гонец, курьер/ Iуэху пIэщIэгъуэ зи пщэ иралъхьэу ирагъэжьа цIыху.* Фэ фи гугъуехьыр вдэзгъэзэщIэнуэ Налшык шу пхъэрыр згъэкIуащ. Щ. А.Пхъэр щIын устроить погоню за кем-л.* Япэ иту накIуэ мэзым, зиусхьэнхэм пхъэр ящI хъумэ, ахэр Iуэхукъым дэ дызмэ. Акъ. З. -
4 пIэщIэн
(мэпIащIэ) неперех. гл. 1. спешить, торопиться/ Iэмал зэриIэкIэ зыгуэр нэхъ псынщIэу зэфIэбгъэкIыну, пщIэну хэтын.* АтIэ, аращи, сэ сопIащIэ, Iуэхуу сиIэр си щхьэм къос. Щ. А.2. проявить поспешность в чём-л./ ПIэщIэгъуэ хэлъу, емыгупсысыщауэ зыгуэр щIэн, лэжьын, жыIэн.* - Уэлэхьи, а унэр щыпщэм тIэкIу упIэщIатэм, - жиIэри Хьэмид и ныбжьэгъум егиящ. Iуащхь. -
5 хьэлэбэлыкъ
1. суматоха, неразбериха/ Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий.* Къуажэм къыдэхутэу бзэхыжа щынэ хужь цIыкIум хьэлэбэлыкъ ин яхилъхьат цIыхухэм. Хь. А.2. дрязги/ Зэрышх, зэщыхьэ, зэхэуэ.* Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым Кавказ линием хьэлэбэлыкъ къыщымыхъуу. Ш. А.Хьэлэбэлыкъ къэIэтын поднять шум.* Офицерым къиIэта хьэлэбэлыкъым и кIэр IейкIэ иухыну къыщIэкIынт, а дакъикъэм абы тхылъ пIэщIэгъуэ къылъэмыIэсамэ. Къ. Хь.
Перевод: c черкесского на русский
с русского на черкесский- С русского на:
- Черкесский
- C черкесского на:
- Русский