-
21 зэкIэрылъэлъын
(зэкIэролъэлъ) неперех. гл. 1. рассыпаться, раскатиться/ ЗэкIэрыхуу икъухьа хъун.Iуданэр зэпычри щыгъэхэр зэкIэрылъэлъащ.* ЛъагапIэм и щхьэм хьэрэкIытIэхэр уафэм нос жыпIэну щыдэлъэтейрт,.. хъуаскIэ щIыIэу зэкIэрылъэлъурэ кIуэдыжырт. Iуащхь.2. рассыпаться ( о волосах)/ Лъалъэу зэкIэрыкIын, налъэ-налъэу зэкIэрыхун (щхьэц сыт хуэдэхэр).Щхьэцыр зэкIэрылъэлъащ. -
22 зэкIэщIэжын
(зэкIэщIож) неперех. гл. 1. разбежаться ( в разные стороны)/ ЖэрыгъэкIэ зэкIэщIэкIын, зэбгрыжын.* Уэсмэн псынщIэу и шым зридзыхри шу зырызу зэкIэщIэжахэм еуэмэ, къриудыху уващ. Д. М. Шыхэр зэкIэщIэжри мэзым щIэлъэдащ. Нарт.2. разъехаться (о ногах, лыжах и т. п.)/ ЦIантхъуэу зэкIэщIэкIын, зэкIэщIэцIэнтхъун.* Абы и фIалъэ лъакъуэхэу нал зыщIахыжахэр гъуэгу ятIэ цIантхъуэрыгъуэм щызэкIэщIэжырт. Къэб.3. растечься/ АдэкIэ-мыдэкIэ жэн, жэурэ зэкIэщIэкIын, зиубгъун (псым).* Псыр нэхъ зэкIэщIэжу чэнж щыхъум деж зыхуигъазэри икIащ Ахьмэд. Iуащхь.4. рассыпаться ( о весах)/ ЗэкIэщIэлъэлъын (щхьэц сыт хуэдэхэр).* УэшхыпскIэ щхьэцыр ихущIагъащIэщи, данэ псырылъэу зэкIэщIож. Щ. I. -
23 зэкIэщIэлъэлъын
(зэкIэщIолъэлъ) неперех. гл. 1. распасться, разделиться, раздробиться (на части-напр. о группе людей)/ Лъалъэу щхьэхуэ-щхьэхуэ хъун, зыуэ щытар, зыуэ зэхэтар, гуэша хъун.Гупыр зэщIыгъуу ежьа щхьэкIэ, здэкIуэнум нэмысу зэкIэщIэлъэлъыжащ.* Александр и закъуэ зыIэщIиIыгъэфу щыта къэрал щхьэхуэ инищрэ къэрал цIыкIу зыбжанэу зэкIэщIэлъэлъыжащ. Ижь. д. и ист.2. рассыпаться ( о волосах)/ Лъалъэу, зэрутIыпщу зэбгырыпхъа, зэкIэщIэпхъа, икъухьа хъун (щхьэцыр).* Адрей щхьэц щIэлъэныкъуэр зэкIэщIолъэлъри и нэгум къыщепхъуэ. Щ. I.3. разбрызгаться/ ЗэкIэщIэпхъа хъун (ткIуэпсхэр).* {Софят} и нэкIум псы щIикIэху, ткIуэпс пIащэхэр зэкIэщIолъэлъри тхьэрыкъуэф, шыпсыранэ тхьэмпэ къыдэжагъащIэхэм ятоткIуэ. Щ. I. -
24 зэхэгъэубэлэцэн
/ Зэхэубэлэцэн псалъэм и каузативщ.Къурш жьапщэм цIыкIухэм я щхьэцыр зэхигъэубэлацэрт. фольк. -
25 зэщIэутIэрэзэн
(зэщIоутIэразэ) неперех. гл. виться, завиваться/ ЗэщIэтIеен, зэщIэушэрэзэн.Нэжьгъуцхэр зэщIэутIэрэзэн. Сабийм и щхьэцыр тIэкIу нэхъ кIыхь зэрыхъуу зэщIэутIэрэзащ. -
26 зэIыпцIэн
/ Зэрыщыту пцIэн.Щхьэцыр зэIыпцIащ. Цыр зэIыпцIащ. -
27 зегъэщын
(зрегъэщхь) перех. гл. постричься у кого-л./ Зыгуэрым щхьэцыр егъэщын.ЖьакIэупсым зегъэщын. -
28 зыгъэбэгын
(зегъэбэг) перех. гл. просторечие надуться, принять важный вид/ ЩIыкIейуэ щытын, бэлыхьыфэ зытегъэуэн.Щхьэцыр мащIэу ежьэкIауэ, зигъэбэгрэ тIэкIу щыкIауэ {къекIухь щIалэм}. Къэб. п. и ант. Гуэгушыхъум зигъэбэгыу {пщIантIэм} дэтщ. Б. Ф. -
29 иIэн
I (иреIэ) перех. гл. покрасить, выкрасить что-л. (напр. ткань, волосы)/ Бэяу, краскэ с. ху. зыгуэрым (щэкIым) и фэм зегъэхъуэжын. Чэсейр плъыжьу иIэн. Щхьэцыр пкъынэкIэ иIэн.II (иIэщ) неперех. гл. 1. иметь что-л. (напр. машину)/ Зыгуэрым зыгуэр (мылъку с. ху.) ейуэ щытын.Мылъку иIэн. Ахъшэ иIэн.2. иметь кого-что-л., обладать, располагать кем-чем-л./ Зыгуэрым зыгуэр бгъэдэлъын.НыбжьэгъуфI иIэн. Къару иIэн. -
30 кIасинкIэ
косынка/ ЩхьэфIэпхыкI цIыкIу.* Дахэлинэ псынщIэу къотэдж.., и щхьэцыр ежьри кIасинкIэ пIащIэкIэ фIепхыкI. Хь. Хь. -
31 къэбырыбын
(къобырыб) неперех. гл. распушиться/ Бырыб хъун.Щхьэцыр къэбырыбын. -
32 къэцыбырыбын
(къоцыбырыб) неперех. гл. просторечие1. взъерошиться (о шерсти, волосах)/ Зэхэзэрыхьын, къэтэджын, бацэ хъун (цы, щхьэц сыт хуэдэхэр). Щ хьэцыркъэцыбырыбащ.2. переносное надуться, обидеться/ къытехьэн, зыгъэгусэн, губжьын, къэуцэрэфын.Сабийм игу иримыхьын зэрызэхихыу къоцыбырыб. -
33 къэщыхьын
(къещыхь) перех. гл. остричь, постричь что-л. вокруг чего-л./ Зыгуэрым и хъуреягъыр къекIуэкIыу щын.Щхьэцыр къэщыхьын. -
34 къедзэкIын
а) (къредзэкI) перех. гл. ; б) (къедзэкIащ) неперех. гл. см. едзэкIын.* Сурэтхъан и щхьэцыр къредзэкI. Пьесэхэр. -
35 къелэлэхын
(къолэлэх) неперех. гл. свисать, свешиваться/ КъыкIэрылэлын, къыпылэлын; къеутIыпщхьэхауэ, теутIыпщхьауэ щытын (щхьэцыр).* ЛIым и нэкIухэр иуэжат, и пащIитIыр къелэлэхат, фагъуэ хъуат. Щ. Ам. -
36 къеухуэнэхын
а) (къреухуэнэх) перех. гл. ; б) (къеухуэнэхащ) неперех. гл. см. еухуэнэхын. Щхьэцыр къеухуэ-нэхын. -
37 къифыщIыкIын
(кърефыщIыкI) перех. гл. 1. вырвать что-л. ( о многом)/ Куэду зыгуэр (удз) къичын. Удз къифыщIыкIын. Щхьэцыр къифыщIыкIын.2. поцарапать что-л. чем-л./ Къитхъын, иуIэн (банэм). ЛъэнкIапIэр банэм кърифыщIыкIащ. -
38 къичыжын
(къречыж) перех. гл. 1. переносное убрать (напр. лук)/ къехьэлIэжын (бжьын). Бжьыныр къичыжын.2. рвать на себе что-л. (напр. волосы)/ КъифыщIыкIыжын (щхьэцыр).* Лацэ янэр кIэлъыгъуэгыу И щхьэц хужьыр къречыж. Щ. А. -
39 къызэщIэбыбэн
(къызэщIобыбэ) неперех. гл. устар. 1. взлететь всем вместе ( о птицах)/ Куэдым зыкъаIэту лъэтэн (къуалэ-бзухэм хужаIэ).Тхьэрыкъуэхэр къызэщIобыбэ.2. взлохматиться, растрепаться/ КъызэщIэубэлэцэн.Щхьэцыр къызэщIэбыбэн. -
40 лыгъуэн
а) (елыгъуэ) перех. гл. опалить, обжечь кого-что-л./ Зыгуэрым и щIыIур зыгуэрым трисыкIын, илыпщIын. (мафIэм, дыгъэ бзий гуащIэм).* Щхьэцыр мафIэ бзийм илыгъуэн. А лIы къамылыфэр сыт щыгъуи дыгъэм ижьауэ, и напэр жьыбгъэм илыгъуауэ плъагъунщ. Щ. Ам.б) (мэлыгъуэ) неперех. гл. опалиться, обжечься/ Зыгуэрым и щIыIур зыгуэрым (мафIэм, дыгъэм, жьым) илыпщIауэ, илыкхъуауэ, трисыкIауэ щытын.* Щхьэлъакъуэр тэмэму лыгъуащ, лъэсауэ гъэвэн хуейщ. фольк.
Страницы