-
1 мэкъу
сено/ Мэкъумылэ, паупщIу ягъэгъужа удз.Мэкъу кIэпIинэ. Мэкъу пыпхъуэ.Мэкъу еуэн косить сено.* Мэкъу еуэм зегъазэри кхъуей зыхузыр тхьэмыщкIэщ. (погов.)мэкъу гуахъуэбжьэ навильник, охапка сена/ Гуахъуэбжьэм тез мэкъу.Мэкъу гуахъуэбжьэ къэщтэн.мэкъу дыгъэл хорошо просушенное на солнце сено/ Дыгъэм фIыуэ игъэгъуа мэкъуфI.Iэщым мэкъу дыгъэл ират.мэкъу хьэвэ стог сена/ Мэкъу Iэтэшхуэ.Мэкъу хьэвэ мастэ хэкIуэдэн исчезнуть бесследно.мэкъу Iэнащтэ уборка сена/ Мэкъу зэщIэкъуэныгъэ.мэкъу Iэнэ скошенное, но не сложенное в кучи сено/ Шэмэджым къызэрыщIэкIауэ, Iэмбатэ мыщIауэ щылъ мэкъу.Мэкъу Iэнэ щтэн сложить высушенное сено в кучи. -
2 пыпхъуэ
скирда/ Зи натIитIыр унэ шындэбзийм хуэдэу, езыр кIыхьу укъуэдияуэ зэтелъхьа (мэкъу, хьэуазэ).* Мэкъу пыпхъуэ. -
3 мэкъу
сеномэкъу пыпхъуэ стог сена -
4 лъабжьэ
1. корень ( растения)/ КъэкIыгъэхэр щIым зэрыхэт я къуэпсыр.* Языныкъуэ къэкIыгъэхэм я лъабжьэр.. хуабжьу йокIых. Бот. Бзииху домбейхэр.. псы елъапIэм къыщрихьэхкIэ къуэщIийуэ зэхихьэжэрт, я лъабжьэ бэлацэхэр елыркъэш пащIэу псым къыхэпIиикIырт. Iуащхь.2. фундамент, основание/ Блын зытещIыхьа, зытет Iыхьэ.Унэ лъабжьэр къегъэжьэн.3. низ, нижняя часть чего-л. (напр. копны)/ Зыгуэрым и щIагъ (мэкъу, хьэуазэ с. ху. зэтелъым). Iэтэ лъабжьэ. Пыпхъуэ лъабжьэ.5. копыто/ Iэщхэм (шым) я лъакъуэм фIэт бжьакъуэхэкI къупщхьэ быдэр.* Шыбэр щызекIуэм щIыр я лъабжьэм къыдэгызырт. Ад. таур.6. грамм. корень/ Мыхьэнэ нэхъыщхьэр къызэрыкIыу псалъэ зэлъэпкъэгъухэм я псалъэпкъым зэдыхэт Iыхьэ.Псалъэ лъабжьэ.7. переносное источник, основа чего-л./ Iуэхугъуэ гуэр зытеухуа, къежьапIэ хуэхъу.Къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар ПащIэ Бэчмырзэщ.8. переносное материальный достаток/ Мылъку.* Бэхъукъуэхэ лъабжьэ зиIэ.. унагъуэщ жыхуаIэу Шэджэрей къуажэм дэсахэм ящыщ зыт. КI. Т.Лъабжьэ емыгъэщIын расточать чьи-л. средства.Лъабжьэ щIын накопить богатство. ЩIалэ дыдэу лъабжьэ ищIащ.ЛъабжьэкIэ ихын (хьын) 1) вытоптать что-л. 2) стереть с лица земли, уничтожить кого-что-л.* Си Iуэхущ а полъкур Жыраслъэн хузэтеIыгъэмэ, лъабжьэкIэ ирамыхмэ, уэлэхьи. КI. А.Лъабжьэм къыщIэджэрэзэн путаться под ногами.{И} лъабжьэр кууун иметь крепкие, глубокие корни ( о человеке).* Ди пащтыхьыжьыр.. биижь губжьауэ и лъабжьэр куут. П. Б.{И} лъабжьэр къэтIын копать под кого-л.