-
1 гушыIэ
шутка; юмор/ Утригъэууэ, уигъэдыхьэшхыу псалъэкIэ къаIуатэм е защIурэ уагъэлъагъум ироджэ.* Бэрокъуэхэ я унагъуэм гушыIэмрэ дыхьэшхымрэ сытым щыгъуи щымащIэу дунейр ирахьэкIырт. Т. Хь.ГушыIэ хэзэгъэн не обижаться на шутки, насмешки.ГушыIэ хэлъын 1) быть веселым 2) обладать чувством юмора.ГушыIэ хэмылъу см. гушыIэншэу. -
2 гушыIэ
шутка -
3 нысашэ-гушыIэ
свадебное празднество, связанное с обрядом нысашэ/ Нысашэм ехьэлIа ешхэ-ефэ, гуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ.* Нысашэ-гушыIэр йокIуэкI. НасыпкIэ гуфIэр пэрытщ. Ж. Б. -
4 джэгу
1. игра/ Зытегъэуным, нэгу зегъэужьыным теухуауэ ялэжь Iуэхугъуэ гуэр. Сабий джэгу. Топ джэгу.2. танцы; вечеринка/ Къафэ=удж, зэхэс.Джэгу щIын. Джэгур ублэн.* Джэгум и кIэр уджщ. (погов.)3. шутка/ ГушыIэ.Джэгу зыхэмызагъэ лIы пхъашэр гушыIэ кърадзхэм къигъэгубжьат.* Дауэ джгурэ зауэ джэгурэ щыIэкъым. (погов.)Джэгу хэмылъу без шуток.{И} джэгу хыхьэгъуэхъун стать совершеннолетним ( когда молодым людям разрешается участвовать в танцах наравне со взрослыми). Джэгу щIын устроить танцы, гулянье.* А унэкIуэцIым пхъужьхэри нысэгъухэри къыщыфэу джэгу щащI. Ад. фольк. Джэгум хыхьэжын снять траур. -
5 шутливый
-ая, -ое гушыIэ зыхэлъ; шутливый разговор гушыIэ зыхэлъ псалъэмакъ -
6 шуточный
-ая, -ое гушыIэ; шуточная песня гушыIэ уэрэд -
7 юмор
-
8 ауэрэ
нареч. постепенно, таким образом/ ТIэкIу-тIэкIуурэ, къекIуэкI-некIуэкIыурэ, кIуэурэ, апхуэдэурэ.* Ауэрэ дыпсэуурэ фыз къатшэри, ди фызхэри зэмызэгъыж хъуащ. Черк. таур. Ауэрэ абы и гушыIэ псалъэхэм къэшэн Iуэхури къыхигъэщ хъуащ. КI. Т. -
9 гушыIэн
(мэгушыIэ) неперех. гл. шутить/ ГушыIэ хэлъу псэлъэн, зыщIын.* Хъуэжэ мэгушыIэ, ефэндым и фIэщщ. фольк.И гушыIэн къикIын быть настроенным шутить, острить. -
10 гушыIэншэу
нареч. кроме шуток, без шуток/ ГушыIэ хэмылъу, и фIэщу.ГушыIэншэу елъэIун.* ГушыIэншэу жыпIэ хъунщ: мы шыр шы дэгъуэщ. КI. Т. -
11 гушыIэрей
шутник/ Куэдрэ гушыIэ; IуэрыIуэдз.ЛIы гушыIэрей. -
12 гъуэгубжьэ
этн. выкуп, который отдается тем, кто преграждает путь гостям, едущим на свадьбу/ ХьэгъуэлIыгъуэ кIуэхэм фызышэм гушыIэ хэлъу къапэува нэужь гъуэгур хуит кърагъэщIыжын мурадкIэ ират пщIэ (дашхын щIыгъуу фадэбжьэ).Гъуэгубжьэ къеIыхын. Гъуэгубжьэ тын. -
13 дэгушыIэн
(догушыIэ) неперех. гл. 1. шутить с кем-л./ ГушыIэ хэлъу зыгуэрым епсэлъэн.* Абы { Хьэсет} жиIэр уи фIэщ пщIыуэ Iуэхум ухуемыжьэ, Болэт, ар ауэ къыбдэгушыIэу аращ. Къ. М. Джамиля.. тэрэзэтетым дэгушыIэурэ зыдэлажьэм и лэжьэгъум гу лъитэххэу хэпщIыкIыртэкъым. Iуащхь.2. переносное ухаживать за кем-л., любезничать с кем-л./ ЩIалэр хъыджэбзым е хъыджэбзыр щIалэм лъагъуныгъэкIэ пыщIауэ щытын.ЩIалэм къишар зыдэгушыIэу щыта хъыджэбзырщ. -
14 дизыкъуажэ
слово, которым кто-л. шутливо-иносказательно называет своего знакомого/ ЯцIыху гуэрым и цIэ ирамыIуэу ауан, гушыIэ хэлъу щытепсэлъыхькIэ, и цIэм и пIэкIэ къагъэсэбэп псалъэщ.Дизыкъуажэ къигъэзэжащ. -
15 джэгуншэу
нареч. серьёзно, кроме шуток, без шуток/ Джэгу, гушыIэ хэмылъу, и фIэщу.* Абы {хъыбарым} джэгуншэу Шырнэху игъэгузэващ. фольк. -
16 еущиен
(йоущие) неперех. гл. наставлять кого-л./ Зыгуэр гъэIущын.* Ар {ПащIэ Бэчмырзэ} гушыIэ хэлъу къыдэущиерт. Т. Хь. НэхъыщIэ ягъэIущ щхьэкIэ, нэхъыжь яущиерэ? (погов.) -
17 жьыныбэ
просторечие ребятня, пацаны/ Сабийхэм гушыIэ хэлъу хужаIэ.* А цIыкIухэм зэреджэр жьыныбэт, е "кIурушкэ цIыкIут". Iуащхь. -
18 зэдэгушыIэн
(зэдогушыIэ) перех. гл. 1. шутить между собой/ ГушыIэ псалъэ зэжеIэн.* {Болэт:} -Хъыджэбзрэ щIалэрэ щыхъукIэ икIи зэпсэлъылIэнщ, икIи зэдэгушыIэнщ. Къ. Хь. ЗэкъуэшитIыр егъэлеяуэ зэхуэгуапэт, зэхуэгумащIэт: зы махуэ зэрымылъагъумэ, зэхуэзэшырт, зэныбжьэгъуфIым хуэдэу зэдэгушыIэрт. Къ. М.2. переносное взаимно объясняться в любви/ Гухэлъ зэжеIэн, зэпылъын.* -Ди щIалэгъуэм щыгъуэ дызэдэгушыIэрт, ди гухэлъ зэжетIэрт, ауэ а хъыджэбзым и адэ ябгэм ди насыпыр зэпиудыгъащ, - игу къэкIыжащ лIыжьым. фольк. -
19 зэпрыдзын
(зэпредз) перех. гл. 1. перебросить, перекинуть что-л. через что-л. (напр. камень через реку)/ Дзыуэ зэпрыгъэхутыкIын, мыдрыщIым идзауэ адрыщIым дзын.ЩIалэ цIыкIум псым мывэ зэпредз.2. перебросить, перекинуть что-л. через что-л. (для перехода, переезда)/ Зэпрыууэ тешэн, телъхьэн.* Зы цIыхубз гуэри гум зэпрыдза пхъэбгъу упщIэ зытелъым тест. М. З. Шэджагъуэнэужьым бгыкъухэр зэпрадзу, унащхьэ тралъхьэу щIадзащ. У. А.3. переносное переставить кого-что-л. через что-л./ Зэпрыхын, зэпрышын.* КхъыIэ.. мы псым сызэпрывдзыж. Сов Къэб. ифольк.4. переносное переброситься ( словами)/ Зым жиIэм адрейм зыгуэр пыжиIэжурэ зэпсэлъэн.* Частым и разведчикхэр пщэдджыжьышхэ шхауэ, гушыIэ псалъэхэр зэпрадзыжурэ загъэпсэхурт. Iуащхь. Зи лъэрыгъ зэхуэзанщIэу кIуэ зауэлIхэм псалъэ гуэрхэр зэпрадзырт. Iуащхь. -
20 зыщхьэщыгъэкIын
(зыщхьэщегъэкI) перех. гл. 1. дать пройти, проехать кому-чему-л. над собой/ Зыгуэр уи щхьэмкIэ щхьэпрыгъэкIын.Сэлэтхэр окопэм дэгъуалъхьэри танкхэр зыщхьэщагъэкIащ.2. переносное дать кому-л. обойти, обогнать себя (напр. в учебе, в работе)/ Уи япэ игъэщын.3. переносное отделаться чем-л. от кого-л. (напр. обещанием)/ Зыхуейм и пIэкIэ зы мыхьэнэншэ гуэр хуэщIауэ зыпыгъэкIын.Пэщхъан а Iуэхури зы гушыIэ гуэркIэ зыщхьэщигъэкIащ. Iуащхь.4. переносное см. зыщхьэщыхын. ЕмыкIур зыщхьэщыгъэкIын.
Страницы