Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

гудзэ+дакъэ

  • 1 гудзэ

    1. спица (колеса)
    / Шэрхъым и гупхъэтIэкIумрэ гулъэгумрэ зэрызрагъэубыд пхъэ е гъущI Iэдийхэр.
    * ВэныжьзэпыупщIым щыкIуэцIрыжым, гудзэхэр хэщIыкIри шэрхъ лъэныкъуэр щIэхуащ. Къэб. Гу кIуэм гудзэ къыкIэреуд. (погов.)
    2. зубцы на валах водяной мельницы
    / Щхьэл мывэр зыгъэкIэрахъуэ шэрхъхэм хэукIа дзэ пIащIэ цIыкIухэр.
    КIарцей гудзэ.
    {И} гудзэм бжэгъу (баш) дэдзын вставлять палки в колеса.
    гудзэ дакъэ утолщенная часть спицы, обращённая к ступице
    / ГупхъэтIэкIумкIэ гъэза гудзащхьэ, гудзэм и нэхъ гъумыпIэ.
    ПхъащIэм гудзэ дакъэр къыхигъэкIащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гудзэ

  • 2 гупхъэтIэкIу

    ступица
    / Гу шэрхъым щыщу гудзэ дакъэхэр зыхаукIэ пхъэ къэгъэжыхьа хъурей.
    * {Андемыркъан} шы бгъуэщIым зредзэ, - и сагъындакъыр зэIудзагъэххэт, - я гупхъэтIэкIумрэ я гулъэмыжымрэ зэтреIулIэ. Къэб. п. и ант.
    гупхъэтIэкIу дакъэ утолщенная часть ступицы
    / ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ гъумыр.
    гупхъэтIэкIу пащIэ носовая (более тонкая) часть ступицы
    / ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ псыгъуэр.
    ГупхъэтIэкIу пащIэр зэгуэмычын папщIэ, уэрдыхъу фIалъхьэ.
    гупхъэтIэкIу уэрдыхъу металлическое кольцо, надеваемое на ступицу
    / ГупхъэтIэкIур зэгуэмычын папщIэ, абы щаукIэ уэрдыхъу.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гупхъэтIэкIу

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»