-
1 бжы
копьё/ Зэрыпыджэ пасэрей Iэщэхэм ящыщу зи пэм гъущI папцIэ фIэлъ пхъэ яе кIыхь.* Бжыр зыгъэдалъэр къэрабгъэщи, лIыгъэр щагуэшыр зэуапIэщ. П. Б. Лъэпщ яхуещI нартхэм джати, шабзи, мэIуи, бжыи. Нарт. ЩIихьауэ бгым къех иныжьым и бгъэм бжы папцIэр пэщIесэ. Къэб. п. и ант. -
2 бжы
ист. копьё -
3 бжын
(ебж) перех. гл. 1. считать кого-что-л./ Зыгуэрым и бжыгъэр къэхутэн.* Сыдоплъейри вагъуэр собж. Сов. Къэб. ифольк.2. считать, расценивать каким-л. образом/ Зыгуэрым хуэдэу къэлъытэн.* УемыкIуалIэм, си уащхъуэ, нартылIу узмыбжын. Къэб. п. и ант. Уи лэжьыгъэм къехь дамыгъэ, бжы дамыгъэр уэ къуатауэ. КI. А. -
4 епыджын
(йопыдж) неперех. гл. 1. боднуть кого-что-л./ Зыгуэрым бжькъуэкIэ жьэхэуэн.Жэмыр хьэм епыджащ.2. переносное пырнуть кого-что-л./ Зыгуэрым папцIэ гуэр хэIун.СэкIэ хъарбызым епыджын. КъамэмкIэ зыгуэрым епыджын.* Зы лъэныкъуэмкIэ щытхэм я шабзэ пагуэхэр адрей лъэныкъуэм тракIутащ, бжы пагуэхэмкIэ зы лъэныкъуэр къапэщыт бийм епыджащ, къикIуэтахэщ, ятеуащ. фольк.Жьым тесы псым епыдж см. жьы I.НэкIэ епыджын см. нэ. -
5 мэIу
устар. щит/ Бжы, сэшхуэ с. ху. пэщIадзу зэрызрахъумэу щыта гъущI пIащIэ хъурей е плIимэ, пшапэIудз.* Пщы-Марыкъуэ и токъумакъыр къызыкъуех, Батэрэз Iэрыхуэу мэIур ныпыIуедз. Нарт. -
6 папцIэ
остроносый, остроконечный/ Зи пэр, зи кIапэр псыгъуэ дыдэ.* ЩIихьауэ бгым къех иныжьым и бгъэм бжы папцIэр {Япэнэс} пэщIесэ. Къэб. п. и ант. -
7 пэщIэсэн
(пэщIесэ) перех. гл. поставить подпорку подо что-л./ Зыгуэрым пэщIэсэ хуэщIын; пэщIэгъэувэн.* Япэнэс щIихьауэ бгым къех иныжьым и бгъэм бжы папцIэр пэщIесэ. Нарт. -
8 хурдзэ
и кIым кIапсэ ищIауэ хы псэущхьэщхуэхэм зэрещакIуэ бжы лIэужьыгъуэ
гарпун